«НЭФIЫЦIЭ»

Адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ КъардэнгъущI Зырамыку. Абы дунейм къытригъэхьэжахэм ящыщщ «НэфIыцIэ» уэрэдри. Абы и Iуэхур къызэрекIуэкIар КъардэнгъущIым къыщиIуэтэжауэ щытащ КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ иригъэкIуэкI «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным.

  «1945   гъэм,   Хэку   зауэшхуэр   иухыу   къэзгъэзэжа  нэужь,    си   ныбжьэгъу   щIалэ   си гъусэу   Налшык   дэт  шхапIэхэм ящыщ зым   сыщIыхьат, - щыжеIэ хъыбарым   Зырамыку. - Абы   щIэст   зы    пшынауэ   щIалэ.  ЛъэпкъкIэ ар татхэм   ящыщт, Навахов  Щамилт и цIэр. Мис  абдеж   япэ   дыдэу абы игъэзащIэу  «НэфIыцIэ»   уэрэдым   и   макъамэр   щызэхэсхащ.

1949   гъэм   унафэ   ящIащ    адыгэ   уэрэдыжьхэр   зэхуэхьэсыжын   хуейуэ.   ИкIи  а   гъэ  дыдэм  гъатхэпэм и  3-м   Къэбэрдейм   къуажэу итыр къызэхэткIухьын щIэддзащ. Джылахъстэнейм щедгъажьауэ дыкъекIуэкIыурэ  Куба дыкъэсауэ зи   ныбжьыр илъэс  17-м   ит   Дал   ФатIимэт   пшынэкIэ   дежьууэ   мы   уэрэдыр  дигъэтхауэ   щытащ.   Ар   радиом   щIэх-щIэхыурэ   къатын   щIадзащ   икIи   цIыху   куэд   къытхуишащ: «Мы   уэрэдыр   дэращ   зейр», -  жаIэурэ.  Ар икIи гурыIуэгъуэщ.  Зы   едзыгъуэ   зым    итхрэ  зыщIыпIэ   щыжиIамэ,   адрей къыкIэлъыкIуэр   зэман   гуэр   дэкIауэ   нэгъуэщIым   щиусыжи   щыIэт.   Апхуэдэущ   цIыхубэ    уэрэдхэр   зэраусу   щытар. 

1956 гъэм   уэрэджыIакIуэ   цIэрыIуэхэу    ШэджыхьэщIэ  Лолэрэ   Къудей   Фаризэтрэ   зэгъусэу   уэрэдыр  ягъэзащIэу   ирагъэтхри,    радиом   и  гъэтIылъыгъэм  халъхьащ.   А   зэманым   къыщыщIэдзауэ   нобэр   къыздэсым     ущIэмыупщIэ   ар  зыгъэзэщIа    уэрэджыIакIуэм   я    бжыгъэм!» 

Илъэс   72-рэ    зи   ныбжь   уэрэдыр   нобэми   щIэщыгъуэщ.    Ар   ягъэзащIэ   ЗэшэкIуу   Розэ, Тхьэгъэлэдж   Светланэ, нэгъуэщIхэми.

 

***

         Шыгъуэ цIыкIуми и щхьэр ещI(ы)рэ,

         Сэ хэт мыгъуэмэ зыхуэсщIыну.

         Си НэфIыцIэми сытокIуадэ мыгъуэ, уей.

 

         Лъагъуныгъэр мыдахагъэ,

         Лъагъуныгъэр мыIеягъэ,

         Си псэм IэфIурэ уилъэгъуащ иджы, уей.

 

Пшынэ макъыр гум сфIыхохьэ,

Псэм хыхьауэ лъагъуныгъэр

Уэ пхуэсщIатэкъэ, си НэфIыцIэ жи, уей.

 

Бэлътоку кIапэр хызодыкIыр,

Си нэпситI(ы)ри къысфIыщIэкIыурэ,

Си НэфIыцIэр спагъэкIащ иджы, уей.

 

Услъагъуну си нэр къокIыр,

Услъэгъуами си фэр покIыр.

СыптолIапэри, си НэфIыцIэ жи, уей.

 

СыкъыщIокIри мазэм соплъри,

СыщIохьэжри согъуэлъыжыр,

Семызэгъыурэ нэху согъэщ иджы, уей.

 

Си НэфIыцIэри яфIэдахэкъым,

ЩIалэ дахэри зыми ядэкъым,

Псэм фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ жи, уей.

 

Сыдоплъейри, вагъуэр собжыр,

ЩIалэу щыIэр зэпэзвгъэбжи,

Си НэфIыцIэри къыслъывгъэс мыгъуэ, уей.

Тхьэхущынэ Ланэ.

 

 

Поделиться: