КъардэнгъущI Зэрамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсауэ

«КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр» тхылъыр къыдэкIащ КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм я илъэси 100-м ирихьэлIэу. Зырамыку жиIэу щытауэ уэрэд 46-рэ итщ абы. Тхылъыр къыдэгъэкIыныр жэрдэм ищIауэ щытащ республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ащхъуэт Людмилэ. Уэрэдхэм елэжьащ, зэхуихьэсащ, къыдэкIыным хуигъэхьэзыращ КъБР-м и цIыхубэ артист, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэм и лауреат, Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и унафэщIым и къуэдзэ Зеущэ Iэуес. Тхылъыр Iыхьэ – Iыхьэурэ зэпыудащ: «Нартыжь пшыналъэхэр», «ЛIыхъужь, фэеплъ уэрэдхэр», «ЦIыхухъу тхьэусыхэ уэрэдхэр», «ЦIыхухъу гъыбзэхэр», «ЦIыхубз гъыбзэхэр», «Лъагъуныгъэ уэрэдхэр», «ГушыIэ, ауаныщI уэрэдхэр». Тхылъыр художественнэу игъэщIэрэщIащ сурэтыщI Зеущэ Арсен. Абы «Бэдынокъуэ и пшыналъэ», «Ашэмэз и пшыналъэ», «Нартыжь уэрэд», «Хьэтхым и къуэ кIасэ», «Быф Зулъкъарней и уэрэд», «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхэ», «Iэдииху», «Гуащэгъагъ и гъыбзэ», «Щауэ Нэкурэ», «Адыгэ джэгуакIуэм и теплъэ» - уэрэдипщIым сурэт ятритхыхьри, тхылъым хагъэхьащ. 
- Тхылъым селэжьыну сытезыгъэгушхуауэ щытар КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ащхъуэт Людмилэщ (ахърэт нэху Тхьэм кърит). КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр тхылъу згъэхьэзырыну къысщыгугъыу зыкъысхуигъэзащ, «уэ абы узэрыпэлъэщынур сощIэ», - жиIэри. Сэри лъэпкъ гъуазджэм апхуэдиз хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа нэхъыжь щэджащэм къигъэна лъэужьым селэжьыну къыщысхуигъэфащэм, дауэ згъэщIэхъунт! - жеIэ Iэуес. 
ИлъэсийкIэ зэлэжьа тхылъыр 2022 гъэм, Къэбэрдей – Балъкъэрыр, къуэш республикэхэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, къыдигъэкIащ. Япэ напэкIуэцIым ди къэралым и Президент Путин Владимир макъамэ гъуазджэм теухуауэ жиIа псалъэхэр, республикищым я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбек, Темрезов Рашид, КумпIыл Мурат сымэ жаIахэр итщ. Тхылъыр дунейм къытехьэн папщIэ сэбэп хъуащ политик цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий. Абы и мылъку хилъхьащ тхылъыр екIуу, гъэщIэрэщIауэ, тхылъымпIэфIкIи тедзауэ къыдэкIыным. 
Гъуазджэ дунейм ущыхэтым деж куэдым гу зылъамытэхэр къыболъагъуф, псэкIэ дахагъэм улъоIэсыф. Iэуеси гъэщIэгъуэн куэд хилъэгъуащ КъардэнгъущI Зырамыку и макъамэ дунейм.
- Уэрэдыжьхэм къыхэзубыдыкIащ гупсысэ куэд, сыщыпсэуащ а дунейм. Зырамыку и уэрэд жыIэкIэр сигу дыхьэрт сыт щыгъуи. Ауэ, мы тхылъым семылэжьатэмэ, апхуэдизу куууэ абы и макъым сегупсысыну къыщIэкIынтэкъым. КъардэнгъущIым и макъ дэшеикIэ-ешэхыкIэр зыми хэгъуэщэнукъым. Абы уэрэдым теухуауэ щIэныгъэ иIэкъым, хабзэм тету иутIыпщыркъым и макъыр, атIэ гурыгъуазэкIэ жеIэ уэрэдыр. УщедаIуэкIэ уи псэр мэтынш - ухохьэ макъамэм. Фондым къыхэнащ КъардэнгъущIым игъэзащIэу щыта уэрэди 100-м нэс. Нэхъыщхьэращи, мы уэрэдыжьхэр лъэпкъым ди макъамэ тхыдэ хъугъхуэфIыгъуэщ, - жеIэ Iэуес. 
«КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр» тхылъыр ягуэш. Iэуес къызэрыхигъэщамкIэ, гущIэм зыкъыдэзыгъазэ хъыбархэр къызыхэщ, цIыхухэм я губампIэ зэрыдаха уэрэд-макъамэхэр щызэхуэхьэса тхылъыр пщэну къезэгъыркъым. 
 Тхылъым теухуауэ пшыхьхэр республикэм щекIуэкIащ. Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур и гукъэкIкIэ, ХьэтIохъущыкъуей (Бахъсэн ГЭС) къуажэм щагъэлъэпIащ ар. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэми щекIуэкIащ тхылъым теухуа пшыхь дахэ. КъекIуэлIахэм псалъэ дахэ куэд жаIащ абы теухуауэ. Iуэхум хэтащ адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ гупхэр: Блашэ Владимир зи унафэщI «Шэджэм псыкъелъэхэр», Хьэмдэхъу Эльвирэ зи унафэщI «ДжэгуакIуэ»-р, Жылау Арсен зи унафэщI «Кавказ»-р. Абыхэм жаIащ КъардэнгъущI Зырамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэм ящыщхэр. Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу ТхьэкIумащIэ Аслъэн, ШыкIэбахъуэ Ислъам сымэ. 
 - Къыхэзгъэщыну сыхуейщ а пшыхьым щIалэгъуалэр жыджэру зэрыхэтар. Абыхэм уэрэдыжьхэр, макъамэ тхыдэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр куэд и уасэщ. Я цIэ къисIуэнущ уэрэдыжьхэр фIыуэ зылъагъу Тхьэгъэлэдж Тамерлан, шыкIэпшынауэ Къуныжь Хьэмид сымэ. Апхуэдэу, Нэхущхэ Андзоррэ Маринэрэ зи унафэщI «Бахъсэн ауз» щIалэгъуалэ къэфакIуэ гупри къытхуеблэгъащ, - жиIащ Зеущэм. Абы фIыщIэ яхуищIащ пшыхьыр къыщызэрагъэпэщым сэбэп къахуэхъуа министерствэхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэмрэ. 
 «КПРФ» партым КъБР-м и Парламентым щиIэ къудамэм и унафэщI Пащты Борис Зеущэ Iэуес иритащ «300 лет Ломоносову» медалыр. КПРФ-м иубзыхуа тыгъэ лъапIэр абы хуагъэфэщащ лъэпкъ гъуазджэм щIэблэр зэрыдригъэхьэхым и щIыхькIэ. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: