Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэДи республикэм мэкъумэш лэжьыгъэм сыт щыгъуи гулъытэ лей щыхуащIу икIи абы и фIыщIэкIэ зэрыпэгэн ехъулIэныгъэ иIэу къокIуэкI. Iэщ гъэхъуным, хэгъэщхьэхукIауэ дыкъытеувыIэнщи, ар нэхъри егъэфIэкIуэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор Пыл Iэуес дедгъэкIуэкIа псалъэмакъым нэхъ къыщыхэдгъэщар Iэщыр уз зэрыцIалэхэм щыхъумэнырщ. Аращ Iэуес мымащIэу къыдигъэкIа тхылъхэр, щIэныгъэ тхыгъэхэр, къэпсэлъэныгъэхэр зытеухуауэ къекIуэкIыр.
Iэщ гъэхъуным зегъэужьыныр зыкъомкIэ елъытащ уз зэрыцIалэхэр Iэщым къемыгъэуэлIэнымкIэ Iуэхугъуэхэр и зэманым егъэкIуэкIыным. Абы папщIэ IэщIагъэлIхэм куууэ ящIэн хуейщ уз зэрыцIалэр къызыхэкIыр, абыхэм я къежьэкIэр. Абы фIыуэ щымыгъуазэ IэщIагъэлIым профилактикэ Iуэхугъуэхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэм хищIыкI щIагъуэ щыIэнукъым. Узыфэр къэзыгъэхъейхэр Iэщым пкърохьэри, абы и кIуэцIым щобагъуэ, абы ар сымаджэ ещI. Апхуэдэу уз зэрыцIалэр къашэнкIэ хъунущ хьэпIацIэхэми.Патогеннэ микроорганизм жыхуэтIэм къигъэхъея узым Iэщым и Iэпкълъэпкъхэм зретри, къеузу щIедзэ, псэущхьэм ишхыр пкърыхьэркъым. Уз зэрыцIалэр Iэщ псоми зэхуэдэу къайуалIэркъым, ар Iэджэуи зэщхьэщокI икIи зэрызэхагъэкIыр ар къэзыгъэхъея вирусыр зыхуэдэр къащIэурэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|