И нэIэ щIигъэтщБахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб иджыблагъэ къызэхикIухащ щIыналъэм и къуажэхэр икIи зыщигъэгъуэзащ социальнэ ухуэныгъэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ абыхэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр здынэсамрэ щIыпIэ псэупIэ фондым фэтэр куэду зэхэт унэхэр псы хуабэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и IэнатIэр къызэрагъэщIэрэщIэжамрэ. ЯпэщIыкIэ ар щыIащ Къубэ-Тэбэ къуажэм. Мыбы лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI фэтэр куэду зэхэт унэхэм щыпсэу унагъуэхэм я пэшхэр езыхэм щхьэхуэу къагъэплъыж хъууэ зэтеублэным хуэунэтIауэ. Абыхэм трагъэкIуэдэну ахъшэр бюджетым щымыщ мылъкущ. Абрэджым зригъэлъэгъуащ монтаж лэжьыгъэхэм я фIагъыр зыхуэдэр икIи епсэлъащ IэщIагъэлIхэмрэ унэхэм щыпсэухэмрэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыхухэм я унэхэр езыхэм къагъэплъыжын щIадзэу щытмэ, хуабэ яIэрымыхьэнкIэ е къызэпыудынкIэ шынагъуэр ящхьэщыха хъунущ, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм трагъэкIуадэ ахъшэми хэпщIыкIыу хэщIынущ. Зеикъуэ къуажэм Абрэдж Iэдиб къыщызэхиплъыхьащ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж курыт еджапIэ №№I, 3-хэр. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. ХьэщIэр яхуэзащ ухуэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм икIи ахэр тепсэлъыхьащ зыхуагъэувыжа пIалъэм тету, фIагъ лъагэ яIэу, иджырей мардэм къитIасэ материалхэр къагъэсэбэпу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIын зэрыхуейм, абы щхьэкIи щIапхъэхэм. Мыбдежым псом нэхърэ щынэхъыщхьэр еджакIуэ цIыкIухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ нэсу къызэгъэпэща хъунырщ. Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIыр щыIащ Бахъсэненок къуажэми. Жылэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэу тIу щаухуэ. Япэр сабий садыщIэрщ. Абрэджым зригъэлъэгъуащ ухуэкIуэхэр я лэжьыгъэм зэрехъулIэ щIыкIэр. ЕтIуанэр, курыт еджапIэ №I-рщ. Ар къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. ЗэкIэ унэ пэшхэр къращIыкIащ, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкI. «Къуажэ щIыпIэхэм я коммунальнэ, социальнэ инфраструктурэхэр егъэфIэкIуэныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм яхохьэ. Школхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр, сабий садыщIэхэр ухуэныр, хуабэр зыхъумэ Iэмалхэр псэупIэхэм къыщыгъэсэбэпыныр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэщ. Лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ къэрал программэхэмрэ япкъ иткIэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм сыт щыгъуи дакIэлъоплъ икIи ткIийуэ ди нэIэ ятедгъэтщ: материал къагъэсэбэпынухэр къыщащэхум деж къыщыщIэдзауэ объектхэр хьэзыр хъуауэ щатыным нэсыху», - жиIащ Абрэдж Iэдиб.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




