НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 19, махуэку

Гъуэгухэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ

ЦIыхухъухэм я дунейпсо махуэщ

 Урысей Федерацэм и Ракетэдзэхэмрэ артиллериемрэ я махуэщ

1941 гъэм Налшык къалэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и комитетым Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ.

1942 гъэм советыдзэхэр Сталинград деж щебгъэрыкIуэу хуежьащ, къалэр хуит къэщIыжыным хуэунэтIа зауэшхуэм щIидзащ. Ар екIуэкIащ 1943 гъэм мазаем и 2 пщIондэ.

1985 гъэм къалъхуащ дуней псом Iэпщэрыбанэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ и чемпион ХьэкIырэ Атмир.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.  Хуабэр    махуэм градуси 8 - 10, жэщым   градуси 4 - 7 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ПцIы IэфI нэхърэ пэж дыдж.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ