Адакъэпщрэ Купраузрэ

Пщэдджыжь къэс Iуэ адакъэпщым и макъ жьгъырур нышэдибэ кIуэдат. Нанэ фIэфIт ар жэщым щыIуэм и деж едэIуэну, «мэлэIыч елъагъу» жиIэрти. 

Иджы абы и макъ зэхихыжыртэкъыми, Нанэ абы щхьэкIэ и гукъыдэжыр ехуэхат. ИщIэнури здэкIуэнури имыщIэу къэнат, фIэкIуэда и джэдхэм лъыхъуэурэ. Жьы хъуа цIыхум зэштегъэууэ иIэр и джэдкъаз тIэкIурати, нэхъыфI дыдэу илъагъуитIыр хэтыжтэкъым. Абы хуабжьу игъэгумэщIырт. 
Пщэдджыжьым нэху къызэрекIыу, Нанэ и гурыфIыгъуэр и адакъэпщым и Iуэ макърат. Абы къигъэушырт, и нэмэз тIэкIур ищIырти, хадэм хисахэмрэ джэдкъазымрэ якIэлъыплъу, ахэр и псэлъэгъуу итт махуэ псом, гъатхэ къихьэгъуэм щыщIэдзауэ бжьыхьэ щIыIэтыIэ хъухукIэ. 
Нанэ и джэдхэм имыцIыхуу зы щхьэ закъуи яхэттэкъым, я фэкIэ псори зэхигъэкIырт. А джэд гупым, зыми емыщхьу, зы «Купрэуз» цIыкIу яхэтти, ар адрейхэм ялъагъу хъуртэкъым, ауэ адакъэпщым зыпищI щыIэтэкъым. Арагъэнт абыхэми щIалъагъу мыхъур а дахэ цIыкIур. АтIэ, псори дэзыхьэхыр дахагъэракъэ? И псэм хуэдэу илъагъу Купрауз цIыкIур и бгъум сытым дежи щытт. Адакъэжьым и щIыб къызэригъазэу, а джэд цIыкIум адрейхэр зэрыщыту къежэрти, къеуIуу щIадзэрт. Ар гурэ-псэкIэ зыхищIэрти, абыхэм яхимыгъэхьэу ихъумэрт. ФIыуэ плъагъур Iуэхушхуэщ. 
Зы пщэдджыжь гуэрым Купрауз цIыкIур тIэкIу гукъыдэмыжу нэху къекIати, адакъэпщыр къыбгъэдэкIыртэкъым. Абы Нанэ гу лъитауэ еплъырт, езыри гузавэу гупсысэрт. 
«ЩIалэр къэкIуэжмэ уезгъэукIынщ, жысIати, сщIэнур сымыщIэу сыкъэбгъэнаи, си Купрауз цIыкIу», - жиIэурэ, джэдым едэхащIэрт. Ар адэкъэпщым зэхихащи, и гур зыхуэмыгъуэ джэдым хуогумэщI. Нани зэпымычу къохьэ хадэм, фIыуэ илъагъу цIыкIур зэрыгукъыдэмыжым папщIэ. КъихьэхукIи, адакъэжьыр къыжьэхолъэ.
- Сыт къэхъуар, теурэз мыхъун, нобэ щхьэ укъысщыхьа?! Сэ уи Iуэху зесхуэрэ, мо си дахэ цIыкIум си гур хегъэщIри аращ, - жи. 
Ахэр здыжриIэм, нэхъ Iей мэхъу и къедэмэпкъэуэныр. Нанэ «щIалэр къэкIуэжмэ уезгъэукIынщ» – зэрыжиIарат ар зыгъэхыщIэр. Адэкъэпщу зызыгъэуардэу щытар арауэ пщIэжынтэкъым - зигу къыдэмыж джэдыр, сабийм хуэдэу, къришэкIырт. 
Апхуэдэурэ пщыхьэщхьэ хъуащ, джэдым я тIысыжыгъуэр къэсри, Нанэ игъэтIысыжащ псори. Зи гур хуэмыгъуэм адакъэжьыр и хъумакIуэти бгъэдэтIысхьэжащ. Нэху щащ. Дыгъуасэ гукъыдэмыжу щытар тIэкIу нэхъыфI къэхъуа хуэдэт. Ауэ и щытыкIэр иджыри Нанэ игу ирихьыртэкъым. Купрауз цIыкIум тIэкIу зызэхуишэ щIэхъуар адэкъэпщым и щIыб къызэригъазэу мыдрей джэдхэм фIыуэ яуIуати арат. Шэджэгъуашхэ щыкъун яритыну Нанэ хадэм ихьати: «Тхьэ, сэ уэ сигу уримыхь, псэхэлIэ узмыщIмэ нэхъыфIу къысщохъу!» - щыжиIэм, ар аргуэру адэкъэжьым зэхихащи, и пIэм ихуэжыркъым, щIидзэжауэ Нанэм къозауэ. 
Щэджэгъуашхэр яриту, Нанэ и щIыб къызэригъазэу, адакъэпщри Купрауз цIыкIури, бгъуэтмэ къащтэ, бзэхащ. 
Пщыхьэщхьэм Нанэ джэдхэр игъэзэгъэжыну къихьэри, адакъэпщымрэ Купраузымрэ яхэтыжтэкъым. Фызыжьым ахэр жэщыбг хъухукIэ къилъыхъуащ, игъуэтыжакъым. 
Апхуэдэу махуэри жэщри макIуэ. Пщэдджыжьым щIедзэри, Нанэ, и нэм нэху илъагъухукIэ, къелъыхъуэ.
 Гъунэгъухэми ар къащIащи, къыхуогузавэ, жьы хъуа цIыхур Iуэхушхуэщ, - жаIэурэ. Къэрэжан зы махуэ къыбгъэдэувапэри, къыжриIащ: 
- КхъыIэ, Нанэ, хъунщ узэрылъыхъуар! Уи щхьэм и щхьэузыхьщ, цIыху къытохуэри малIэ. Алыхьым хуэщын къуитыж, иджыри уи куэдщ джэдкъаз. Тхьэм пхуигъэбагъуэ! Мес дыгъуасэ бгъэгъуэльхьэжа къурт цIыкIум къыпхуришынщи, пщигъэгъупщэжынщ кIуэдахэр, - тIэкIу хэкъузауэ къыжриIати, фызыжьым и фIэфI хъуатэкъым. 
- Сэ абыхэм ящыщ дэтхэнэри си кIуэцI къикIам хуэдэу фIыуэ солъагъу, Къэрэжан, - жиIэри, и щхьэр ирихьэкIащ. Абы иужькIэ зыми зы псалъэ къыжраIэжакъым. 
Зи гугъэр хэзымыхыж фызыжьым сыт къыжраIэми зэхихынутэкъым, и гур дахэ хуумыщIыфынумэ, уемыпсэлъэххэмэ нэхъыфIт. 
Апхуэдэу зы мазэ-мазитI дэкIауэ, къыздикIухьам тIэкIуи езэшауэ куэбжэпэм тет тетIысхьэпIэм деж здэщысым, ипщэкIэ, щIым ерагъыу къытещу, къехыжхэм и фIэщ мыхъуу йоплъ Нанэ. Къэблагъэмэ, кIуэдауэ щыта и адэкъэпщымрэ Купрауз цIыкIумрэ, иджыри шыр цIыкIу зыкъом я гъусэу, къэкIуэжу арат.
Нанэ, и нэпсыр хуэфIу къыщIэувауэ, псори гъуэрыгъуэу къиубыдурэ зрешалIэ, ба яхуещI, и гуфIэгъуэр тIуащIэ хъуарэ и гукъыдэжми зыкъиIэтыжауэ, ипкъри нэхъ жан къэхъужауэ.
 Къэхъуар хуиIуэтэну Нанэ Къэрэжан дежкIэ екIуэкIащ, и гур псэхужарэ къигуфIыкIыу! 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также: