Гъунэгъу гумащIэ

Iуэтэж

 «Шейхъаным» си закъуэ сыщIэтт щэбэтым, гущэхэпхэм и ныбжьэгъур здишэну къытезгъэхьэри,  Локъанхэ я пхъум сыIэщIэкIауэ. Пшапэм зэхэуэн щIидзакIэт. ЩIэх зэрыужэгъуну фэ зытемыт зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэт шхапIэм щIэсыжри, блы хъумэ, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ яжесIэн си мураду,  интернетым щызэблэзгъэж хъыбархэм я зым сыкъызэфIигъэуващ.

 «Сабий къалъхугъащIэр ягъуэтыжыркъым!» Псалъэхэр яхъуэжми, къикIыр зэтехуэу, Iэгъуэблагъэм хъыбарегъэщIапIэу итыр зытепсэлъыхьыр  си щыкъум я гущэхэпхэрт. НыбжьыщIитIым кърагъэщтар гъуэмылэу яIэщIэслъхьэжри, Локъанхэ щыпсэу къалэкIэмкIэ езгъэзыхащ.

Дыщэ дамэхэр пщIантIэми, хадэми, уэрамми щыпэкIурт. ДэнэкIэ укIуатэми, зэхэпхыр нысащIэм и гъы макърат. Ар къызыщIэIукI Локъанхэ я сэрей хужьыр къатитIу докIуей, хьэблэм дэт унэхэм я нэхъыбэм ещхьу, дагъыстэн чырбышкIэ къэщIыхьащ. Мыбыхэ ейм иджыри зи блынхэр абджыпс зэмыфэгъум къыхэщIыкIа пырхъуэ кIыхь гуащIыхьыжауэ апхуэдэщи, Данил и щхьэгъусэ  Лизэрэ нысащIэмрэ къатIысыхьауэ, къыщIэкIыжыну зыфIэпасэ цIыхубзхэр щыгуIэр абдежырщ.

Иужьрей илъэс щэщIыр депутату езыхьэкIа  Локъан Данил и щыпэлъагъу къуэрылъху щIалэм щыгуфIыкIакъым жыпIэмэ, гуэныхь къэпхьынт. Унэ кIуэцIым – нэхъыжьхэм, пщIантIэм – щIалэгъуалэм папщIэ щаузэда  Iэнэхэм нэмыщI, куэбжэ гупэм къит губгъуэ нэщIышхуэм сабий джэгупIэ лIэужьыгъуэу кърамышэлIа къэнэжатэкъым. Пэрыхьэ-пэрыкIыу щышхэфын хуэдэу, цIыкIухэм Iэнэ  хъурей  зэмыфэгъу  гуп щыхуагъэуват абдежым, темылъ щымыIэрэ шэIумыл зракIута гъэщтылъэхэри яхэгуэшауэ. Ди ныбэ из мэхъу щыжаIэм, шэрыб зэмыфэгъухэр зыкIэрыщIа жьыхулъатэ къащхьэщыхьэри, джэгуалъэ гъэщIэгъуэн гуп къыхуракIутэхащ. Мо цIырушыру гупыр къыщылъэтауэ, щхьэж  къыхуэубыдыр къиубыдыну щыхэта а дакъикъэрауэ къыпщыхъурт дунейм и IэфIыр, апхуэдизкIэ гур хигъахъуэрт я зэрыгъэкIий макъми. Сэ ахэр щыслъэгъуар интернетым къралъхьа видео кIэщIхэрщ. Ахэрат шхапIэм щызэблэзгъэжыр, мы иужьрейр къыкIэлъыкIуэн ипэ. Иджы езы гъащIэри зи къэуэгъуэр къэмыса шэрыб гъэпщауэ къыпфIощI, и IэфIми и дахэми дзыхь хуэпщI мыхъуну. ШхэнкIи джэгункIи зызыгъэнщIа цIыкIухэм  я анэхэр къалъыхъуэ. Махуэ псом пщIантIэ кIуэцIым лъагэу щаIэта теувапIэм щызэблэкIа уэрэджыIакIуэхэми,  къэфакIуэхэми, гушыIэрейхэми лъэныкъуэ зрагъэз. ЦIыхубз уэршэрым къафIыхэкIауэ, нысащIэр и лэгъунэм щогурым. Дохутырхэр щIыхьэу солъагъу, зыгъэсабырын гуэр халъхьэну къыщIэкIынщ.

 Щыкъум сыкъэкIуэн си жагъуэщ. УхьэщIэнущи, - умалъхъэщ. Умалъхъэнущи, - ухэгъэрейкъым. Пхъур и закъуэ кIуэжми, узэмызэгъ нэхъей, пудыфэ къытоуэ. Сабийхэр къызэрыдэкIуэтейрэ, щыкъум кIэлъыкIуэн бэлыхьыр нэхъ мащIэ хъуат си дежкIэ, итIани, мис, иджыпсту дауэт сыкъызэрыдэмыхьэнур? 

 Зи цIэ ятхахэр къыдэкIыжым, хэт лъэсу, хэти машинэкIэ  ежьэжурэ, пщIантIэр нэщI хъуащ. КIуэжынуи хуейуэ, Сабринэ пэмыплъэнри фIэемыкIуу, Камилэ зрилъэфыхьырт. Абы зэхихам тепщIыхьмэ, сабий Iурихар къыщIинэри, нысащIэр Iуэху ищIэну и лъабжьэм къехати, абдежырщ щытеплъэкъукIар. 

 Камилэ нэзгъэсыжу къэзгъэзэжа нэужь,  лIы уэршэрхэм сахыхьащ. УкъэзыгъэуIэбжьрати, ирахьэжьа цIыкIум зыгуэр къыщыщIынкIэ зыри  гузавэртэкъым. Гуэщым щагъэува Iэнэхэм я зым езы Данил бгъэдэст, телефонкIэ унафэ зэбгритыкIыу. Гужьеяуи шынауи фэ теттэкъым Хъалид цIыкIу и адэшхуэм, ауэ, пэжыр жысIэмэ, и фэр щынэхъыфIи слъэгъуат.

 Зи адэ-анэр иджыри зыщхьэщыт лIы лъэрызехьэм и IэмыщIэ илът хъуреягъыр. И къуэрылъхур  щIрахьэжьари, тобэ ирехъу, абы кърагъэщэхужын папщIэт. УиIэр нэм щIэпIункIэ щызумыгъэнщIкIэ, еуэ, пхузэфIэкIым дегъэплъ, жыхуаIэу.

 Нэху щыху угупсысэу ущысми, уи щхьэм къихьэнкIи хъунур хэкIыпIитIым язт: е сабийр къызэрыращэжыну уасэр зыхуэдизыр къыжраIэху поплъэ, е езыр-езыру, хабзэхъумэхэр я гъусэу, къагъуэтыжыну хуожьэ. ЗэкIэ зыри къатхатэкъым, лIыкIуи къагъэкIуатэкъым, бзэгузехьи къыкIэщIаутIыпщхьатэкъым. Полицэм я хьэ гъэсам сабийм и лъэужьыр иришажьэ хуэдэу, етIуанэ къатым къехри, пщэфIапIэм игъэзэжащ. «Мэр фIэкIуэдащ», - жаIэ. Сэ гъунапкъэхъумэхэм сахэтащ армэм сыщыщыIэм, хьэ гъэса къыздесшэкIыу. Зыгуэр щыщыIэщ а хьэм и хуэмыхукIэм. Мэр зыфIэкIуэдам апхуэдэукъым зэрызищIыр. Лъэужьым унэм къигъэзэжамэ-щэ? Си Iуэху хэлъкъым. Гущэхэпхэм сыкъызэрымыкIуар къысхуэгъуарэ къысхуэмыгъуарэ зэхэкIмэ, деплъынщ. ЗыбгъэгубзыгъэкIи, сыт, нанур умыгъуэтыжмэ? 

Хъунщ, жейуэ е бжьэф жьэдэлъу пщIантIэм дахащ. АдэкIэ сыт иращIэнур? Сабий цIынэр пхъуантэкъым, машинэкъым, шыкъым, дыщэхэкIкъым, зэман кIуэм мыхьэнэ имыIэу. Псэ Iутщ! Ар гъэшхэн, гъэкъэбзэн, гъэбэуэн,  и макъыр гъэпщкIун хуейщ. Ахъшэшхуэ ирату, пцIы тIэкIуи яупсу, нану къалъхугъащIэ зиIэ гуэрым IэщIалъхьауэ пщIыми, мазэ иримыкъуа щIалэ цIынэр зейм къыхуэмыцIыхужынри хэлъщ, тхьэмахуитI хуэдиз дэкIмэ. Бын зимыIэ гуэрым иращэмэ-щэ? 

 ЗгъэщIагъуэри? Къэмыхъупхъэ къыщыхъуам деж, ар зыщIар хэтми, нэхъыбэм ящIэ. Зыри пхуэбзыщIынукъым жысIэнкъым, ауэ лей зезыхьэ псоми абыкIэ загъэщIэгъуэну, «мыр уэтщIэфащ» жаIэну  хуейуэ аращи, дэгъуэщ, укъыстекIуащ, схуэфащэр къызэпщIащ жепIэмэ, зэфIэкIа си гугъэщ сэ. Данил къыхуэплъ и гур игъэтIысын папщIэ, абы и къуэрылъхур езыхьэжьами, сыт а псэущхьэ къиин цIыкIур зэрищIынур? Ахъшэм нэхърэ нэхъ пфIэIэфI щымыIэу къащти, тIэкIу уасэшхуэIуэщ абы щхьэкIэ хамэ нану зеплъэфэныр.  Мыр зыщIар е хыхьэпIи хэкIыпIи зыщIэ бзаджэжь гуэрщ, игъэпщылIын и куэду, е делэ дыдэщ.

 Зыхуагъэфащэм цIэ иIэу къыщIэкIащ. Данил игъащIэ лъандэм гъэсыныпхъэхэр зезыгъакIуэ IуэхущIапIэщ щылажьэр.  Фо зезыхьэ псоми ещхьу, и Iэпэм ебзеин и хьэлти, апхуэдиз IэфI уэзэгъынкъым къыжрамыIэу хъуакъым зызэман. Щахэмызагъэм, и экономист щIалэр яIуридзэщ, езым зыкъыхигъэкъэбзыкIыжри, судым къыIэщIэкIауэ щытащ. ЩIалэр къихишыну къигъэгугъэщ,  псори зытрыригъалъхьэри, игъэпэжакъым. ЦIыху ныбжьым и нэхъыфIыр, насып къэкIуэгъуэр, илъэс тIощIрэ тху-щэщIхэр хьэпсым щрихьэкIащ экономистым. Къазым псы кIэрыпщIэрэ? Нобэхэми и хьэмтетыгъуэщ Локъаным, илъэс хыщIрэ щы къудейщ зэрыхъуар. Ауэ мазэ зыбжанэ ипэкIэ, щIалэр къаутIыпщыжа хуэдэу си тхьэкIумэм къицырхъа си гугъэжщ. Иджыпсту, мы гузэвэгъуэм и пащхьэм, псори щыму щыс щхьэкIэ, зэгупсысыр арамэ, згъэщIэгъуэнтэкъым.  

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

Читать также: