ГъащIэр зыIэщIэкIа

Тхыгъэ кIэщIхэр

Абы, хъыджэбз цIыкIуу, етхуанэ классыр къиуха къудейуэ, еджэныр хыфIидзэри, бэзэрым зритауэ щытащ. Жыг хадэ яIэти, мыIэрысэ ищэрт. Унагъуэм сэбэп хуэхъурт, езыми зихуэпэжырт. Апхуэдэурэ ар хъуащ бэзэр цIыху. ИужькIэ хыхьат сондэджэрынми. Иджы ар бэзэрым къытекIыжыххэркъым.
И шэгъуэр къосри, къылъыхъу щIалэм къигъуэтыркъым. «Дэнэ щыIэ?» - «Бэзэрым тесщ». «Трырес-тIэ быдэу», - жеIэри нэгъуэщI къешэ.
Апхуэдэу, бэзэрым тес зэпытурэ, и щIалэгъуэр йокI. Жьыгъэр къыхуокIуэ: «Дэнэ щыIэ мыр?» - «Бэзэрым тесщ». МакIуэ, къегъуэтри, жьы ещI. Ауэ, жьы зэрыхъуауи, и Iуэхур къигъанэртэкъым абы. Иужьу къыщIоупщIэ ажалыр: «Дэнэ щыIэ?» - «Бэзэрым тесщ». Ажалыр пфIэкIын?! МакIуэри и псэр хех. «ТхьэмыщкIэр лIащ!» - мэIу хъыбар. «Дэнэ щыIэ и хьэдэр? – «Бэзэрым телъщ…»

ПщIэжрэ?
Пщэдджыжь гуэрым автобусым сису лэжьапIэм сыкIуэрт. ЦIыхур Iувти, тIысыпIэхэр зэпэубыдат. Сэ сыщысти, сыкъыдэплъеймэ – зы лIыжь жьакIэху къысщхьэщытщ. Сыкъэтэджри згъэтIысащ. «Упсэу, шынэхъыщIэ», - жиIащ абы макъ щабэ гуапэкIэ.
ЛIыжьым упщIэ пыIэ хужь щхьэрыгът, джанэ-гъуэншэдж щIыху щыгът. Ар къызоупщI пенсэ фондыр здэщыIэмкIэ. «КъэувыIэпIэм дынэсмэ, сэри сикIынущи, уэзгъэлъагъунщ, дадэ», - жызоIэ.
Арати, автобусым дыкъокIри, лъэсу докIуэ пенсэ фондыр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ. ЛIыжьыр щхьэпэлъагэщ, и пкъыр захуэу зэфIэтщ. «Мыбы и ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта хуэдэщ, итIани баши иIыгъкъым, тегушхуауи мэбакъуэ, мэлэдец гуэрщ мыр», - жызоIэ сигукIэ икIи схуэмышэчыжу соупщI:
- Дадэ, емыкIу сыкъыумыщI, зыгуэркIэ сыноупщIынут: илъэс дапщэ ухъуа?
ЛIыжьыр къызоплъ:
- Уэлэхьи, шынэхъыщIэ, сэ ныбжьыфI сиIэм. Илъэс бгъущIрэ тхурэ сохъу.
- Сыту уи насып! – къызжьэдоху сэ.
ЛIыжьыр къэувыIэри, аргуэру къызэплъащ.
- «Уи насыпщ» жыпIа? Пэжщ, сэ иджыри къыздэсым сынасыпыфIэурэ сыкъекIуэкIащ. Зауэм сыхэтати, сыузыншэу къэзгъэзэжащ. Быни, бынхэм я быныжхэм къалъхужахэри слъэгъуащ. Плъагъункъэ, апхуэдизрэ ущыпсэукIэ! Пэж жысIэнщи, иджыри къэс гъащIэр сфIэIэфIу, сфIэщIэщыгъуэурэ сыкъекIуэкIащ, ауэ иджы, уэлэхьи, къыстехьэлъэ хъуам. Гугъущ, шынэхъыщIэ, си ныбжьым уитыну. Зэгуэр уи ныбжьэгъуу щытахэр щымыIэжу, «ПщIэжрэ?!» – жыпIэрэ гупым захуэбгъазэмэ, «СощIэж», - жиIэу зыми жэуап къуимытыжмэ, абы щыгъуэм укъэсыжауэ аракъэ? НтIэ, сэ мис ар си нэгу щIокI…
Абы хэту лIыжьыр здэкIуэм дыносри, сэ къызогъэзэж. СыкъыздэкIуэжым слъэмыкIыу согупсыс дадэм жиIам. Абы и пIэм зызогъэувэри сыщIоупщIэ: «ПщIэжрэ?» Жэуап щыIэкъым. Псалъэр жьым хохьэри мэкIуэдыж.

Поделиться:

Читать также: