(Къэмыгупсыса хъыбар)
Ди газетым и щIэджыкIакIуэ икIи и ныбжьэгъу, илъэс куэд хъуауэ редакцэм къыпыщIа нэхъыжьыфI, Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ Къардэн Мухьэмэд и къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр хьэлэмэтщ, узыIэпызышэщ. Абы и щхьэусыгъуэри, дауи, ахэр цIыху гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэу зэрыщытырщ. Мухьэмэд иджыблагъэ къытхуитхари зытеухуар аращ: гъащIэмрэ абы и зэхэлъыкIэмрэ, псэуныгъэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм ехьэлIа гукъэкIыжщ ар.
«ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэм и дежкIи Къущхьэхъу щIыналъэр хъуэпсэгъуэщ, дахэщ, удэзыхьэхщ. Абы щызэблэж нарзаныпсхэр къэуат къудейкъым, атIэ уз куэдми я хущхъуэщ. Хиубыдэ щIыпIэхэр куэд мэхъу: «ЕкIэпцIэкъуэ», «Хьэмащэ», «Урды», «Жэманкъул», «Домбей», «Гурымыхьэ», «Жьуарджэн», «Алтыякъ», «Къэнжал», нэгъуэщIхэри. Ахэр Гундэлэн лъэныкъуэмкIэ щыIэхэм и зы кIапэщ, адэкIи къыпещэ. А щIыналъэхэр аращ «Красная Кабарда» колхозым и Iэщхэр гъэмахуэм здагъакIуэу щытар. Абы зыпплъыхьыну, зыбгъэпсэхуну е уи нэгу зебгъэужьыну укIуамэ, Iэмал иIэкъым: «Иджыри зэ сыкъэкIуэнщ» жумыIэнкIэ.
А щIыпIэхэм къыщыкI удзхэри апхуэдизкIэ «пшэрщи», уэшх къешха иужькIэ псы ина гущIыIум дагъэ къытрещIэ. Аращ а щIыналъэхэм Iэщхэр щIыщыбагъуэр. Бгы задэхэм уеплъыхамэ уи нэр нэплъысыркъым, мэзхэм хьэкIэкхъуэкIэхэр щыкуэдщ. Къэнжал ухуэзышэ гъуэгу закъуэр аращ машинэр зыхэзагъэр. А гъуэгум утекIакъэ - тракторрэ шы уанэ зытелърэщ.
Апхуэдэу щIыпIэ дахэ пэтми, гъуэгуанэ утету абы жэщ къыщыптехъуэныр щхьэфIэхщ. Жэщ къыптехъуамэ, е пшагъуэм ухиубыдамэ, къуэгъэнапIэ къэбгъуэту нэху укъыщекIын хуейуэ аращ. Къэхъуащ гъэмахуэ шылэм а щIыпIэхэм уэс къесрэ уае хъууэ цIыху щIыIэм щиса, гъуащэу бгым щыхуу щиукIаи, хьэкIэкхъуэкIэхэм щаIэщIэкIуэдаи…
Ар щIэсщIэр илъэс 30-м щIигъукIэ Iэщ дохутыру «Красная Кабарда», «Восток», «Къызбрун» колхозхэм Хьэмащэ щаIэ къудамэхэм сыщылэжьащи аращ, Iэщхэм сакIэлъыплъу. Къысхуихуащ туфлъэрэ джанэ закъуэрэ фIэкIа сщымыгъыу Къэнжал уэс къыщесу, уаем сыхиубыдэу сыкъыдэмыкIыжыфу къэскIухьу нэху щызгъэща, машинэм сису сыздэкIуэм пшагъуэ къытрихуэу сыгъуащэу, щыхупIэм сыкъыщыщхьэщыхутащ, уэ пIащэ къехыу «сыщиудына». А щIыналъэм дунейм и щытыкIэм махуэм щэ-плIэ зыщихъуэж щыIэщ. Сыт хуэдэ зэманми убэлэрыгъакъэ - бэлыхь ухэхуауэ арат дэ абы дыщыщыIа зэманым.
ЩыIэщ псалъэ пэж: «Хуэмыза лIыфIщ». ЩыIащ хуэзахэри.
А пщэдджыжьым «Красная Кабарда» колхозым и Iэщ дохутыр нэхъыщхьэ ХьэцIыкIу Мысост жьыуэ зиужьащ, Жьуарджэн хъупIэ нэхъ жыжьэм щыIэ фермэхэм кIуэуэ якIэлъыплъыну. Абы шыкIэ фIэкIа укIуэфынутэкъыми, сменэ зэблэкIыгъуэм зригъэхьэлIауэ арат. Колхозым иIэ «Къалэ цIыкIу» Iэщ комплексым тет Iэщхэмрэ джэд фермэхэмрэ къуажэм пэжыжьэтэкъыми, абыхэм я щытыкIэр япэ зригъэщIэну нэху здэщым лъэсу ежьащ. ИлъэгъуахэмкIэ и гур зэгъауэ къыщыкIуэжым, Жьуарджэн зэрыкIуэн хуея ДУК машинэр къыхуэзэжащ. Уэ узэрыхуейм хуэдэу Iуэхур сытым дежи зэфIэкIрэ? Фермэхэм зыкъомрэ щыгуващ, шоферым и Iуэху зыбжанэ зэфIигъэкIащ. Апхуэдэурэ шэджагъуэм нэблэгъащ.
- ТIэкIу дыгувами, дызэрыкIуэнур щащIэкIэ, къыдэжьэу къыщIэкIынщ, - жеIэ Мысост, игурэ и щхьэрэ зэтелъу. Ауэ уэ жыпIэкIэ зэфIэкIрэ - щызэгурыIуа зэманыр блэкIащ.
Сменэр къыщежьэн хуейуэ псы щрагъахъуэ щIыпIэм нэсмэ, зыри щыIэтэкъым. Сменэр зэфIэкIри, лэжьакIуэхэр пщыIэм кIуэжауэ къыщIэкIащ. Дыгъэр ныкъуэкъухьэ хъури, дунейр кIагъэпшагъэм хуэкIуащ. ЩIыIэбжьщ. Ар щIыфэми лъакъуэхэми зыхащIэ хъуащ. Мысост мурад ищIащ зимыгъэгувэу пщыIэм лъэсу нэсыну. Ипэ къита Iуащхьэшхуэм и джабэм и зэхуэдитIыр зэпича къудейт зэуэзэпсэу дунейр «щыублэрэкIам»: къуэ кIуэцIым пшагъуэ гуп къызэрыдэхащ, жьапщэ къыкъуэуами зиIэжьакъым, тхьэрыкъуэхэм къашыргъэ яхэуам хуэдэу, пшэхэр зыбгрихуащ. Уэшх нэужьым ятIэ бдзантхьэу щытар къургъакъ хъужащи, псынщIэу игъакIуэркъым. Iуащхьэшхуэм и щыгум нэса къудейт кIыфI щыхъуам. Дунейр апхуэдизкIэ кIыфIщи, уяпэ итыр плъагъуркъым. «Къэнэжар куэдыжу къыщIэкIынкъым, бгым сехмэ къуэм дэсу къыщIэкIынщ», - жеIэ Мысост, и гур игъэфIу. Ауэ, кIыфIмэ, абы ищIыIужкIэ пшагъуэмэ, угъуэщэныр куэдрэт.
Гупсысэм хэту здэкIуэм, тощхьэрыукIри, гъуэгу нэпцI къыпэщIэхуам тоувэ. Зыкъомрэ кIуа иужькIэщ Мысост зэрыгъуэщар къыщыгурыIуар. Дыгъужьхэмрэ хьэIуцыдзхэмрэ ч зэманщи. зэпэджэжу къуэр къагъэпсалъэ. УкъэувыIэнкIэ Iэмал иIэкъым, абыхэм сытри къуащIэфынущ. ПсэзэпылъхьэпIэм ихуа щIалэщIэм шынэр къытекIуащи, щтэIэщтаблэщ. «Бгынэжауэ зы пщыIэ е чэщанэжь гуэри сызэрыхуэмызэ, - жеIэ Мысост хьэмбыIуу тIысауэ здэщысым. - ЗыщIыпIэ зыкъуэзудыгъуэнти, нэху щыхукIэ сыкъуэсынт. Абы нэхъей зы бэш гуэри къэзмыщта. СыкIуэурэ бгым сыщыхумэ… СымыкIуэми дыгъужь мэжэщIалIэхэм сапэщIэхуэрэ сыкъауфэрэзыхьмэ… Хьэуэ, хьэуэ, сыкIуэнщ хуэмурэ, е сылIынщ, е сылIэнщ».
Зы Iуащхьэ дэнэ къэна, бгитIи зыпичащ, ауэ фермэхэр Iэпхъуами ярейщ. Къуэ иным хуэмурэ къыдэпща пшагъуэхэр мыпIащIэу щIым тебзэхыкIыжри, уафэ гъуэгум теувэжащ.
Хуэмурэ здэкIуэм абы къыхуэзащ фочыр гъэпкIауэ зыIыгъ лIы хэкIуэта мыцIыху гуэр.
- Дэнэ укъикIа, щIалэ, мыпхуэдэ дунейм? - къоупщI ар. - КIуэдыжыпIэ къэплъыхъуэу ара? Щыгъын пщыгъыу укъалъхуащ уэ щIалэ, умыщIэми. Си гъащIэр мы щIыпIэм щызохьри, иджыщ щыслъэгъуар тегушхуэу лъэсу мыбы къыщызыкIухь. ПхужыIэнкъым мыбы хьэкIэкхъуэкIэ мэжэщIалIэу щыIэр зыхуэдизыр. Мыщэ си гугъэу бетэмалу сыноуэрт. Зы жэщ дэкIыркъым абыхэм ящыщ димыхьэщIэу.
- Сэ Iэщ дохутыру солажьэ, «Красная Кабарда» колхозым и фермэ мыбы щыIэхэм сокIуэ, - жэуап ирет, и гур нэхъ къызэрыгъуэтыж хуэдэу хъуауэ.
- Уэ дэнэ къэна, мыбы илъэс куэд щIауэ къихьэ сэ мыпхуэдэ дунейм сымыгъуащэу сыкъэкIуэфынукъым. Неблагъэ, жэщым си деж ущыIэнщи, нэху зэрыщу сэ усшэнщ уздэкIуэм, - жеIэ лIы мыцIыхум.
АрщхьэкIэ Мысост и гъуэгу къытекIыркъым, фермэм жэщ мыхъуу нэсыну и мураду. ПсэзэпылъхьэпIэм иту, хьэкIэкхъуэкIэ хуэзэIамэ, и сэ жан цIыкIури хьэзыру иIыгъыу, щIалэр псынщIэу ежьэжащ. Куэдрэ кIуа- мащIэрэ кIуа ар? Зэман дэкIрэ и щхьэр къиIэтмэ, и пащхьэ зы лIы гуэр итщ. Еплъмэ – ар здэкIуэ фермэм и унафэщI Къэбардэ Аслъэнбийт.
- Уэлэхьи мы щIыпIэм илъэс куэдрэ ита дэ лъэсу пщыIэм метр зыбгъупщIкIэ дыIумыкIыф дзыхь тщIыуэ. Шы дызытесыр аращ гугъапIэу диIэр, дыгъуащэмэ. Иджыпстуи аращ, пщыIэр дэнэкIэ щыIэмэ сщIэркъым, шхуэмылакIэр хуит сщIыуэ сахьыжыну аращ. Уэлэхьи лIыгъэшхуэ пхэлъым абы нэс лъэсу къикIа уэ, - жеIэ Аслъэнбий. - Дауи утегушхуа, гъуэгу махуэрэ, мыбы лъэсу укъэкIуэну? Унасыпыншэу къыщIэкIынкъым уэ, гъащIэ уиIэщ, Мысост. КъэкIэс мыдэ.
Иджыри зи гур къимыхьэжа щIалэм зыри жиIэфыркъым, йодаIуэ Аслъэнбий жиIэм. ИужькIэ зыкъещIэжри:
- Си гугъащ жэщ мыхъуу сыкъэсыну, зэи сыкъэкIуакъым мы щIыпIэм, - ет жэуап.
А пщыхьэщхьэм, илъэс куэд щIауэ мы щIыпIэм щыIэ и лэжьэгъухэм хьэкIэкхъуэкIэхэм ятеухуауэ къаIуэтэжахэм иужькIэщ Мысост къыщыгурыIуар зэрымынасыпыншэр.
А зэманым Мысост и фэм икIар сэ фIыуэ къызгуроIуэ, сыту жыпIэмэ сэри «Восток» колхозым Iэщ дохутыр нэхъыщхьэу сагъэкIуа къудейуэ апхуэдэ зыгуэр къысщыщIащи.
Председателым сыщIишэри унафэ къысхуищIащ: «Алтыякъ» хъупIэм щыIэ Iэщхэм уз гуэр къахыхьауэ къаIуэхуащи, умыкIуэу хъунукъым». Унафэр унафэт, сымыгъэзащIэмэ къэхъунур сщIэрти, зоотехник- селекционер Шэтым машинэкIэ «Урды» аузым дыдэтурэ «Науржьыдзэ» бгы мэзылъэм нэс сишащ.
- Мы бгым узэрыдэкIыу адэкIэ къэнэж щыIэкъым, - жиIэри езыр къежьэжащ. Къежьэжар здэрт, кIуэнми зыгуэр есщIэнт, ауэ щыIужыжым къыскъуидзэжар мыхъуамэ: «Мухьэмэд, а мэз узыщIэкIынум мыщэ щIэсщи хуэсакъ».
Сыгъуащэу къэскIухьурэ си фэм икIам и гугъу сщIынкъыми, пщIэнтIэпсыр ескъуэкIыу жэщ ныкъуэм деж фермэр къысхуэгъуэтауэ арат абы щыгъуэ. Ауэ ар нэгъуэщI хъыбарщи, иужькIэ къэсIуэтэнщ. Мысост и гугъу пщIымэ, ар псэзэпылъхьэпIэм къызэрикIам шэч лъэпкъ хэлътэкъым».