Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу![]() Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь. Ар къызэрагъэпэщащ «КПРФ» политикэ партымрэ «Зауэм и бынхэр» («Дети войны») урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я щIыналъэ къудамэхэм. Зи сабиигъуэр зауэ зэманым хиубыда налшыкдэс 23-м иратащ «Зауэм и бынхэр» медалхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ. «КПРФ»-м и республикэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис жиIащ зауэм хэтахэм, зи сабиигъуэр абы хиубыдахэм псом хуэмыдэу гулъытэ яхуэтщIын зэрыхуейр. - Зауэр зи нэгу щIэкIахэм ящыщу диIэжыр нэхъри мащIэ мэхъу. Зи сабиигъуэр 1941 - 1945 гъэхэм хиубыдахэращ зауэ хъыбархэмрэ гукъэкIыжхэмкIэ къытхуэзыIуэтэну къытхуэнар. Нобэ ахэр къедгъэблэгъащ Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр щIэблэм я деж зэрынахьэсым папщIэ фIыщIэ яхуэтщIу, - жиIащ абы. Къэпсэлъар щхьэхуэу къытеувыIащ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм гуапагъэ зыпылъ Iуэху куэд къызэрызэригъэпэщым, зауэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIым. Зауэм и бынхэр нэхъыжьхэм дагъэлъэпIащ Iуэхум пионерхэм я зэгухьэныгъэу Налшык къалэм щыIэм хэтхэм. Абыхэм жаIащ зауэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
19.01.2026 - 14:35 →
Чэнджэщ ират
19.01.2026 - 12:07 →
Пшынэр мыхъуамэ...
18.01.2026 - 11:31 →
Кърымыр нэхъапэм
18.01.2026 - 11:18 →
«Унащхьэм» щызэрагъэзахуэхэр
17.01.2026 - 12:00 →
Жэуаплыныгъэ зыхэлъхэр, захуагъэм темыкIхэр
| ||





