ХъыбархэрГъавэу тонн мин 855-рэ Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2026 гъэм жэпуэгъуэм и I-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту кърахьэлIэжащ хьэцэпэцэрэ джэш лIэужьыгъуэу (нартыхури хэбжауэ) тонн мин 855-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти I03,5-кIэ нэхъыбэ. Бжыгъэхэр зэпэщхьэхуэу къэдгъэлъагъуэмэ, республикэм къыщрахьэлIэжа гъавэм щыщу фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ тонн мин 378,6-р, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм – тонн мин 2I4,8-р, унагъуэхэм – тонн мин 26I,6-р Iуахыжащ. Ди щIыналъэм щынэхъыщхьэ мэкъумэш къэкIыгъэр – нартыхур - щIэгъэхуэбжьауэ нобэ кърахьэлIэж. КъищынэмыщIауэ, мы гъэм и фокIадэм и кIэм ирихьэлIэу гъавэ жылапхъэу яIам и куэдагъыр тонн мин I79,2-рэ хъуащ е процент 35-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Нэгъабэрей бжыгъэхэм ефIэкIыу 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъымрэ ерыскъыхэкIымрэ елэжь и IэнатIэхэм псыхэкIыу декалитр мелуани 6,885-рэ ирагъэхъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 2,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Апхуэдэуи хэхъуэфIхэр къагъэлъэгъуащ нарзаныпс изыгъахъуэ IуэхущIапIэхэми. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм и апхуэдэ пIалъэм къриубыдэу ирагъэхъуам нэхърэ процент 22,8-кIэ нэхъыбэ яхузэфIэкIащ мы гъэм. КъищынэмыщIауэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум псыхэкIхэмкIэ республикэм и промышленнэ индексыр проценти 103,7-рэ хъуащ. Хэхъуи хэщIи щыIэщ 2026 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIащ сом мелард 63,7-м нэблагъэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 0,5-кIэ нэхъыбэ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм. ДжэдыкIэу кърахам проценти 3,6-кIэ хагъэхъуащ е мелуани 180,1-рэ хъуащ, гъэшыр проценти 3,2-кIэ нэхъыбэщ икIи тонн мин 422,9-м ар нызэрыхьэсащ. Апхуэдэу щыхъукIи, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу лырэ джэдкъазылу къалэжьам (псэууэ шэчауэ) процент 0,5-кIэ кIэрагъэхуащ е тонн мин 92,2-м нэблагъэ хъуащ. ЗЭКIУРЕЙ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




