Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

   Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр  зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр  хэлъхьэным  теухуауэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж  Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэм   2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ  зэхъуэкIыныгъэхэр  хэлъхьэн:

а) Комиссэм хэгъэхьэн  Васильченкэ Д. А.- Урысей Федерацэм и  Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету);

б) Комиссэм хэгъэкIын Мэкъуауэ Т. Э.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2024 гъэм гъатхэпэм и 15-м

№ 13-УГ

                      

 

              

           

            

 

Поделиться: