Литературэ

Лъабжьэр зыгъэтIылъар

Адыгэ лъэпкъхэр 19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм IэнатIэ хьэлъэ Iутащ. Урысейм и жьауэм нэхъ пасэу Къэбэрдейр щIагъэувэныр яхузэфIэкIами, адрей адыгэ, дагъыстэн, шэшэн лъэпкъхэм я бэнэныгъэр и гуащIэгъуэу екIуэкIырт. Зауэ-банэ мыухыж зэрыхэтым, нэгъуэщI къэралхэм пыщIэныгъэ щIагъуэ зэрыхуамыIам я зэранкIэ абыхэм я псэукIэм, щIэныгъэм, литературэм зрагъэужьыну хущIыхьэгъуи дэрэжэгъуи ягъуэтакъым.

Бэлъшэ мэзым

ЩакIуэ Iэзэу, цIыху пэжу, хьэщIэм декIуэкIынкIэ жумарту, шхыныщхьэ темыпIэу зэрыщытымкIэ, Даур Нэгъуей, Къэрэшей-Шэрджэсым къинэмыщIа, Ставрополь губерниеми Екатеринодар (Краснодар) лъэныкъуэмкIи къыщацIыхурт. 

Адэмрэ къуэмрэ я зэхущытыкIэр

Сабийхэм я мызакъуэу, балигъхэми яхуэгъэза IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ къытхуэупсащ тхакIуэ Жаным Борис. Абы «Адэм и сэшхуэ» и рассказ сборникыр 1967 гъэм дунейм къытехьащ. Мы тхылъым итыр рассказ кIэщI цIыкIуурэ гуэшащ, дэтхэнэми цIэ зырыз яIэжу: «Уэтэрым», «Адэм и сэшхуэ», «Елэныкъуэ», «Сэ абы и цIэкIэ сокIуэ», «ХьэтIутIэ матрос зэрыхъуар», «Дыщэ кхъуэщын». 
«Уэтэрыр» теухуащ зэкъуэш цIыкIуитI Мушэхьидрэ Хъалифрэ, абыхэм я зэхущытыкIэм. Мушэхьид егъасэ и къуэш нэхъыщIэр хабзэ-нэмыс, хьэл-щэн дахэ хэлъу, лэжьыгъэм щымышынэу къэхъуну. 

ЛIыхъужьым и гущIагъщIэлъхэр

Телъхьэ уанэр си шым уэ, си шынэхъыщIэ,
Зауэм кIуэ жаIауэ, ТэрчкIэ соукъуэдий.
Сэ уанэгу сыкъихуу, губгъуэм сыкъинами,
Сызыпылъ хъыджэбзым и гум сумыгъэху.

Телъхьэ уанэр си шым уэ, си шынэхъыщIэ,
Дахэм гу щызмыхуэу, нобэ шым сошэс,
Сэ уанэгу сыкъихуу, губгъуэм сыкъинами,
Си уэрэдыр жепIэурэ дахэм игу сигъэлъ.

Сянэр къысщIэупщIэм, къэзгъэзэжу жыIэ,
Сядэр къоупщIами, пэжыр умыбзыщI.
Сэ уанэгу сыкъихуу, губгъуэм сыкъинами,
Си уэрэдыр жепIэурэ дахэм игу сигъэлъ.

Кхъухьлъатэ

Хабзэ хъуауэ, «Адыгэ псалъэ» газетым журналист IэщIагъэм и щэхухэм зыщыхагъэгъуазэ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и студентхэм. Илъэс къэси хуэдэу, иужьрей курсыр къэзыух ныбжьыщIэхэм я практикэм хухаха пIалъэр мы гъэми редакцэм щагъэкIуащ. Абыхэм ящыщ зыщ «Кхъухьлъатэ» Iуэтэжыр зи IэдакъэщIэкI Щэмей Елизаветэ.

ГъащIэм щыщ

Лъэпкъым и бзэр зыгъэлажьэри щызыгъэIэри абы иритхэ, ирипсалъэ цIыхухэрщ. Ди щIалэгъуалэм яхэтщ адыгэбзэм хуэнэхъуеиншэ, я IэщIагъэу щымытми, абыкIэ зи гурыгъу-гурыщIэхэр къэзыIуэтэну хуэпабгъэ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Хэти усэ етх, хэти романхэм йолэжь, хэти жанр зэмылIэужьыгъуэхэм ит тхыгъэхэр и Iэдакъэ къыщIокI. Си псалъэхэм щыхьэт тохъуэ нэгъабэ Къандур Мухьэдин и фэеплъу екIуэкIа дунейпсо литератрэ зэпеуэм адыгэбзэкIэ тхэуэ хэта щIалэгъуалэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм щыщ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я тхыгъэхэр къагъэхьат абы.

ГушыIэр нэщыпхъуэу аркъудейт

 Зощенкэ Михаил и цIэ къипIуэмэ, псоми ар я нэгум къызэрыщIэувэр ауанкIэ гъэнщIа и IуэтэжхэмкIэщ. Ар мыпэжуи щыткъым, дауи. Соцреализмэм и хабзэ ткIийхэм зумыгъэлъахъэу, абы хуэдэу уи фIэщу узэгупсысымрэ жыпIэу ядэнумрэ зэхэбухуэнэфын папщIэ, Iэзэ дыдэу ущытын хуейт. I946 гъэм шыщхьэуIум и I4-м къыдэкIауэ щытащ Зощенкэ Михаилрэ Ахматовэ Аннэрэ щагъэпуд, ВКП (б)-м и Комитет Нэхъыщхьэм и унафэр. Мы тхыгъэм абы и щхьэусыгъуэр щызэхэдгъэкIыну ди мурадщ.

ГурыщIэ хэха зыхыуегъащIэ

Адыгэ сабий литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Гъубжокъуэ Лиуан. Абы и IэдакъэщIэкIхэм зэпкърыхауэ и гугъу къытхуищIащ профессор ХьэкIуащэ Мадинэ. «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр» сборникым белджылы ищIащ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щэхухэм тхакIуэр куууэ зэрыщыгъуазэр, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ лъагъуныгъэ ин зэрахуиIэр. Абы къыдэкIуэу Гъубжокъуэ Лиуан адрей тхакIуэхэм къащхьэщокI  и тхыгъэр сабийм и гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытымкIэ. ТхакIуэм Iэзэу къегъэлъагъуэ сабийхэм я хьэл-щэн зэхуэмыдэхэр.

Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ

Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Къэсей хьэблэжьым (иджырей Хьэбэз къуажэ) дэса Даур Нэгъуей Ставрополь губернием щакIуэ IуэхукIэ фоч къэзыIэту щыпсэуахэм я нэхъ лIы бланэут къызэрыщацIыхур, езыр дапщэщи щыпкъэти, жьэ нахуэу дунейм тетт, и лIыгъэмрэ цIыхугъэу хэлъымкIэ цIэрыIуэ хъуауэ. 

Адэм и гущыщIэ

Адыгэм и щэнхабзэм, и тхыдэм ехьэлIа Iуэтэжхэр бзэ дахэкIэ зытхыжа, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий къыдигъэкIауэ щыта «Адэжь хъыбархэр» и тхылъым ихуахэм ящыщщ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынури. Алий ар къыхуэзыIуэтэжар а республикэм и Хьэбэз къуажэм щыпсэуа Амирокъуэ Владимирщ.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ