КIэрыхубжьэрыхур уафэм нэсащ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. Иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, дунейм нэхъ лъагэу дыдэу тет Iуащхьэм кIэрыхубжьэрыху тонн бжыгъэхэр телъщ, цIыхум ар къихьэхун зэрыщIидзэрэ зэтригъэхьауэ.

Метр 8848-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм удэкIыным нэхъ гъэунэхупIэ хьэлъэ щымыIэу жаIэ. Арами, зи лъэкIыныгъэр къэзыпщытэну хуейхэм я бжыгъэр хэхъуэ мыхъумэ, кIэрыхуркъым. ГурыIуэгъуэщ апхуэдиз цIыхум Iуащхьэм кIэрыхубжьэрыху къызэрытранэри. Ауэ иужьрей зэманым ар яхуIумыхыжу апхуэдизкIэ куэд зэтрихьащи, Эверест дунейм нэхъ куэншыб идзыпIэ ин дыдэ хъункIэ мэшынэ экологхэр.

Непалым щыIэ Сагамартхэ лъэпкъ паркым хеубыдэ Эверест. А щIыпIэм щыпсэур цIыху мини 7 къудей хъууэ аращ, ауэ илъэс къэс турист мин 60-м щIигъу къокIуалIэ, гъуэгугъэлъагъуэ мин бжыгъэхэр ящIыгъуу. Пэжщ, абыхэм я фIыгъэкIэ Непалым доллар мелуан бжыгъэхэр къыхохъуэ, и экономикэм зрагъэузэщI, ауэ абыхэм я фIей куэд Iуащхьэм къытонэ!

КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, туристхэм Iуащхьэм илъэс къэс кIэрыхубжьэрыху тонн 900-1000 къыщанэ, абы и нэхъыбапIэр зэи щIым хэмыкIуэдэжу къытенэну. Непалыдзэм къызэритымкIэ, 2022 гъэм Iуащхьэм кърахьэхыжащ кIэрыхубжьэрыху тонн 34-рэ, 2021 гъэм – тонн 27,6-рэ. Арами, иужьрей илъэс 60-м къриубыдэу щызэтрихьауэ, нобэкIэ къытенауэ телъщ тонн 50-75 хуэдиз.

NeverRest Iуэхур къызэзыгъэпэща, абы и унафэщI Кауфманн Фредерик зэрыжиIэмкIэ, еплIанэ икIи иужь дыдэ къэувыIэпIэм нэхъ щIыпIэ фIей иIэкъым Эверест. Абдеж щыщIэдзауэ альпинистхэр Iуащхьэм лъэсу дэкIыу аращ. ИкIи а щIыпIэм щызэтрихьауэ телъ кIэрыхубжьэрыхухэр къепшэхынкIэ зы Iэмали щыIэкъым.

«ЕплIанэ къэувыIэпIэр метр 7900 лъагапIэм тетщ, «ажалым и лъахэ» жыхуаIэ щIыпIэм. Альпинистхэр абдеж сыхьэт зыщыплIкIэ къыщызэтеувыIэми аращ. АдэкIэ Iуащхьэм дэкIыну гъуэгу тоувэ. КъыщехыжкIэ, гугъу ехьа, еша альпинистхэм я хьэпшыпхэр Iуащхьэм къытранэ, къахуехьэхыжынукъыми. Иджыблагъэ шерпэ Тензи гъуэгугъэлъагъуэр Эверест щыдэкIым видео трихат. Абы къощ «ажалым и лъахэм» нэхъ фIей Iуащхьэм щIыпIэ зэримыIэр», - жеIэ Кауфманн.

Езы Тензи итхыжащ мыпхуэдэу: «Шэтыр, баллон нэщI, гъущI фалъэ, бжьэмышх, нэгъуэщI хьэпшып бжыгъэншэхэр щызэтелъщ абдеж, узрамыгъакIуэу».

Нэхъ гузэвэгъуэжу иджыри зы Iуэхугъуэ… Гъутхьэпсымрэ щIыбым икIымрэ апхуэдизкIэ куэдщи, литр 240000-рэ илъэс къэс Кхумбу щIымылым толъадэри, гъатхэ къэс ар щыткIужкIэ бгым къежэх псым хэту къохыж! А псыр Iэхэлъахэм ит жыгхэмрэ гъавэмрэ щIолъадэ, хьэкIэкхъуэкIэхэм ираф, уз зэрыцIалэ зэхуэмыдэхэр къагъэхъей. Ар апхуэдизкIэ ныкъусаныгъэ хьэлъэу къалъытати, хабзэщIэ къыдэкIащ альпинистхэм къадеха фIей нэгъунэ къэп цIыкIукIэ къыздрахьэхыжын хуейуэ.

 

Фырэ Анфисэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: