Iуэхугъуэшхуэхэр и плъапIэуЗы лIы ныбжь къыщызэбнэкIам деж блэкIам ухуоплъэкIыжри, къохъулIамрэ къомыхъулIамрэ, пхузэфIэкIамрэ узыхунэмысу къэнамрэ къыбопщытэж. Абы щыщ дэтхэнэ лъэбакъуэри лъапIэщ цIыхум дежкIэ, куэдым уогупсысыж, блэкIам нэгъуэщIу уIуоплъэж. А блэкIар бейуэ къызыхущIэкIахэм ящыщщ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и президент-щIэныгъэхэмкIэ и унафэщI Есчындар Мухьэдин. Ауэ «къаплъэ нэхърэ къиплъ» жыхуаIэращи, лъэныкъуэкIэ укъыщытмэ, нэхъыбэж болъагъу.
«КъызэрыгуэкI Iуэху къохъулIэн щхьэкIэ, Iуэхугъуэшхуэхэр уи плъапIэу щытын хуейщ» къыхуеджэныгъэм тету мэпсэу Мухьэдин. Абы и гъащIэр и щапхъэщ цIыхум езым и къарурэ зэфIэкIкIэ куэд зэрызригъэхъулIэфым. Абы и дуней тетыкIэмрэ лэжьыгъэу кърихьэлIамрэ мы тхыгъэмкIэ дыщегъэгъуазэ Москва дэс адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Ингушым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Агъырбэ Юрэ.
Зи илъэс 75-р мы гъэм зыгъэлъапIэ ди къуэшыр зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа Беслъэней шэрджэс къуажэм къыщалъхуащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ленинград къыдаша сабий 32-р къезыгъэла беслъэнейдэсхэм я щIэблэщ Есчындарыр. Гитлер и щхьэфIэххэр яужь ит пэтми, абыхэм ящымышынэу сабийхэр унагъуэ унагъуэкIэ зэбграшри, я унэ тхылъхэм ирырагъэтхауэ щытащ адыгэхэм. А Iуэхум я щхьэр халъхьэн хуей зэрыхъунур ящIэми, зы адыгэ къикIуэтакъым, сабийхэр кърагъэлащ.
И лъэпкъым, къуажэгъухэм къалъыкъуэкIа лIыгъэм иригушхуэ Мухьэдин къару къыхэзылъхьэхэм ящыщщ зи гугъу тщIа Iуэхур, езыри а щапхъэ дахэм ирикIуэри, и гъащIэ псом шэрджэс лъэпкъым и пщIэр къэIэтыным телэжьащ.
Мухьэдин и адэ-анэ Есчындар Абдурэхьманрэ Рэбихьэтрэ я сабиибгъум я ебланэт. ЗыхапIыкIар зэман гугъу пэтми, адэ-анэм яхузэфIэкIащ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху щыпкъэу гъащIэм хагъэувэн, абыкIэ езыхэр щапхъэ нэс яхуэхъуащ, лэжьыгъэмрэ цIыхугъэмрэ пщIэ хуащIу япIащ.
Мухьэдин пщIэшхуэ хуищIырт Хэку зауэшхуэм хэта и адэм, абы и псалъэхэрщ гъуазэ хуэхъуари, аращ еджэным хуэзущияри. ЦIыху хуэдэ цIыхуу щытынымкIэ мыхьэнэшхуэ игъэзэщIащ и анэми. Ар зыцIыхуу щытахэм жаIэж щIалэм зыхилъхьа хьэлыфIхэр – жыджэрагъыр, гурыхуагъэр, пашэу щытыныр, щIэм хуэпабгъэныр - и анэм хэлъу зэрыщытар. Абы и чэнджэщхэмрэ псалъэ Iущхэмрэ сытым дежи къыхуэсэбэпащ Мухьэдин, я нэхъ IэнатIэ гугъу дыдэм щыпэрыхьами. Зэанэзэкъуэм зэпыщIэныгъэ быдэ я зэхуаку дэлът. Мухьэдин махуэ къэс телефонкIэ епсалъэрт и анэм, Iэмал зэриIэу лъагъунлъагъу кIуэжырт. АбыкIэ абы игъэлъэгъуащ, и къулыкъу лъагэхэм емылъытауэ, къуэ гумащIэу зэрыщытыр.
ЕджэнкIи, Iуэху щIэнкIи, гупсысэкIэкIи зэрыцIыкIу лъандэрэ къуажэ сабийм къахэщырт Мухьэдин. Ар дэни щыяпэт. Беслъэней курыт школым фIы дыдэу щеджащ, математикэм нэхъ дихьэхыу щытащ. Абы щыгъуэм егъэджакIуэхэм гу лъатат щIалэ цIыкIу акъыл жанрэ гупсысэ куурэ зэриIэм, гъуэгуанэшхуэ къызэрыпэщылъым.
Мухьэдин сытым дежи тхылъыр и Iэпэгъут. Беслъэнейдэсхэм абы и гугъу щащIкIэ, ягу къагъэкIыж сытым дежи тхылъыр IэщIэлъу зэрыщытар. А тхылъхэм я фIыгъэщ ар цIыху лъэрызехьэ зэрыхъуар.
Школыр къиуха нэужь, «Беслъэней» совхозым механизатору лэжьэн щыщIизащ Мухьэдин, кIэщI дыдэуи комсомол зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ ящIащ. I97I гъэм, и ныбжьыр илъэс 20 ирикъуа къудейуэ, къалащхьэм кIуэри, Москва финанс институтым щIэтIысхьащ.
Япэ махуэм щегъэжьауэ жэуаплыныгъэ зыхэлъ, гъэсэныгъэ екIу зыбгъэдэлъ, щIэныгъэм хуэпабгъэ щIалэу зыкъигъэлъэгъуащ абы. Къыдеджэхэм пашэу зэрахэтым гу щылъатэм, институтым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару 1973 гъэм ягъэуващ. Абы псоми зэрепсэлъэн бзэ къахуигъуэтыфырт, сыт и ныбжьми, сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами емылъытауэ. КъищынэмыщIауэ, литературэм, гъуазджэм, жылагъуэ гъащIэм фIыуэ хищIыкIырти, абыхэм ятеухуауэ гъэщIэгъуэну къыбдэуэршэрыфырт.
Студенту къригъажьэри, зыщIэтIысхьа еджапIэм и ректор хъуащ Мухьэдин. Студенту, аспиранту, деканым и къуэдзэу, къудамэм и унафэщIу, декану, проректору, япэ проректору лэжьащ, 2006 гъэм ректор къулыкъум пэрыхьащ. Абы ипкъ иткIэ, IэнатIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыуэ щыгъуазэти, къалэну къэувым, цIыкIуми инми, езыр пэлъэщу, гупышхуэр зы унагъуэу зэдигъэлажьэу апхуэдэт. ФинансхэмкIэ университетыр Есчындарым и унафэ щIэува нэужь, къэралым щынэхъ лъэрызехьэ еджапIэ нэхъыщхьэ хъуащ жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Аращ нобэрей лъэпкъ IэщIагъэлI нэхъ ехьэжьахэр къыщIэзыгъэкIыр.
Илъэситху мэхъури, Есчындарыр ФинансхэмкIэ университетым и Президенту мэлажьэ.
Еджагъэшхуэ, IэщIагъэлI къызэрымыкIуэу зэрыщытым къыдэкIуэу Мухьэдин цIыхугъэшхуэ зыхэлъ лIыщ. И ныбжьэгъухэм ящIэ абы хуэдэу ныбжьэгъум пщIэ хуэзыщI, ныбжьэгъугъэм хуэпэж зэрыгъуэтыгъуейр. Сэ илъэс 30-м щIигъауэ си ныбжьэгъущи, солъагъу абы хэлъ хабзэмрэ нэмысымрэ, цIыхухэм зэрахущытымрэ къэзыухъуреихьхэм пщIэуэ яхуищIымрэ. Сыт щыгъуи чэнджэщэгъу пщIыну щхьэпэщ, дэIэпыкъуэгъу ухуэныкъуэми япэ иту къэсынухэм ящыщщ.
Есчындарым къулыкъукIи, лэжьыгъэкIи, щIэныгъэкIи куэд хузэфIэкIащ, мащIэкъым а псом щхьэкIэ къыхуагъэфэща щытхъухэмрэ фIыщIэхэмри. 1996 гъэм абы къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, «УФ-м ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр I997 гъэм къратащ, 2001 гъэм Урысей Федерацэм и Президентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и саугъэтым и лауреат хъуащ, 2009 гъэм къыфIащащ «Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, «Урысейм и хэкупсэ» медалыр, Николаев Лев и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и III, IV нагъыщэхэр, Столыпиным и цIэкIэ щыIэ медалыр къратащ.
Зыпэрыт лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, къэрал, жылагъуэ зэгухьэныгъэ куэдым и гуащIэ хелъхьэ Мухьэдин. Ар хэтщ Урысей Федерацэм и Президентым, министерствэ зыбжанэм я деж щыIэ къэпщытакIуэ гупхэм, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и ЩIэныгъэ советым, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, УФ-м и Налог къулыкъущIапIэм я Жылагъуэ советхэм хэтщ, Урысей ректорхэм я Союзым и унафэщI гупым, Компание, банк зыбжанэм я УнафэщIхэм я советым хэтщ, УФ-м Дзэ щIэныгъэхэмкIэ и академием хэтщ.
А псоми къадохуэри, къыщалъхуа Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ и гулъытэрэ IуэхущIафэкIэ ялъоIэсыф. Ар сытым дежи щыгъуазэщ и хэку цIыкIум щекIуэкI Iуэхухэм, хэгъуэгу Iэтащхьэхэм япыщIащ, чэнджэщкIэ, щIэныгъэ IуэхукIэ сыт щыгъуи я щIэгъэкъуэнщ.
Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным щыщ щIалэгъуалэ куэдым я хъуэпсапIэщ ФинансхэмкIэ университетым щIэтIысхьэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм щапхъэ яхуохъу еджапIэ лъэрызехьэм и ректор адыгэ щIалэр.
И хэкум гупцIанэу зэрыхущытым и щыхьэтщ республикэ Iэтащхьэхэм езы Мухьэдин къыхуащI гулъытэри, апхуэдэу 2018 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр къыхуигъэфэщауэ щытащ, Ингуш Республикэм и ЩIыхь тхылъыр къритауэ щытащ Iэтащхьэу лэжьа Евкуров Юнус-Бек. Ар Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей Ингуш республикэхэм, Бурятием, Къалмыкъым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




