Сом мелард 20-м щIигъу

2029 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым турист Iуэхутхьэбзэу щалэжьам сом мелард 20,8-рэ къыпэкIуащ, налог ахъшэу бюджетым сом мелард 1,718-рэ ягъэкIуащ. Турист IэнатIэм цIыху мини 6-м нэблагъэ нобэ щолажьэ.

 Гъэм зэрыщIидзэрэ нобэр къыздэсым ди республикэм къэкIуащ туристу мелуан 1-рэ мин 581-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 1,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Абыхэм ящыщу процент 60-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуащ е зыщаплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. А пIалъэм къриубыдэу Налшык къалэр къыхэзыхахэм я бжыгъэми процент 41-кIэ къыхэхъуащ.

 НобэкIэ туризм IэнатIэм щылажьэ хьэщIэщхэм я бжыгъэр 650-м щIегъу икIи абыхэм псоми зэхэту гъуэлъыпIэу мин 23-м щIигъу яIэщ. Зы илъэсым къриубыдэу хэхъуэр проценти 7-м нэблэгъащ.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ сом мелуан 432,4-рэ къагъэсэбэпащ. АбыхэмкIэ яухуащ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж, бгъэIэпхъуэ хъу модульнэ хьэщIэщхэм хуэдэхэр. Налшык къалэ курортым и хьэщIэщхэм щIэтIысхьэхэм я бжыгъэр процент 80-м щIегъу. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым и мазибгъум къалащхьэм и санаторхэм зыщагъэпсэхуащ, зыщагъэхъужащ цIыху мин 33-м щIигъум.

 ЖЫЛЭХЬЭЖ Артур.

 

Поделиться:

Читать также: