Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэнукъым фIагъ лъагэ зимыIэ гъэшхэкIхэмрэ псыхэкIхэмрэ. «Дамыгъэ пэж» системэм и фIыгъэкIэ, розницэ сату щIыпIэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу къаIэрохьэ ящэ ерыскъыхэкIхэм ятеухуауэ щыIэ хъыбархэр икIи абыхэм ехьэлIауэ дагъуэ гуэрхэр къыщIагъэщу щытмэ, псалъэм папщIэ, и пIалъэр икIамэ, кассэм абы и чекыр пхриудынукъым. Ар зэрыщытыр мыращ: къащэхуну кассэм къыIуахьа ерыскъыхэкIым кассэм хэт программэм сурэт трехри, абы ит хъыбархэм къоджэ, абы теухуа унафэ адэкIэ къещтэ – ар пхигъэкIынрэ-пхимыгъэкIынрэ. ЗыгуэркIэ, зы секундрэ ныкъуэм къриубыдэу кассэм и программэм хъыбар къыIэрымыхьэмэ, тыкуэным щIэт лэжьакIуэхэм ерыскъыр зыхуэдэр езыхэм абдежым къыщапщытэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, жьы хъуа, зи пIалъэр икIа ерыскъыр щэхуакIуэм деж нагъэсыркъым е зы номеркIэ лIэужьыгъуитI пхагъэкIыркъым.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|