Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм
ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР
Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Илъэси 160-рэ ипэкIэ нобэ хуэдэ махуэм иухуауэ щытащ Кавказ зауэр. А лъэхъэнэм утыкум ита къэрал лъэщхэм я зэхуаку дэлъа геополитикэ зэпэщIэтыныгъэм кърикIуа зауэм адыгэ лъэпкъым хэщIыныгъэ инхэр къыхуихьащ.
Ди щхьэр яхудогъэщхъ а гущIэгъуншэ лъыгъажэшхуэм зи гъащIэр къызэпиудахэм я фэеплъым. Я гум щыщIэ бэлыхьхэр ядыдогуэш а зауэм и зэранкIэ зи адэжь щIыналъэр къайхьэлъэкIыу зыбгынэн хуей хъуахэм. АтIэми, гугъуехьрэ гуауэ куэдрэ зышэча адыгэ лъэпкъыр къызэфIэщIакъым. Ар я фIыгъэщ лъэпкъым хэлъа псэбыдагъым, лIыгъэм, зэпIэзэрытыныгъэм, жыжьаплъэу зэрыщытым. Апхуэдиз бэлыхьым къела лъэпкъым лъэкIащ и анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, тхыдэр, адэжь Хэкур ихъумэну. А псори къыдгуроIуэ икIи дахуэарэзыщ а фIыгъуэхэр къэкIуэну щIэблэхэм я деж къэзыхьэса, дяпэ ита ди нэхъыжьыфIхэм.
Нобэ адыгэхэм сакъыу яхъумэ а щIэин лъапIэр. Лъэпкъыбэу зэхэт Урысей Федерацэм и зы унагъуэу щыту, адыгэхэр ехъулIэныгъэкIэ хуолажьэ я къэкIуэнур егъэфIэкIуэным, ди къэралышхуэм и шынагъуэншагъэр, щхьэхуитыныгъэр, лъэщагъыр нэхъри гъэбыдэным.
Си фIэщ мэхъу: Хэкур зэкъуэтынымрэ абы хуэпэжынымрэ епха, лIэщIыгъуэкIэрэ къыддекIуэкI хабзэхэм дытету, дэ къызэднэкIыфынущ лъэхъэнэм къытпигъэтIылъ гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ, фIыуэ тлъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ я ехъулIэныгъэр, зыузэщIыныгъэр ди плъапIэу.
Узыншагъэ быдэ, фIыгъуэ куэд фиIэну, фIы псори къывэхъулIэну си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псоми.