Сабиигъуэр уигу къэзыгъэкIыж зыгъэпсэхупIэр, «Аттракционхэм я паркыр», мы гъэм илъэс 70 зэрырикъум дыхурегъэплъэкIыж ар къызэрежьам, ди зэманым игъуэта зыужьыныгъэм.
Аттракционхэм я паркыр 1956 гъэм къызэIуахат, ауэ абы и лъабжьэр нэхъ куущ. Сабийхэм я нэгузегъэужьыпIэр хэтщ зи тхыдэр XIX лIэщIыгъуэм къыщежьэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм. 1920 гъэхэм щIыпIэр цIыху зыгъэпсэхупIэ хъуат, лъэс лъагъуэхэр щыпхышауэ, удз гъэгъа, жыг зэмылIэужьыгъуэхэр иту. Ауэрэ жыг хадэр Налшык и зыгъэпсэхупIэ нэхъыщхьэ хъуащ, и аттракционхэр унагъуэхэр здэкIуэну яфIэфI щIыпIэщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм километрищ и кIыхьагъщ, метр 700 хуэдиз и бгъуагъщ. Абы 2007 гъэм фIащащ мы щIыпIэхэр зыIэщIэлъа, хадэм жыг, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыхезыгъэса ХьэтIохъущокъуэпщым и цIэр.
Совет зэманым паркым и цIэр зыбжанэрэ яхъуэжащ - Коммунистическэ, Интернационал фIэщыгъэхэм къыщыщIэдзауэ Сталиным ейм щыщIэкIыжу. Мыхьэнэшхуэ зиIэ хъуащ жыг хадэм и Курорт, Къалэ Iыхьэхэм я зэпылъыпIэм деж 1955 - 1957 гъэхэм архитектор Мосулишвили Георгий и проекткIэ щаухуа ротондэр (пкъо зыщIэт, зи унащхьэр хъурей тIысыпIэр). Абы и Iэгъуэблагъэращ зыщиубгъуар унагъуэхэм я зыгъэпсэхупIэ хъуа аттракционхэм я къалэ цIыкIум. Илъэс 70-м къриубыдэу хъыринэ цIыкIухэр зыдэта нэгузегъэужьыпIэр унагъуэхэм я зыгъэпсэхупIэ нэс хъуащ.
Республикэм щыпсэу куэдым я дежкIэ ар зыщагъэпсэху щIыпIэ къудейкъым, дауи, атIэ я сабиигъуэм щыщ Iыхьэщ: хэт зымыщIэжыр фошыгъу бжьэхуцым и мэр, каруселхэм я макъамэр, «ЗыплъыхьыпIэ шэрхъым» ису лъагэу зиIэту къалэм ищхьэкIэ къыхэплъэу зэрыщытар?!
Иужьрей илъэсхэм паркым зыужьыныгъэфI игъуэтащ, и теплъэм зихъуэжащ. 2018 гъэм щIадза а лэжьыгъэшхуэм кърикIуам нобэ ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Абы щолажьэ аттракцион тIощIым хуэдиз, езы къалэ цIыкIур Долинск щы- Iэ Щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэмрэ я паркым и Iыхьэ нэхъыщхьэщ.
ЩIэуэ къыхагъэхьахэм ящыщщ зи бжэхэр зэхуэщIауэ щыт, метр 50 зи лъагагъ «ЗыплъыхьыпIэ хъурейр». Къалэм и уэрам нэхъыщхьэхэр плъагъуу ягъэува аттракционыр, шэч хэмылъу, Налшык и дамыгъэщIэ хъуащ. Хъыринэхэмрэ машинэ цIыкIу-хэр зыщIэт автодромхэмрэ къищынэмыщIа, сабийхэм я нэгу зезыгъэужь аттракционхэм яхэтщ кхъуафэжьейхэмрэ шар узыпхыплъхэмрэ (сабийр ису) зытет псыгуэнхэр (Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм я паркхэм дежкIэ щыгъуэтыгъуейщ), Iэпкълъэпкъым и псынщIагъымрэ шэрыуагъымрэ хуэгъэпса джэгукIэхэр щекIуэкI ухуэныгъэ, цIыху 24-рэ зэрыхуэ «Арго» хъыринэ абрагъуэр, нэгъуэщIхэри.
Къалэ унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыкIухэм. Абыхэм папщIэ аттракционхэр пщIэншэщ, я нэгу зэрызрагъэужьыну зэманри паубыдыркъым.
Нобэ паркыр зи гугъу тщIы аттракционхэм я закъуэкъым. Мыбдеж зэпымыууэ щокIуэкI концертхэр, къалэм и махуэшхуэхэр, ерыскъыхэмрэ IэщIагъэлIхэм я дерсхэмрэ щы- зэхэт жармыкIэхэр. Абы и илъэс 70-м и щIыхькIэ ягъэхьэзыр Iуэхугъуэхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ тхыдэм щыщ сурэтхэм, архивым хэлъ афишэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ зэрекIуэкIынур.
Налшык гъэм и сыт хуэдэ зэманми щыдахэщ и жыг хадэр. А щIыпIэр къалэдэсхэм фIыуэ щIалъагъур къыбгурыIуэнущ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм урикIуэрэ, зи гугъу тщIа «ЗыплъыхьыпIэ шэрхъым» уису лъагэу зыпIэтмэ: гъатхэм паркым и щхъуантIагъэ псори, бжьыхьэм - жыг дыщафэхэр зы плъэгъуэкIэ уи нэм къыIуидзэнущ.
Мы паркыр зэрыщыIэ илъэсхэм куэдрэ ар къагъэщIэрэщIэжащ, иужьрейуэ игъуэта теплъэм республикэм щыпсэухэм я мызакъуэу, хьэщIэхэри зыгъэпсэхуакIуэхэри етхьэкъу.
Тхыгъэри сурэтри
БАГЪЭТЫР Луизэ ейщ.