Дыкъыщыдахум ди адэжьхэм я жьэгум

Отаров Керим Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ хэкум ирагъэкIа балъкъэрхэм, шэшэнхэм, къэрэшейхэм, ингушхэм, къалмыкъхэм ятеухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр.

Лъэпкъыр хэкум зэрырахуам ехьэлIауэ и анэм къытригъэзэжурэ жиIэу щыта псалъэхэр гум ириубыдащ икIи ижыхьащ: «Сэ Азием, уеблэмэ сыщылIэну хуитыныгъэ лъэпкъ сиIакъым… Сыту жыпIэмэ, си ужьым иту дунейм ехыжынут зэрыщыту ди унагъуэр, Iыхьлыхэр… - ИужькIэ, зэман тIэкIу дэкIа нэужь, мыпхуэдэуи щIигъужырт, - Иджы сэ ажалым сыщышынэжыркъым, сыту жыпIэмэ, ахърэтым жэнэтыр къыщыспоплъэ. Жыхьэнмэр дэ мы щIым щыдгъэващ, Азиемрэ Къэзэхъстанымрэ дыщахуам щыгъуэ»…

ЗалымыгъэкIэ здагъэкIуа щIыналъэм щитха тхыгъэхэм усакIуэр щыпсэлъалэкъым, ауэ кIэщIрэ гурыIуэгъуэу псори къыщеIуатэ. Усэхэр уIэгъэ бжьыбжьым хуэдэщ: мэкIий, хэкум ирахуахэм къулыкъущIэхэр зэрахуэгущIэгъуншамрэ икIагъэу ирапэсамрэ жьэнахуэу къаIуатэу. Отаровым и усэхэр, усэ къудейкъым, атIэ ахэр апхуэдэуи а лъэхъэнэ шынагъуэм властыр зыIэщIэлъахэм цIыхухэр, уеблэмэ лъэпкъ псохэр хьэм памыщIыу зэрыщытам щыхьэт техъуэ тхылъхэуи щытщ.

Отаровым и тхыгъэхэм къыщиIэта Iуэхугъуэхэм хэкум ирагъэкIауэ щытахэм я нэпсхэр къыщIахуу я гурыщIэхэр ягъэпIейтей. Сыту жыпIэмэ, усакIуэм бгъэдэлъ IэзагъэмкIэ хузэфIокI а зэман гугъум, лъэпкъ псохэм насыпыншагъэр натIэ щыхуащIа, лажьи хъати зимыIэхэр хэкуншэу къыщагъэна лъэхъэнэм укъыщегъэхутэ, абы щыгъуэ цIыхухэм ягъэва гурыщIэхэр зыхеугъащIэ. Хэкум залымыгъэкIэ ирагъэкIахэм я нэхъыбэр а здагъэкIуа щIыналъэхэм икIуэдахэщ.

Апхуэдэ лъэхъэнэ шынагъуэм, лъэпкъхэр щыпсэу щIыпIэхэм ирахуурэ Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ щракъухьа лъэхъэнэм теухуа тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ Отаровым. Тхыгъэ гуэрым къыщамыгупсысауэ, атIэ нэхуапIэ нэIурыту Сталинрэ Бериерэ мы щIыгум къыщызэрагъэпэща жыхьэнмэр зищIыс дыдэр къытхуеIуатэ балъкъэрхэмрэ къэрэшейхэмрэ я усакIуэ Отаров Керим. Абы и усэхэр зэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ.

 

                         * * *

Сытету ажалым и бжэщхьэIум,

КъызэупщIым: «ЖыIэт иужь дыдэу узыхуейр?»

Мыращ сыщIэлъэIуэнур си тхьэлъэIуу,

«Зэ сыIувгъэплъэж си лъахэ хейм!»

 

И теплъэр зэи псэм хэзмых щIыналъэм

Зыдесхьэхынщ тхьэнапэу си кхъэ мащэм,

Ажалми хуэмыгъэдийуэ си лъыр,

СщIыгъуну сытым щыгъуи гъащIэм пысщэу!

                           * * *

Цыджан Iэгуиплъэм анэр къегъэуIэбжьыр:

Упсэунущ уи лъахэм упэжыжьэу!

А псалъэхэм яуIэ анэм и гур

Хахуа пфIэщIыну къамэр нэсу тIыгум!..

 

Цыджаным и пхъур анэм Iэгум хуоплъэ:

Бгъэзэжынщ пщэдей Кавказ щIыналъэм

Уи уахътым абы ущыIущIэну:

Анэм нэхъ насыпыфэ къигъэщIыну?!

 

              А жэщым

Бжэм ину къытеуIуэм жэщым,

Къэлыдауэ жаIэу мафIэсыр,

Анэр занщIэу мажэ гущэм,

ТегужьеикIауэ быным и псэм.

 

Арат а жэщми. Сэлэтхэр икIауэ хъийм,

Яхэлъэдат мамыру жейм.

СогъэщIэгъуэж димыщIу делэ,

Дыкъызэрелари дэ а лейм.

 

Техьэгъуэм хуэдэу диудыныщIэрт гъуэгум,

ЩIы ныткIэлъыплъми пихузыкIырт и гур.

Дыздишэнур дэнэ мы гъуэгу кIыхьым,

Дызыхэт псори къытфIэщIыжырт пщIыхьу.

 

Эшелон жагъуэм щызэщIэплъэрт псалъэмакъыр:

«ФIэщщIыгъуейщ ягъэмысауэ зэрылъэпкъыу,

Ар дунейм щыщыпэлъагъу унафэщ,

Нэхъ зэбгъэщхьынур щIылъэм къехуэхынырщ уафэр!..»

 

А меданым нэхъ къезэгъынур

ЛIэн-къэнэну бийм пэщIэувэнырт,

Ауэ, бийтэкъым дытезыхуар мы ажал лъагъуэм!

Ахэр я сэлэтт Хэку фIыуэ тлъагъум…

 

Армырамэ, дебгъэрыкIуэнт шу щхьэмыгъазэу,

ИгъащIэм къызэрекIуэкIыр аращ хабзэу.

Сыт тхуэщIэнур? Дагъэмысауэ уэчылыншэу

Къэгъэзэншэу ди хэкум драшым?

 

Ди фIэщ хъуами дызытрашэ гъуэгум

Куэдым ди вагъуэхэр щижыну уэгум

КъыхэIукIт жыхьэнэмэ мафIэсым:

«Хэкур къытхущIэкIа анэнэпIэсу?...»

 

КъагурыIуэрт: къритхар я натIэм

ЗэракIунур, кIэрымыхуу зы тIэкIунитIи,

ЖыIэмыдаIуэу къахущIэкIыр

ИгъащIэ мащIэм псынщIэу пыкIырт.

            Уафэр гъырт

Мэл тфIадыгъуа фIэкIа умыщIэу,

КъыдгурымыIуэт щIыттрахыр гъащIэр!

Къыгуэуащ къызэригъэщIрэ щыта бгыжьыр,

Насыпыншагъэр иту и лъэужьым.

 

НахуапIэу жыхьэнэмэм дыхыхьэу

Ди фIэщ мыхъуу, тлъытэрт пщIыхьу:

ЩIыналъэ къыщалъхуам ирахур лъэпкъыр,

ЯкIэлъыпхъэру лIахэм я джэ макъыр.

 

Лъэпкъым и бынхэр щыIэщ зауэм,

Ягъажэу лъы псэемыблэжу…

Iумпэм къэралым дыкъищIауэ,

ЖыхуаIэм шэч къытыдохьэжыр.

 

Дыпэплъэ хъунукъым телъыджэ:

Дытрадзэнущ лъэпкъыр ныджэм.

Гъэр къащIа бийуэ къыпабжыкIыу,

Балъкъэрхэр яхур зэдыщIэкIыу…

 

Ежьэным и пэ щыгъуалъэ мафIэгур,

Пщыхьэщхьэ хуэкIуэу къызэщIещIэ уэгур.

Къуршыжьхэр къызэрыткIэлъыпыхьэр

Зэхэтхащи, нэхъуейуэ зыдоплъыхьыр.

 

Аддэ жыжьэу, уIэгъэм къыхиху бахъэу

Къуажэ щыгухэм Iугъуэ гуащIэр щызэрехъэ.

Лей зытехьэ бынхэм яхуэщыгъуэу,

Уафэ лъащIэмкIэ щIосыкI уэсэпсыр, пшагъуэр…

         Къуэшым и псалъэ

Мывэ дыдэм хуэмыхьыну и инагъыр,

Ди къуршхэм гуауэр къыщиужьгъэм.

Къуэш хуэдэ я гур къытщIэузу,

ЗыкъытщIагъэкъуащ къыргъызхэм.

 

Ауэ ди гуауэм имыгъэмэхъашэт

Къэзыщтахэр унафэ гущIэгъуншэр.

Дэри къытхэкIащ мымащIэу

Лей къыттехьам зэфIигъэщIахэр занщIэу.

 

Ауэ балъкъэрхэр изыхуахэр хэкум

Хуэмеиххэт, уеблэм къагъэкIыну я гум –

Ерум и къаруркъым дунейм щыпашэр,

Пэжым зэкъуегъэувэ цIыхухэр къуэшу!

 

Уэри къыбгуроIуэ, делагъэщ щхьэусыгъуэу къахьыр,

Зэрылъэпкъыу бийуэ пцIы тралъхьэр.

Дэбгуэшащ хьэлэлу щIакхъуэ Iыхьэр

Ибэхэм, жьы хъуахэм, лъэрымыхьхэм.

 

ДыпсэухукIэ дигу илъынущ къытхуэфщIар,

Iэнэгу хьэлэлкIэ фыкъызэрытIущIар,

ИгъэпIыщIакъыми фи псэм и хуабагъэм,

Фыкъалъытащ балъкъэрхэми къуэш нэсу.

 

Уи цIыхугъэр къызэрыгуэкIрэ гурыIуэгъуэу,

Балъкъэрхэм защIэбгъэкъуащ ныбжьэгъуу,

Езыхэри апхуэдэу къыпподжэжри,

ЗэхигъэкIынщ зэманым пцIыри пэжри.

 

ЩыхупIэм дыщадзыну хущIэкъухэм

Я гуэныхьыр япшыныжынщ я лIакъуэм.

Хуабагъэу псэм къыхилъхьэм фи къуэш псалъэм

Дыкърегъэлыр, щIимыгъащIэу ди лъэр.

Поделиться:

Читать также: