Вагъуэ ужьыхыжым и нэху

Мэзкуу къалэмрэ абы  дэт Политехникэ институ­тымрэ я жэрдэмкIэ «Медиастарт» зыфIаща, журналист ныбжьыщIэхэм я зэ­хьэзэхуэ екIуэ­кIащ иджы­благъэ. Щауэжь Тыргъэтауэ а зэпеуэм папщIэ игъэ­хьэ­зыра «Вагъуэ ужьыхыжым и нэху» лэжьыгъэр кIэух зэхьэзэхуэм нэса 700-м пхыкIри, ехъулIэныгъэр къы­­хуагъэфэщащ. Ар теу­хуат убыххэм я тхыдэмрэ я щэнхабзэмрэ. 

«Сэ Хэку цIыкIуу къэс­лъытэр си адэжь убыххэм тхы­дэкIэ яIыгъа щIыналъэрщ, - дыкъыщоджэ Тыргъэтауэ и лэжьыгъэм. - Ахэр хунэсакъым уэрэдхэр зыху­зэхалъхьэ, фильмхэр щыт­рах, тхыгъэ удэзыхьэххэр къы­­щагъэщI къалэ щIэращIэхэр яухуэну. А лъэпкъым къыдекIуэкIа псэуныгъэм и нэщэнэхэм ящыщуи зыри дунейм къытенэжакъым. Те­кIуэ­ныгъэр зыIэрыхьа цивилизацэщIэр къиуващ абыхэм я лъапсэжьым и гущIыIу. Сэ къысхуэнэращи, нобэ зыри зэ­рымыпсэлъэж пасэрей бзэм и макъхэм сыщIодэIу, нэм IэщIэкI къа­фэхэм я лантIагъыр зыхэсщIэну сы­хэтщ, хуэмурэ ужьыхыж вагъуэм и нэхум си нэм къызэриубыдкIэ сыкIэлъоплъ». 
«Хэкур зыфIэкIуэдым псори фIокIуэд», - а абхъаз псалъэжьыр зи лэжьыгъэм псалъащхьэ хуэзыщIа пщащэм  и Хэкужьым лъагъуныгъэу ­хуиIэр нэхъ гуащIэж ещI езыр Мэз­куу зэрыщыпсэум. Убых­хэм я гъусэу, Тыргъэтауэ къе­да­Iуэхэм къагуригъэIуащ адыгэхэр зищIысыр, зэ­ры­щы­мы­гугъауи, къэпщытакIуэхэм хъыджэбзым и лэжьыгъэм хуэфэщэн увыпIэ иратащ, куэд арэзы къэзымыщI тхы­дэм и куупIэм зэрыхэIэбам хуэ­дэу. Дыкъевгъаджэт Тыргъэтауэ жюрим и пащхьэ ­щигъэIуа псалъэхэм: 
«Адыгэхэр Кавказ Ищхъэрэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъыр зэрызэ­джэж лъэпкъыцIэщ, дунейм ар къызэрыщацIыхур «шэрджэс» фIэ­щыгъэмкIэщ. Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ Тэрч псыежэхым щегъэжьауэ хы ФIыцIэ Iуфэм Iут Iузэв деж нэс, Абхъазым щегъэжьауэ Темэн нэс зы­щаубгъуауэ щытащ абыхэм я Хэкум. Зызэман Кавказ Ищхъэрэм нэхъ ин дыдэу иса лъэпкъым щыщу нобэ и ­лъапсэжьым исы­жыр проценти 10 ­къудейрщ. Илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэ­кIа Урыс-Кавказ зауэм иужь­кIэ, адыгэ-шэрджэсхэр Уэс­мэн империем ирахуауэ щытащ. Ар къыщыхъуар XIX лIэ­щIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ. Нобэ адыгэхэр щопсэу Къэ­рэшей-Шэр­джэсым, Ставрополь, Краснодар край­хэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ады­­гейм, хы ФIыцIэм и Iуфэм. Лъэпкъым и нэхъыбэр Тыркум, Израилым, Мы­сы­рым, Сирием, Иорда­нием щыIэщ». 
Сурэтхэр, картэхэр, убых тхыдэжьым нэху трезыгъадзэ фэеплъхэр дыщIигъуащ Тыргъэтауэ и лэжьыгъэм. Пщащэм и гугъу имыщIу къэнакъым иужьрейуэ убыхыбзэм ирипсэлъа Есэнч Тэуфикъи. «И бзэм иужьрейуэ ирипсэлъа убых» псалъащхьэм щIэту, Тыргъэтауэ етх: «Есэнч Тэуфикъ Тыркум и къухьэпIэ ищхъэрэм щыIэ Маньяс къалэм 1904 гъэм дунейм къы­щы­техьат, Зейшуэ лъэпкъым щыщт. Ататюрк Мустэфа Кемал и зэманым унагъуэм Есэнч фIащауэ щытащ. ИтIани, Тэуфикъ хузэфIэкIащ убы­хыбзэм теухуауэ дуней псом щIэны-гъэ гъэщIэгъуэн ялъигъэIэсыну. Зи акъылыр зэгущ, куэд зыщIэж Есэнч убыхыбзэр яригъэцIыхуа къу­дей-къым. АтIэ лъэпкъым и IуэрыIуатэми зэрахьэу щы­та хабзэхэми я гугъу ищIыжащ». 
Апхуэдэ щIэблэ щыдиIэкIэ дыщIэгузэвэн щыIэкъым, - жаIэ хабзэщ нэхъыжьхэм ныбжьыщIэ зэчиифIэ щалъагъукIэ. Езым тхыдэм зэрыхи­щIыкIым нэмыщI, и лъэпкъыр хамэм къаригъэцIыхуфын хуэ­­­дэу щIэныгъэрэ нэмысрэ зы­­хурикъуа пщащэм къэкIуэну дахэ зэриIэнум шэч къытетхьэркъым, и ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэж хъуну дохъуэхъу. 

ЧЭРИМ  Марианнэ. 

Поделиться:

Читать также: