Литературэ

Хьэтхыкъуэм и анэр Крымым кърешыж

«Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» зыфIаща, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий IуэрыIуатэрэ тхыдэу зэхуихьэсыжам гъуни щIэи иIэкъым. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэ и тхылъым къитхыжа, Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарым щыщу адэкIэ къызыпытщэри. ТхакIуэм ар къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ.
 Ипэ тредгъэдзам кIэщIу дриплъэжмэ, Iуэхур къызэрекIуэкIар мыпхуэдэущ. 

ТIэшыбрэ ЛIыныкъуэрэ

Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэрей фIэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар пасэрей лъэпкъыжьхэм я мифологиерщ. 

Хэкур щыгъэфIа усэхэр

         Сыт хуэдэ зэманми зи фIыгъуэр имыкI усэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ КIуащ БетIал. Адэжь щIыналъэм и щIыуэпсым щытепсэлъыхькIэ, усакIуэм и псалъэ лъэщхэр къару хуохъу щIэджыкIакIуэм, мурадыфIхэм къыхуоуш. Лъахэм теухуауэ КIуащым къигъэсэбэпа зэгъэпщэныгъэхэр уи нэгум къыщIэбгъэхьэну тыншщ.

ГурыщIэ щэху

ГурыщIэр жанр зэхуэмыдэхэмкIэ къэзыIуэтэф тхакIуэхэр ди мащIэкъым. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Таз ФатIимэ усэкIэ тха и прозэхэм ящыщ зыбжанэ.

Жэуапыншэ упщIэхэр

Хуэрэджей

Хуэрэджей

Нэгъуей Радимэ

Пщэдджыжь гуэрым нысащIэр аргуэру ирихьэлIащ къудамэ къыгуэщIыкIахэм. ЩтэIэщтаблэу ихъуреягъкIэ зиплъыхьри, зыри илъэгъуакъым. Я гъунэгъумкIэ бжыхьыбгъум Iуту зы хъыджэбз цIыкIу къакIуэрт, и нитIыр къытримыгъэкIыу къудамэ зэхэфыщIахэр къэзыщыпыжым къеплъурэ.

 – Лацэ, еплъыт мыбыхэм зэхащIыхьам. Сыту зэхэщIыкIыншэхэ!

Хъыджэбз цIыкIум и нэгур зэхиуцэрэфа щхьэкIэ, зыри жиIакъым.

– Уэ сыт, Лацэ, зыри щIажумыIар? Яхуэбдэн хуеякъым...

КъарыкIым хэплъэжынри щхьэпэщ

Мыбдежым къыщытхь жыIэгъуэхэмрэ абыхэм къарыкIымрэ къызэрытхыжа тхылъыр, «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэр, и IэдакъэщIэкIщ анэдэлъхубзэр япэ изыгъэщу зи гъащIэ псор езыхьэкIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий.

Дзажэпхъэбгъу – цIыху Iэчлъэч, къаруушхуэ зыхэлъ.

ДзакIуэ-дзашэ – дзэзешэ.

ДзакIуэ пашэ - дзэм ипэ ит пакIэ.

Дзапщэ – дзэм и пэрытхэр.

Хуэрэджей

Нэгъуей Радимэ

КIэртIофыщIэ

Мэкъуауэгъуэ мазэм щIидза къудейт. Дыгъуасэ шэджагъуэ нэужьым къыпипIытIыкIыу къешха уэшхым и лъэужь гуэри къэнатэкъым. Дыгъэр «къодзакъэу» къепсырт.

Сыкъамыдэм сырадахэщ

МылIэр лIы мэхъу – Кто не умирает, тот достигает зрелости. Гугъуехь куэдым къелам хужаIэр.

Мыхъужмэ, жьэн узщ, уихьыжмэ, ажалщ – Если не излечивается, то это чахотка, если уносит тебя, то это смерть. Ажалым щхьэусыгъуэ и куэдщ, жыхуиIэщ.

Нэм и пэ псэр ихуэ – Пусть раньше утратится жизнь, чем зрение. Дуней нэхур умылъагъужу, гъащIэм и IэфIыр зэхыумыщIэжу упсэу нэхърэ, умыпсэуххэм нэхъыфIщ, жыхуиIэщ.

Псор лIакIэ яхъуэжыркъым – Живого на мертвого не меняют. ЛIар сыт хуэдизкIэ фIыуэ щымытами, абы къыпхуегъэгъэзэжынукъым, къэнам зегъэзэгъ, жыхуиIэщ.

Хьэту Пётр и щIымахуэ усэхэр

ТхакIуэ, усакIуэ, УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт Хьэту Пётр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи усэхэр, рассказхэр, очеркхэр етх. И тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ («Литературная Кабардино-Балкария», ­«Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэм, «Литературная газета», «Адыгэ псалъэ» газетхэм) щIэх-щIэхыурэ къытохуэ, радиомрэ телевиденэмкIэ къат. И Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщ курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я прог­раммэм хыхьэу ирагъэдж.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ