Лъахэхутэ зэпеуэ![]() КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ. ЛъахэхутэмкIэ зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къалмыкъ Республикэм, Белгород областым, нэгъуэщI щIыналъэхэм я къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэр. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат ЩIэныгъэхэмкIэ «Интеллект будущего» Урысейпсо академием, абы КъБР-м щиIэ къудамэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм, Урыс географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм. Лъахэхутэм, этнографием, гъуазджэм, математикэм, культурологием, хуитыныгъэм, медицинэм, биологием, экологием, гъуазджэм ятеухуа лэжьыгъэ купщIафIэхэр утыку къизыхьа ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ махуэ зыбжанэкIэ. А махуэхэм къриубыдэу еджакIуи 123-м я лъахэм ехьэлIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ. Абыхэм хэплъащ КъБР-м и щIэныгъэлIхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. ЗэIущIэм щытекIуахэр щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэлъэпIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, мы зэIущIэр 8-нэу зэхашэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкIыну яубзыхуа Iуэхугъуэщ. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
05.01.2026 - 15:03 →
Пщащэм и щэныр фащэм къыхощ
03.01.2026 - 10:48 →
КIэрэфхэ я щIалэ жан
31.12.2025 - 11:03 →
Саугъэт нэхъыщхьэр зи Iэрылъхьэ
26.12.2025 - 17:35 →
ЩIэи гъуни зимыIэ уахэм
09.12.2025 - 17:00 →
ЕтIанэгъэ зэлэжьыну гъуэгухэр
| ||





