Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ 1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. 1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир. 1950 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ. 1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къудей Владимир. 1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ ДыщэкI (ПхытIыкI) Соня. 1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ПщыхьэщIэ Хьэсэнбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 11, жэщым градус 11 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 3-кIэ зихъуэжынущ.