Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ![]() Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат. Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту къэралым и щIыхьыр яхъумэну дзыхь кърагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ. Абы и мызакъуэу, мы тхыгъэр щыдгъэхьэзырым ирихьэлIэу Мэзкуу къалэм къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Мэлыжьыхьым и 24-м Бекъул Миланэ къыхуагъэфэщащ Урысейм дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэр. Ар къыпэкIуащ адыгэ бзылъхугъэм иужьрей илъэсхэм къигъэлъэгъуа и зэфIэкIхэм. Республикэм щыяпэу, Миланэ УФ-м тхэквондомкIэ и чемпион нэгъабэ хъуащ, дунейпсо, европей зэхьэзэхуэшхуэхэм щытекIуащ, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къыщихьащ. Бекъулым зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 46-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





