Тыркум и Истамбыл къалэм и «Бешикташ» спорт клубыр къызэзыгъэпэща убых щIалэ Шаплъы Уэс-мэн (мыбдежым адыгэ тхыкIэм, жыIэкIэм къыдогъэтIасэ щIалэм и цIэ-унэцIэр, щыуагъэ хэлъынкIи зыхуэIуа щыIэкъым) и гъащIэмрэ и дунеймрэ гъэщIэгъуэну екIуэкIащ.
Шаплъы Уэсмэн тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iуса убых къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ 1844 гъэм. Абы и адэшхуэр зауэлIт, дзэзешэт, лIы хахуэт, Урысейм и пащтыхьыдзэм ерууэ япэщIэтахэм яхэтащ. И адэ Хьэсэн 1860 гъэм, зэрыпхъуакIуэхэм езауэу, хэкIуэдащ.
Уэсмэн и ныбжьыр илъэс 13 фIэкIа хъуртэкъым пщы Бэрзэдж Хьэжы и шуудзэм хэту япэу зауэм щыIухьам. И ныбжь емылъытауэ щIа-лэр щхьэпэлъагэт, сэшхуэр IэкIуэлъакIуэу игъабзэрт, нэщанэ еуэнымкIи Iэзэт.
1864 гъэм иуха лъапсэрых зауэм гуауэшхуэ къахуихьащ адыгэ лъэпкъым, убыххэри яхэту: куэдым щалъхуа щIыпIэхэр залымыгъэкIэ ябгынэн хуей хъуащ. А илъэсхэм, япэщIыкIэ, Уэсмэн Дагъыстаным Iэпхъуащ, иужькIэ Тыркум кIуащ, и ныбжьыр илъэс 20-м иту.
МетритIым нэблагъэ зи лъагагъ щIалэ зэкIужым гу къылъимытэу къэнакъым Абдул-Азиз, иужькIэ Тыркум и сулътIан хъуам. Истамбыл щрагъэкIуэкI шыгъажэхэм щытекIуэрт, нэщанэ еуэнымкIэ зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр щIэмычэу къыщихьырт Уэсмэн. Арати, Шэрджэс гвардейскэ полкым сержант нэхъыжьу ар хигъэхьащ. Ауэ абы и зэфIэкIхэр, зауэм ар зэрыхуэIэзэр зылъагъу Абдул-Азизым убых щIалэр нэхъ гъунэгъуж зыхуищIащ.
1866 гъэм Шаплъыр лейтенант ящIащ, зы илъэс дэкIри - капитан хъуащ. Абы къыдэкIуэу, сулътIаным и полкым и хеящIэу ягъэуващ. 1867 гъэм, и ныбжьыр илъэс 23-рэ хъууэ, Уэсмэн адыгэ пщащэ, ХьэIишэт и цIэу, щхьэгъусэ къыхуэхъуащ икIи абы зы щIалэ дигъуэтащ.
Абдул-Азиз сулътIан хъуа нэужь, илъэситI нэхъ дэмыкIыу, Шаплъы Уэсмэн Ташкышла зауэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэу игъэуващ. 1877 - 1878 гъэхэм Шаплъым и къарури, и зэфIэкIри нэсу къыщигъэлъэгъуащ Урыс - Тырку зауэм, тIэу уIэгъэ абы щыхъуащ икIи, зауэм икIэхэм, и ныбжьыр илъэс 34-м иту, дзэ зауэ бригадэм и генерал дамыгъэр къыхуагъэфэщащ.
1887 гъэм къулыкъу нэхъ лъагэж къратащ Шаплъым: Тыркум Аравие хытIыгуныкъуэм щиIэ дзэм и унафэ-щIу ягъэуващ, генерал-майор цIэри къыхуагъэфэщащ. Абы щыIэу убых щIалэм IупэфIэгъу къыхуэхъуащ Щамил Iимамым и къуэ Гъази-Мухьэмэд икIи куэд дэмыкIыу, 1888 гъэм, абы ипхъу Нафисэт щхьэгъусэу къишащ. Абыхэм бынипщI зэдагъуэтащ, «Бешикташ» футбол командэр къызэзыгъэпэща Мэхьмэт-Щамилыр яхэту.
Зауэ нэужьым Шаплъы Уэсмэн Истамбыл и «Бешикташ» (Мывэ гущэ) жэмыхьэтым унэшхуэ къыщищэхури, абы дэтIысхьэжащ. А щIыпIэм адыгэ щIалэгъуалэр щыкуэдт, ахэр зэхуэсу, я гурылъ-гурыщIэхэмкIэ зэхъуажэу щIадзащ. ИкIи, хъыбар зэрыщыIэмкIэ, мис апхуэдэ зы зэхуэс гуэрым, Уэсмэн и унэм щIэсхэу, япэ дыдэу адыгэ щIалэхэм мурад ящIащ, нобэ дунейр зыкъутэ «Бешикташ» спорт клубыр къызэрагъэпэщыну. ЯпэщIыкIэ абы къыщIидзащ гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, атлетикэ хьэлъэмкIэ, бэнэкIэмкIэ, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэмкIи «Бешикташ берычэт» фIэщыгъэр зезыхьэ клубу. Футболыр къыщыхыхьар иужькIэщ.
Шаплъы Уэсмэн дунейм ехыжащ 1912 гъэм, и ныбжьыр илъэс 68-м иту, Истамбыл и унэ щыIэжу. Ауэ, и псэр хэмыкI щIыкIэ, и щIалэ Мэхьмэт-Щамил уэсят къыхуищIыжащ: «КавказымкIэ фи щхьэр евгъэзэкIыж!». И гъащIэм и Iыхьэ нэхъыбэр Тыркумрэ Аравиемрэ щызыхьа езы Уэсмэн дунейм тетыху и гумрэ и псэмрэ щыIащ тенджыз ФIыцIэм къыIуса убых къуажэ цIыкIумрэ и Хэкумрэ.
Адэм и лэжьыгъэм пищэу 1903 гъэм Мэхьмэт-Щамил Шаплъым «Бешикташ» футбол клубыр къызэригъэпэщащ икIи абы и япэ унафэ-щIу щытащ.
Фыщыдгъэгъуэзэнщи, «Бешикташ» топджэгу командэр Тыркум и чемпион 16-рэ хъуащ. «Галатасарай»-мрэ «Фенербахче»-мрэ ядэщIыгъуу футболымкIэ а къэралым щынэхъ лъэщхэм яхэтщ. Зэи къэмыхъуауэ, «Бешикташ»-м и топджэгухэм фIэкIа хэмыту Тыркум и командэ къыхэхар зэхагъэувауэ щытащ зы илъэс гуэрым. ИкIи а къэралым футболымкIэ и дивизион ищхьэм и чемпионатыр зэрырагъажьэрэ, 1959 гъэм къыщыщIэдзауэ, «Бешикташ»-р абы зэи къыхэкIакъым.
Нобэрей ди тхыгъэм щыуагъэ гуэрхэри къыхэкIынкIэ хъунущ, абы и тхыдэм теухуауэ щыIэ хъыбархэм зэтемыхуэ гуэрхэр зэрыхэтым щхьэкIэ, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр, шэч къызытумыхьэжыныр Тыркум и «Бешикташ» спорт клубым и лъабжьэр зыгъэтIылъар убых щIалэ Шаплъы Уэсмэнрэ абы и къуэ Мэхьмэт-Щамилрэ арауэ зэрыщытырщ. Мы Iуэхум нэхъыфIу щыгъуазэ щыIэмэ, ди тхыгъэм фыкъыпэджэжмэ, ди гуапэ хъунущ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.