ХьэтIохъущокъуэхэ я къуэм Романхэ я пхъур къызэрихьарХьэтIохъущокъуэхэ хуэдэу «пщы нэс» а зэманым Къэбэрдейм исакъым. Тэн (Дон) мыдэкIэ урыс щыIакъым. Урысхэм дакIэлъыкIуэ щыхъуар Иван Грознэм и лъэхъэнэрщ. Иджырей Ставрополь крайр цIыху ис-имыс жыхуаIэм хуэдэу щытащ. Ди адэжьхэм я гугъу тщIымэ, зекIуэ кIуэрейт. ХьэтIохъущокъуэхэ я къуэр (и цIэр сщыгъупщэжащ иджы), гъусэхэри иIэу, зекIуэ кIуауэ къэкIуэжу, жэщ къыщытещхьэм, къамылым хыхьащ. ЗекIуэлIхэм я хабзэт махуэм загъэпщкIурэ загъэпсэхуу, жэщым зэхэзекIуэу. Кавказ Ищхъэрэм адыгэм къатекIуэ исакъым. Уи шы зехуэкIэкIи, гъэджэгукIэкIи, Iэщэ зехьэкIэкIи, зауэкIэкIи, зыхуэпэкIэкIи. Мыдэ, щэшэн, ингуш, осетинхэр иужькIэщ тафэм къыщытехьар, я гугъу ящIу зэрыщIадзэри куэд щIакъым. Ахэр нэхъапэхэм къуршым исащ. ХьэтIохъущокъуэр, и гъусэхэри дэщIыгъуу, къыщыувыIар иджырей Ставрополь крайм и гъунэу Къалмыкъым еуалIэрт нэхъ зыпэгъунэгъур. Плъыр игъэувам дзыхь зэрыхуимыщIыщэм къыхэкIыу, пщыр Iэхэлъахэм зыщиплъыхьыну ежьащ. КъызэхикIухьурэ, къамылым лъагъуэ хилъэгъуащ. ЛъэкъуампIэхэр иIэт. Къигъэзэжри, плъырым жриIащ: «Сэ мо лъагъуэм срокIуэ, уэ моуэ щыт!» А лъагъуэм ирикIуэурэ пщыIэ хуэзащ. ПщыIэм и теплъэр игъэщIагъуэурэ, япэщIыкIэ маджэ. Зыри къыщыщIэмыкIым, и бжэIупхъуэр IуигъэзэщIыкIри, щIэплъащ. ПщыIэм щIакIуэ щIэлът. ПщыIэм адэкIэ уекIуэкIмэ, лъагъуэ цIыкIу пхыкIырт. Абы тету здэкIуэм псынэ хуэзащ. Иджы а пщыIэм щыпсэур урыс генералт. Урысей «дыдэм» щыщу. Къэзакъ гъунэгъухэм ящымыщу, атIэ, аддэ Урысейм и курыкупсэм къикIауэ. Пащтыхьым жагъуэгъу хуэхъуати, щхьэзакъуэ-жыIэмыдаIуэу къежьэжауэ. ПщыIэр щигъэувар Сэтей губгъуэжькIэ зэджэм и Iыхьэу иджырей Ставрополь крайм и къуапэм дежт. ХьэтIохъущокъуэр нэхъ пасэу щыгъуазэ хъуат а генерал-абрэджым и хъыбарым. ПщыIэм щIыхьэщ, къыщIэкIыжщ, и гъусэхэр здэщыIэмкIэ къигъэзэжри, плъырым жриIащ: «Сыкъэгувэмэ, фынэмыкIуэ, хьэргъэшыргъэ къэвмыIэт, хьэжэпхъажэ фымыщI!» ПщыIэм игъэзэжщ, щIыхьэри, зейм ежьэу щитIысыкIащ. Куэд дэмыкIыу бысымыр къыIухьэжащ, щакIуэ къикIыжарэ и дамэм бланэ телъу, фочри Iэ лъэныкъуэкIэ иIыгъыу. ХьэтIохъущокъуэр къыщылъэтри, «уэ, здравствуй, къеблэгъэж, урысым и къуэ!» - жиIащ, и Iэ ижьыр иIэтри. Модрейр къэувыIэщ, къеплъри, «уэ, здравствуй, ХьэтIохъущокъуэ и къуэ!» - къритыжащ жэуап. ХьэтIохъущокъуэм игъэщIэгъуащ, модрейми заригъэщIэгъуам хуэдэу, «дэнэ сэ мы генерал-абрэджым сыкъыщицIыхур?» жыхуиIэу. Тхьэм ещIэ, ХьэтIохъущокъуэм урысыбзэ тIэкIу ищIэрэт е зэхуэзаитIми тэтэрыбзэ ящIэрэт, сытми зопсалъэ мыпхуэдэу: - Дауэ сыкъэпцIыхуа? - жеIэр ХьэтIохъущокъуэм. - Уэр фIэкIа мы Iэхэлъахэм зэрыщыземыкIуэнур сощIэ! Зэхэсхат уи хъыбар. ЗэрымыщIэкIэ дызэрихьэлIами, сызэрыпхуэныкъуэрэ куэд щIащ, - къыпедзыж генералым. - Сэри уи хъыбарым сыщыгъуазэти, мы пщыIэм укъыIухьэжыху сыножьэнут. Уэр фIэкIа мыбы зэрыщымыпсэур сщIэрт. Тэн Iуфэ, нэгъуейхэмкIэ сыщыIауэ, сыкъокIыж. - СиIэр бдэзгуэшынущ, сырыунибжьэгъуну сыхуейщ, ХьэтIохъущокъуэ и къуэ! Уэрэ сэрэ дызэкъуэшщ, - жеIэр генералым. Абдежым тIуми IэплIэ зэхуащI, я ныбжьэгъугъэр ягъэбыдэу. - КъэбэрдеймкIэ накIуэ, мы щIыпIэ нэщIым уи закъуэ ущымыпсэууэ! НакIуи, си ящхьэкIэ уалъытэу узгъэпсэунщ. - Хьэуэ, ХьэтIохъущокъуэпщ! Уэ дапщэщ аргуэру укъэкIуэфын? УкъыщыкIуэкIэ сыпIущIэнущ. - Нэхъ щыхуэбгъэфащэм къытезгъэзэнщ! СыткIэ укъызэлъэIурэ? - жеIэр ХьэтIохъущокъуэм. - УкъыщыкIуэкIэ, узытесым нэмыщI, адыгэш зэпэщ, уанэ зэтелъ щымыщIэу, и кIэрыщIэри и нахътэри, адрейхэмкIи къызыхуэт щымыIэу, къашэ! ДыщэкIэ ущIэзгъэнэнщ! - педзыж генералым. ПIалъэ докIри, ХьэтIохъущокъуэр аргуэру гъуэгу тохьэ. Урыс генералым, къызэригъэгугъауэ, шы зэпэщ, екIуу хуэпауэ хуешэ. Носри, жреIэр: «Ухуейм мы сызытесыр узот, ухуеймэ-къыздэсшар! ТIури я лъэщагъкIэ зэхуэдэщ. Жэщ-махуищкIэ мышхами псы емыфами, зыкъыуагъэщIэнукъым! - Уэ упсэу! Мис апхуэдэ шыт къэслъыхъуэр! Иджы, мы шыр къыщIозгъэшар пщIэрэ? - Хьэуэ, уэлэхьэ! Дэнэ щысщIэн! - АтIэ, къэдаIуэ! МахуипщI дэкIмэ, пащтыхьыгъуэр зи IэмыщIэ илъ Романхэ япхъу мыпхуэдэ щIыпIэм деж фызышэу яшэн хуейщи, абы дыкIуэнщи, адэкIэ тщIэнур плъагъунщ. Генералымрэ ХьэтIохъущокъуэпщымрэ загъэхьэзырщ, нэху къызэдекIри, ежьахэщ. Гъуэгум махуитI хуэдиз тетауэ, пащтыхьыпхъур здэщыIэм нэсащ. Нэсри, фызышэр къыщыкIуэну пIалъэм ежьэу мэзым щIэтIысхьащ. Фызышэр къызэрыкIуэну гъуэгур генералми хуэгъэфэщауэ ищIэрти, гъуэрыгъуэурэ яхъумащ. Ауэрэ генералым къилъэгъуащ фызышэр. Шы дахэ защIэ зыщIэщIа фаэтон (шыгу зэпэщ) кърикIуэрт гъуэгум, генерал фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шу гупым къаухъуреихьауэ. Генерал-абрэджым: «ПсынщIэу накIуэ, фызышэпежьэм я пэ дихутэн хуейщ!» - жеIэр. Мыбдежращ гъэщIэгъуэн дыдэ хъур! Пежьэхэми къамыцIыхуу, фызышэ къакIуэхэми хащIыкI щымыIэу - я кум зыдагъэзэрыхьащ. Зэрыхъуар аращи, фызышэ шухэм гу къылъамытэу, япэ зрагъэщри гъуэгу нэхъыщхьэм техьахэщ. ХьэтIохъущокъуэхэ я къуэми генерал фащэ щыгът, и ныбжьэгъум къритауэ. ТIури фэкIэ адрей шухэм къазэрыхэпцIыхукIын щыIэтэкъым. Ауэ, абыхэм «мыхэр дэнэ къыздихуар?» жамыIэн щхьэкIэ, къыпежьэм нэхъ гъунэгъу зыхуащIщ, зыкърагъэлъагъури, къакIуэхэм я дежкIэ зыкъаIуэнтIэжащ. Фызышэ къежьахэм мо шууитIыр фызышэпежьэм ящыщу зыкъыщагъэхъуу, япэу къэзыгъэлъэгъуахэми шууитIыр фызышэм щыщу къыщагъэхъун щхьэкIэ. Сытми, гупитIым я кум зыдагъэзэрыхьри, псоми ящIыгъуу пщIантIэшхуэм дыхьащ. Iэнэ гъэхьэзырам щетIысылIэхэм, мо тIур, тIыс хъунутэкъыми, IэнэкIэлъыпъ-щхьэгъэрыт хуэдэу мэув. Хэгъэрейм щытитIыр хьэщIэхэм ягъэува я гугъэщ, хьэщIэхэми ахэр Iэнэм кIэлъагъэплъыну бысымым ягъэува я гугъэщ. Хэгъэрейхэри хьэщIэхэри ирагъафэ, чэф ящI. Ауэрэ нысащIэр унэм къыщIашри, фаэтоным гъунэгъу хуащI. ХьэтIохъущокъуэм и гъусэ генералым ину жеIэр: - ХьэщIэхэм Къэбэрдейм щыщ яхэту жаIэр. Шыр едгъэгъэджэгунщи, нысашэр едгъэжьэнщ. Иджы езы генерал-абрэджым адыгэпщым нэхърэ мынэхъыкIэу ищIэрт шы гъэджэгукIэ. Мы пщIантIэм къыдыхьэн ипи, гъусэ зэхуэхъуаитIыр зэгурыIуат Романхэ я пхъур къызэрырахьэжьэну щIыкIэм теухуауэ. Арати, генералым ХьэтIохъущокъуэм жреIэ: «Уи пIэкIэ сэ згъэджэгунщ. Уэ нысащIэм епхъуэ. КъытщIэрыхьэIамэ сэ сахурикъунщ!» НысащIэр ХьэтIохъущокъуэм ипхъуэтащ. Модрейм гъуэгур игъэкъэбзащ: куэбжэм деж щызэрызехьэ шухэр, хэти зэбгрихуащ, хэти ириудащ. АтIэми, лъы имыгъажэу Iуэхур зэфIигъэкIащ: къылъэщIыхьэхэр иридзыха фIэкIа, сэшхуи ялъигъэIэсакъым, фочыши яриутIыпщакъым. АпщIондэхуи, ХьэтIохъущокъуэр, нысащIэр шыплIэдэлъу, жыжьэ нэсат. Къэсыжахэщ иджы «къамыл мэзым». ХьэтIохъущокъуэм щхьэлъащIэр хэт щхьэкIэ къахьами ищIэркъым. Генералым жеIэр: «Сэ мыбы зыкIи сыхуейкъым. Къетхьэжьэн хуейуэ къэтхьащи, уэ фызу къашэ!». Къахьа урысыпхъур етIуанэ фызу ХьэтIохъущокъуэм къыхуонэр…
Поделиться:
Читать также:
21.10.2024 - 15:02 →
Акъылыншэр гъунэжщ
16.10.2024 - 15:06 →
Мэзытхьэ къыдэуи!
11.10.2024 - 11:01 →
КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ я хъыбар
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
|