ЩIопщакIуэ

ЩIапщэ (щIэпщакIуэ, щIопщакIуэ) жыхуиIэр IэзэкIэ лIэужьыгъуэу, сымаджэм (уIэгъэ хъуам, зи къупщхьэ къутам, блэ е бэдж зэуам) ехьэлIа дауэдапщэу иIащ адыгэм. Епщэн псалъэм къытекIащ, «епщэрэ Iэзэбзэ къибжу зыгъэхъуж» жыхуиIэу. ЩIапщэр сымаджэр зэрылъ унэм е хьэщIэщым щащIу щытащ. Езым и унэ имысыжу цIыхур сымаджэ е уIэгъэ хъуамэ, зрихьэлIа дэтхэнэ адыгэ унагъуэми (ар ныбжьэгъуми, Iыхьлыми, хамэми) щIапщэ хуищIын хуейт. 
Зэадэзэпхъу щIэныгъэ лэжьакIуэхэу Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ зэдатха «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым щызэпкърыхащ мы хабзэжьыр. Абы зэритымкIэ, пщы-уэркъхэм, нэхъ зылъэкIхэм я щIапщэм кърагъэблагъэрт хэгъэгум щыцIэрыIуэ джэгуакIуэхэр. ЩIапщэ джэгур зезыгъакIуэм папщIэ инжыдждэс адыгэхэм джэгу хьэтэ, джэгу хьэтым жаIэ. ЩIэпщакIуэ къакIуэхэм ирагъэшхыну щIапщэ нышыр гъунэгъухэм, благъэхэм къашэрт. ЩIэпщапщIэу Iэзэм е джэгуакIуэм иратырт нышу яукIа Iэщым и фэр.
Дауэдапщэр пшапэ зэхэуэгъуэм яублэрти, жэщ псом ирагъэкIуэкIырт, кIыфI хъуауэ (а зэманыр бзаджэнаджэ къэхъеигъуэу къалъытэрти), сымаджэр ямыгъэжеин папщIэ. Нэху ща нэужь жейми хъунут, уеблэмэ фIыуэ ягъэжеин, зрагъэгъэпсэхун папщIэ Iущхьэ иратырт. ЩIапщэр яублэн ипэкIэ унэм и хъуреягъыр, блынджабэхэр кIэгъуасэкIэ е вэнвейкIэ къатхъыхьырт, бжэщхьэIум гъущI вабдзэ щагъэтIылъырт, сымаджэм и пащхьэ джэдыкIэ хэлъу псы фалъэ ирагъэувэрт. Ахэр зыгъэзащIэ хабзэр сымаджэпэс пщащэрат (кIахэ адыгэхэр мыбы кIэпщэ е даекIэ йоджэ), ар унагъуэм я Iыхьлыт е гъунэгъу-жэрэгъут, я дзыхьщIэгъут. Даер сымаджэм бгъэдэмыкIыу бгъэдэст, зыхуей хуигъазэу, лей къримыгъэкIуалIэу, Iэзэм дэIэпыкъуу. КIэгъуасэми, гъущIми, джэдыкIэми бзаджэнаджэм щызыхъумэ мэгъу къару, ажалым зэрытекIуэ гъащIэ нэщэнэ хэлъу къалъытэрт. ЩIапщэм къекIуэлIа дэтхэнэ зыри Iэмал имыIэу вабдзэм гъущI кIапэкIэ теуэрт, «Зэпэщу утэджыж» жиIэурэ сымаджэм ехъуэхъурт. БжэщхьэIур (бзаджэнаджэ тIысыпIэу, дунеитIым я гъунэилъыпIэу миф дамыгъэщ) лъагэу къыдращIейрт, къекIуэлIахэр я лъапэ фIэмынэу абы лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт. ЩIапщэм цIыхуей е лIыукI кърихьэлIамэ, и лъакъуэр бжэщхьэIум фIонэ, сымаджэм и пащхьэ илъ джэдыкIэр къочэ, жаIэрт. Сымаджэм ехьэлIа дауэдапщэхэм гъущIхэкIыр зэрыхэтыр Лъэпщ и культым и лъэужьщ. Пасэрей щIапщэм Iэмал имыIэу дауэдапщэ уэрэд щыжаIэрт. ЩIапщэ уэрэдхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу: фэрэкI уэрэд, шэхэх уэрэд, Iэзэм и уэрэд, гушыIэ-сэмэркъэу уэрэдхэмрэ усэхэмрэ. ФэрэкI уэрэдхэр зыхуэгъэзар фэрэкI узым и тет Созэрэщт. Тхьэм и цIэр къапсэлъыртэкъым, абы и пIэкIэ «Зиусхьэн», «Дахэжь», «Дыщэ шу» жаIэрт. Езы «фэрэкI» узыцIэми табу телът, абы и пIэкIэ «цIэимыIуэ», «щыгъищ», «хьэлывищ» жаIэрт (щIыфэм къытрикIутэхэм я нагъыщэу). ФэрэкI узыр уз мэхъаджэу, хуабжьу щышынэхэу, цIыху минищэ бжыгъэхэр ихьу щытащ икIи пасэрей адыгэ уэрэдым абы хуабжьу зыхуегъэщхъ, узыр къызэреблэгъар фIыгъуэшхуэу жиIэу, абы и тетыр игъэлъапIэу.
Шэхэх уэрэду нобэм къэсауэ адыгэ IуэрыIуатэм ихъумар кIахэм «Къоджэбердыкъо Мыхьэмэт ищэхэх орэд» жыхуаIэращ. НэгъуэщI уэрэд лIэужьыгъуэ ирашажьэрт Iэзэр щтапхъэмкIэ шэ (шабзэшэ) хэхыным щыхуекIуэм деж. Абы псалъэу хэлъыр зы закъуэщ: гыз макъым зыпищIу «агI». УIэгъэ узым къигъэтIэсхъа адыгэ зауэлIым и напэр къахъумэн папщIэ, шэр щыхах напIэзыпIэм ирихьэлIэу а гыз макъыр щIапщэм щIэс псоми шыкIэпшынэм дежьууэ зэдыжаIэрт. «Шэуэ хихыр дыжьын» жеIэ уэрэдым: шэтемыгъахуэ дыуэр зыпэмылъэщу къалъытэр дыжьынышэращ. Блэ зэуам ещIэпщэнри щхьэхуэт. Блэнапщэ Iэзэ къашэрти ирагъапщэрт. Иужьрейуэ зи цIэ къэна джэгуакIуэблэнапщэу Хъурбыз Мысост (Инжыджей хэгъэгу) блэ зэуам трибжэу щыта мажусиибзэм щыщщ мы пычыгъуэр: «Хъыщти, мыщти, бжэмкIэ къыщIыхьа, щхьэгъубжэмкIэ щIэкIыжа».
Iэзэр епщэхукIэ блэр зэгуоуд, жаIэрт. Блэр зэуам къыкIэлъокIуэж, жаIэрти, щIапщэ щащIкIэ, сымаджэр щхьэгъубжэмкIэ унэм кърахьэжырт. Дунейр хуабэу щIыбым щащI хъумэ, чий хуар яIэтырти, абы трагъэгъуалъхьэрт, зэраIэта пкъохэм язым адакъэ ирапхырт, блэр къакIуэмэ къаригъэщIэну. КъэзыгъэзэжынкIэ хъуну блэм жэщищ-махуищкIэ сымаджэр щахъумэрт, уIэгъэм хуэфэщэн хущхъуэ ирахьэлIэрт. Нало Заур зэрыхуигъэфащэмкIэ, Iэзэр зэрагъэлъапIэ уэрэдхэр къыщежьар тхьэм и пщIэр нэхъ къэтIасхъэу, цIыху Iэзэм и IэщIагъэм куэд зэрелъытар къыхагъэщ хъуа нэужьщ.
ЩIапщэм щызэхуэсыр нэхъыбэу щIалэгъуалэт. ГупитIу загуэшырти, нэху щыху джэгукIэ, къафэкIэ, гушыIэ-сэмэркъэукIэ, хъуэрщэрыгъэкIэ, IуэрыIуэдзынкIэ зэпеуэрт. ДжэгуакIуэм нэмыщI, щIапщэ утыкум итт ажэгъафэр, ажэжь мэIур (пыIэр) и напэм Iулъу, IугъуэкIэ гъэлыгъуа екIэпцIэ дамокъуэр IэщIэлъу. 
ЩIапщэ джэгукIэхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъу: «дзэлдэуэ», «жгут» («журт»), «Iэгуауэ», «шу зэтес», «щхьэл». Хъурейуэ мэжаджэшхуэ ягъажьэрт, ар унащхьэм илъ бгыкъум кIапсэкIэ кIэращIэрт, кIапсэр ягъэкIэрэхъуэжырт, еIунщIырти, мэжаджэр ещIэхукIэ ар хъурейуэ къэзыувыхьа щIалэхэр IэкIэ емыIусэу жьэкIэ едзэкъэфын хуейт. Мэжаджэ гъурым я Iупэр Iуиуду адэкIэ-мыдэкIэ яIэщIэмыхьэу ещIэрт, апщIондэху мыдрей щысхэр зэщIэдыхьэшхэу еплъырт. Арат «дзэлдэуэ» жыхуиIэ джэгукIэр. 
Пасэрей щIапщэм мэгъур нэхъ хэлът. Жэщым и кIыхьагъкIэ Iэзэгъуэ хуэIухуэщIэмрэ мыдэкIэ утыкум щекIуэкI джэгумрэ зыр адрейм кIэлъыкIуэу гъэпсат. Дауэдапщэмрэ теуэ-тепкIэмрэ зэблахъу зэпытт. ЩIапщэ утыкур зезыгъакIуэм и къалэнхэри Iэзэным къыбгъэдэкIыурэ «жэщмыгъэжейм», зэштегъэум хуэкIуэжырт. ДжэгукIэ «емыкIухэри», макъышхуэу ягъэIухэри, гуфIэгъуэ дыхьэшхри – псори гъащIэр лIэныгъэм зэрытекIуэ пасэрей мэгъу Iэмалт. 

 

Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться:

Читать также: