Хэкур зэрагъэцIыху«Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» программэм ипкъ иткIэ, ди хэкум кърагъэблэгъащ хамэ къэралхэм щыхэхэс адыгэхэр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм, «Россотрудничество» агентствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ мы Iуэхур къыдахащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым техуэу икIи ди республикэр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 470-рэ щрикъум ипэ къихуэу. Москва, Налшык, Черкесск ирагъэлъагъуну, ирагъэцIыхуну, адэжь щIыналъэм щекIуэкI псэукIэмрэ Iэмалхэмрэ зыщагъэгъуэзэну кърагъэблэгъащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, Абхъазым щыщ ди лъэпкъэгъуу цIыху 20-м щIигъу. Къалащхьэм щекIуэкIа зэIущIэхэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зи пашэ лIыкIуэ гупри. Абыхэм яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Къэрал зытхухым щыщ адыгэ цIыху 40-м щIигъум Москва щагъэкIуа махуищым къриубыдэу Iуэху гъэщIэгъуэн куэдым хэтащ. Хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ щыхьэрым и дахагъымрэ инагъымрэ ирагъэлъагъуу, и тхыдэм щагъэгъуазэу къалащхьэм къыщрашэкIа нэужь, адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэныгъэм, зэкъуэтыныгъэм, щэнхабзэ зэдэлэжьэныгъэхэм щыхьэт техъуэ тхыдэ щIыпIэхэм яшащ. Москва Кремлым и Музейхэм ящыщу къыщыщIадзар Оружейнэ палатэрщ. Ар хъугъуэфIыгъуэ, лъапIэныгъэ куэд зыщIэлъ, Кремль Уардэунэм и зы Iыхьэщ. Абы щахъумэ пасэрей къэрал регалиехэр, пащтыхьым и фэилъхьэгъуэ ехьэжьахэр, дыщэ, дыжьын, налкъутналмэс зыхэс тажхэр, урыс чыристан члисэм и иерарххэм я щыгъынхэр, дыщэ, дыжьын хьэпшыпхэмрэ унэлъащIэхэмрэ, Iэщэ лIэужьыгъуэхэр, уеблэмэ лIэщIыгъуэ, илъэс зэхуэмыдэхэм пащтыхьхэр къызэрырашэкIыу щыта гу гъэщIэрэщIахэр, нэгъуэщIхэри. Хамэ къэралхэмрэ Урысейм и щIыналъэхэмрэ икIа гупышхуэр щыIащ Кремлым и Архангельскэ члисэм, Грозный Иван и щхьэгъусэу щыта, Къэбэрдейм и пщышхуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Марие и хьэдэр зыщIэлъым. Пащтыхь гуащэхэмрэ пащтыхьыпхъухэмрэ я хьэдэхэр Архангельскэ члисэм и щIыунэм 1929 гъэм къахьыжауэ щытащ, ахэр зыщIэлъа къулъшырыфыр къагъэуа нэужь. Грозный Иван и етIуанэ щхьэгъусэ Марие 1561 гъэм Москва къашэу, урыс пащтыхь гуащэ хъуауэ зэрыщытар къыджиIащ музейм и лэжьакIуэм. Абыхэм я къуэ цIыкIур щыщIалъхьа щIыпIэр зыми ищIэжыркъым, хуэгъэфэщауэ фIэкIа, мазэ зыбжанэщ ар зэрыпсэуар. XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, щIэныгъэлIхэм ягъэбелджылащ Марие и лъагагъыр зы метррэ сантиметр 60-м нэблагъэу зэрыщытар. Ар а лъэхъэнэм бзылъхугъэ лъагэу жыпIэ хъунут, цIыхухэр абы щыгъуэм нэхъ лъахъшэу зэрыщытам тепщIыхьмэ. Абы ипкъ иткIэ, Марие и бэныр нэхъ инщ, адрей пащтыхь щхьэгъусэу щытахэм яйм нэхърэ. Марие и къупщхьэ къагъуэтыжахэм мышьяк куэд зэрыхэлъар къахутащ, ауэ абы щхьэкIэ щыхьэт утехъуэфынукъым ар ягъэлIауэ жыхуаIэ Iуэху еплъыкIэм, мышьякыр хущхъуэ папщIэу зэманыжьым къагъэсэбэпу зэрыщытам къыхэкIыу, ар сымаджэ хъууэ ягъэхъужагъэнкIи хъунущ. Марие и щхьэ къупщхьэр хъума зэрымыхъуар, Грозный Иван и щхьэгъусэу щыта бзылъхугъиплIым я хьэдэхэр пластик кейсхэм далъхьэу, мывэ бэнхэм иралъхьэжауэ зэрыщытым дыщигъэгъуэзащ дыкъезышэкIа бзылъхугъэм. Щыхьэрым щыхьэщIэхэр адэкIэ щыIащ Москва къалэм и Новоспасскэ ставропигиальнэ къулъшырыфым. Знаменскэ члисэм урыс лъэпкъ щэджащэхэм (Романовхэ, Шереметьевхэ, н.) къахэкIахэм нэмыщI, Черкасскэ пщыхэм я хьэдэхэр щыщIалъхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ щрикъум ирихьэлIэу, Черкасскэ лъэпкъым щыщхэм я фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахауэ щытащ абы. Ди къэралым и тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыдащ Черкасскэхэм, ахэр щытащ урыс къэрал унафэщIхэм я дзыхь зрагъэз, я дарэгъу цIыхухэу. Члисэм фIэлъ фэеплъ пхъэбгъум тетхащ: «Мыбдеж, Новоспасскэ къулъшырыфым и Знаменскэ члисэм, щIэлъщ Черкасскэ пщыхэм я лIакъуэм щыщхэр. Черкасскэ пщыхэр (Темрыкъуэ, Къамболэт, Сэнджэлей, Бекович сымэ я щIэблэхэр) къызыхэкIар Къэбэрдейм щыщ шэрджэсхэрщ. 1561 гъэм къыщыщIэдзауэ абыхэм Къэрал УнафэщIым Москва къалащхьэм къулыкъу щыхуащIащ, пащтыхь Иван IV Темрыкъуэ ипхъу Марие щхьэгъусэ хуэхъуа нэужь. Хэкум и къуэ пэжхэм яхэтащ генералиссимусрэ канцлерышхуэрэ, губернаторхэмрэ дзэхэм я унафэщIхэмрэ, боярхэм я думэм пщIэ зыхуащIу хэта цIыху 12. Къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытурэ, Черкасскэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэным. А нэхъыжь щэджащэхэм я фэеплъу икIи Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 460-рэ щрикъу илъэсым и щIыхькIэ мы пхъэбгъур ягъэуващ абыхэм фIыщIэ яхуэзыщI я щIэблэм къабгъэдэкIыу. Я псэр здэкIуам Тхьэм щигъэтынщ». Хамэ къэралхэм, Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм хиубыдэ хэгъэгухэм икIа адыгэхэр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыкIуэм и хэщIапIэу Москва щыIэм. Абы хьэщIэхэм къащыIущIащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м я лIыкIуэу зэпымычу Москва щыIэхэу Быкъыш Ратмир, Дер Эдуард, Мыгу Беслъэн сымэ. Бысымхэм къызэрыджаIамкIэ, ди хэщIапIэр УФ-м и Президентым и УнафэкIэ 1992 гъэм къызэрагъэпэщащ. Морозов Сергей и уардэунэр КъБР-м хухахри, и уней мылъкуу къратащ. Илъэс 30-м щIигъуауэ мэлажьэ. Унэ зыбжанэ дэтщи, зым хьэщIэхэр щрагъэблагъэ, сэмэгурабгъумкIэ щытыр КъБР-м и Iэтащхьэм и резиденцэщ, Москва кIуа нэужь, зэIущIэхэр щригъэкIуэкIыу. Представительствэм щызэхэта зэхуэсыр къыщызэIуихым ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ ди лъэпкъым къыхэкIа лIы щэджащэ куэдым Москва ижь-ижьыж лъандэрэ лэжьыгъэ купщIафIэ щрагъэкIуэкIыу, лIыгъэ яхэлъу, пащтыхьхэм я дзыхь кърагъэзу зэрыщытар, иджыпстуи IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыпашэу Москва адыгэхэр зэрыдэсыр.
Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ зэкъуэш республикищыр сыт и лъэныкъуэкIи зэпыщIауэ зэрыщытыр, абыхэм я Iэтащхьэхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрызэдэлажьэр. Апхуэдэ дыдэу хэгъэгухэм я хэщIапIэу Москва щыIэхэми я лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэрырахьэкIыр игъэбелджылащ. Дер Эдуардрэ Мыгу Беслъэнрэ жаIащ я хэкуэгъуу, лъэпкъэгъуу Москва IуэхукIэ къакIуэхэми, зи узыншагъэм кIэлъызыгъэплъхэми, щеджэхэми, щылажьэхэми яхуэзэну, ядэIэпыкъуну, къэувыIэпIэ къыхуагъуэтыну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр. Апхуэдэ дыдэу Быкъыш Ратмир жиIащ мы хэщIапIэр Москва адыгэу къекIуалIэм я унэу, я зэхуэзапIэу зэрыщытыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэхэр зэрыщригъэкIуэкIыр. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




