И фIыщIэр инщСабий литературэр зэфIэувэным и япэ сатырым хэтахэм ящыщ шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд и цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ литературэм зегъэужьыным. Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Мадинэрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абазэ Албэчрэ абы и IэдакъэщIэкIхэр щызэпкърахащ «ПсыжапIэр бгъуфIэ зыщIа тхакIуэхэр» я тхыгъэм. «ДыщэкI Мухьэмэд и сабий тхыгъэхэм хэт персонажхэр псэукIэщIэм и щIэблэщ, абыхэм я гупсысэри IуэхущIафэри зыхуэунэтIар ар япэкIэ гъэкIуэтэнырщ. ТхакIуэм и япэ рассказхэр схематизмэм и къупхъэм имыкIыфами, лъэпкъ литературэм дежкIэ лъапIэщ. Лъэхъэнэм и плъыфэхэр къызытещ апхуэдэ тхыгъэхэмкIэщ абы и япэ лъэбакъуэхэр зэричар. «Жамботрэ Бадыррэ я тхыдэ» рассказым зи гугъу щыщIар революцэм и лъэхъэнэм халъхуа сабийхэм я гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэрщ, абыхэм я гупсысэм зэрызихъуэжырщ. Хьэсэнрэ абы и щхьэгъусэ Зулийрэ бынитху яIэт, хуэмыщIауэ псэухэрт. Авторым къытхуеIуэтэж революцэм ипэкIэ унагъуэр зыхэта къулейсызыгъэр. Зэщхьэгъусэхэр пасэу дунейм ехыжащ. Быным я нэхъыжь Жамбот, мафIэгу станцэм кIуэурэ лажьэрти, урысыбзэр зригъэщIащ. Революцэр лъахэм къыщысым, ар плъыжьхэм яхыхьащ. Ар къыщащIэм, зэкъуэшхэм хужьыдзэм хэтхэр къатеуащ икIи нэхъыжьыр къаукIащ, абы къыкIэлъыкIуэ Бадырэ уIэгъэ хьэлъэ хъури, и закъуэу мэзым къыщIэнащ. Ар къэзыщIа и шынэхъыщIитIыр Бадырэ лъыхъуэу йожьэ. Куэдрэ къакIухьащ абыхэм, я хьэр я гъусэу, икIэм-икIэжым я къуэшыр мэхауэ къагъуэтыжащ. НыбжьыщIэ цIыкIухэр Бадырэ дэIэпыкъуурэ, гъуэмылэ хуахьурэ ягъэхъужащ. Апхуэдэ сабий хахуэхэм я щапхъэщ дызыщрихьэлIэр «Машэ зэхуэс тхьэмадэщ» рассказми. ТхакIуэм абы къыщегъэлъэгъуэж щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыным пыщIауэ щыта гугъуехьхэр. Адэхэр зауэм щыIэти, балигъхэм я къалэнхэр зи пщэ къыдэхуэр зи ныбжь нэмыса ныбжьыщIэхэрт. Рассказым и лIыхъужь нэхъыщхьэ, илъэс 12 зи ныбжь Машэ станицэ школым щоджэ, урысыбзэри фIыуэ ещIэ. Зэгуэрым абы къуажэдэс сабийхэр я унэм щызэхуишэсри, къэралым щекIуэкIхэмрэ езыхэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэмрэ тепсэлъыхьащ. Машэ тхьэмадэу щыхаха зэхуэсым унафэ щащI псом япэу къуажэ клубыр зэгъэпэщыжын хуейуэ. А жэрдэмыфIыр нэхъыжьхэми къыдаIыгъащ икIи къадэIэпыкъуащ. НыбжьыщIэхэр жылагъуэ лэжьыгъэм хэтыну, жэрдэм зэхуэмыдэхэр къыхалъхьэу, жыджэру щытыну къыхуезыджэ тхыгъэщ мы рассказыр. Публицистикэр къызэбэкI мыпхуэдэ тхыгъэхэрщ а зэманым нэхъыбэу ди тхакIуэхэм ятхыу щытар. «ЦIыху дыгъужьхэр» рассказым лъабжьэ хуэхъуар XX лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм щыIа гъащIэ гугъурщ. Уэсмэн илъэсибл хъуа къудейуэ аращ, ауэ щIэныгъэм и нэ къыхуокI, еджапIэм кIуэуэ пщIыхьэпIэу елъагъу. Абы бжэн IэрыпI иIэщ, махуэ псом а тIур зэгъусэщ. Зэгуэрым бжэныр дэкIри кIуэдащ. Куэдрэ къилъыхъуащ ар сабийм, ауэ зыщIыпIи щигъуэтакъым. ИужькIэ и къуэш нэхъыжь Къалмыкъ и деж макIуэ, и бжэныр зэрыкIуэдар жриIэну. Ар езыри илъэс I3 хъууэ арат, школым щеджэрт, гъэмахуэм колхозым щылажьэрт. Зэкъуэшхэм куэдрэ къалъыхъуащ бжэн IэрыпIыр, икIэм-икIэжым мэзым къыщагъуэтыжащ. Ар къыщалъэгъуам, зэкъуэшхэр Iэнкун хъуат – дыгъужьым кърихуэкIырт бжэн цIыкIур. Абдежым Уэсмэн апхуэдизкIэ ину кIияти, дыгъужьыр щтэри щIэпхъуэжащ. Абы къыдэкIуэу ныбжьыщIэхэм балигъхэм зэрахьэ щIэпхъаджагъэ гуэрхэри къыщIагъэщащ. «Дыгъужь лъакъуитIхэр» рассказым и лIыхъужь Мурат илъэс I4 хъуа къудейщ, ауэ колхозым доIэпыкъу, былымхэр яхуегъэхъу. Хьэмзэти къуажэдэсхэм я жэмхэр игъэхъурт. ХъупIэр псы цIыкIум и гъунэгъути, махуэм и хуабэгъуэм былымыр абы ирахулIэрт. Зы махуэ гуэрым хъушэм нэхъ сабыр дыдэу хэта жэмыр хэкIуэдыкIащ. Абы лъыхъуэурэ дыгъур къаубыдащ – ар Меншакът. ЩIалэхэм къащIар яIуэтэжащ, «ди къуажэ былымхэр зыдыгъур дыгъужь лъакъуитIхэрщ» псалъэхэри дыщIагъужащ. КIэщI дыдэу щIэпхъаджащIэхэр яубыдащ, щIалэ цIыкIухэм я фIыгъэкIэ дыгъужь лъакъуитIхэр хэт сымэми къахутащ, езы сабийхэм нэхъыжьхэм я фIыщIэ къалэжьащ. Къызэрыхэдгъэщащи, ДыщэкIым и тхыгъэхэм я нэхъыбэм къыщыгъэлъэгъуэжар совет лъэхъэнэм и япэ илъэсхэм цIыхухэм я псэукIар, дуней тетыкIарщ. Ахэр зы лъэныкъуэкIэ ещIауэ тхакIуэм къигъэлъэгъуэжами, нобэрей адыгэ литературэм дежкIэ лъапIэщ: а тхыгъэхэрщ илъэсищэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, лъэпкъым и псэукIар, унагъуэм исхэм я зэхущытыкIар, къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр зыхэтлъэгъуэжу къэнар. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъ литературэбзэм и зэфIэувэгъуэ лъэхъэнэм абы иIа щытыкIэмрэ нобэ игъуэта теплъэмрэ иризэбгъэпщэну а тхыгъэхэм Iэмал хъарзынэ къыуат. Абыхэм ящыщщ «Алмэсты» рассказри. Абы и лIыхъужь нэхъыщхьэ Мысост мэкъумэшыщIэ унагъуэ хуэмыщIам къыхэкIащ. И адэр хужьыдзэм яукIащ, ауэ щIалэ ерыщ цIыкIум пэщIэдзэ щIэныгъэ зригъэгъуэтащ. Зэгуэрым ар гъунэгъу къуажэм ягъакIуэ колхоз къызэригъэпэщыну. Ар гъуэгум и гур уфэрэнкIауэ къытена ныбжьыщIэм хуозэри доIэпыкъу. Къуажэм щынэсыжам, иригъэблагъэри пщыхьэщхьэшхэ ирагъэщIащ. Сырыху хьэщIэм къыжриIащ я къуажэм колхоз къыщызэригъэпэщыну зэрихъуэпсапIэр. Псалъэмакъым хэту, щIалэм жиIащ я къуажэм алмэсты къызэрыщыунэхуар, абы къуажэдэсхэр зэрихъунщIэр. А жэщ дыдэм щIалитIыр ежьащ алмэстыр къалъыхъуэну икIи куэд дэмыкIыу къаубыдащ хъунщIакIуэр – ар къуажэ ефэндырауэ къыщIэкIащ… НыбжьыщIэхэр гъащIэм жыджэру къыхэшэнырщ зыхуэлажьэр «Сабийхэр Дзэ Плъыжьым и дэIэпыкъуэгъущ» рассказри. ЩIымахуэщ, уаещ, сэлэтхэр окопэм щIыIэм иресхьэ. Абы ирихьэлIэу частым и командирым унафэ ещI хужьыдзэм зыщагъэбыда къуажэр къащтэну. Дзэ Плъыжьым хэтхэм ар яубыд. Командирхэр зыщIэтIысхьа унэм щIалэ цIыкIу щыпсэурт. Зэгуэрым абы гу лъетэ командирхэм ящыщ зыр жэщ ныкъуэм унэм зэрыщIэкIам. Командирым гурыщхъуэ хуищIат къэрэгъулми. Абы къилъэгъуащ командирым нэху иригъэдзурэ гу зэрызылъригъатэр. А жэщым илъэгъуахэр псоми зэхахыу иIуэтэжащ щIалэ цIыкIум. А щIалэщIэм и гулъытэмрэ губзыгъагъымрэ я фIыгъэкIэ епцIыжакIуэр къаубыдащ. А рассказым и сюжетым тхакIуэм къыщыпещэ «Даут къехъулIар», «Дзэ Плъыжьыр колхоз ухуакIуэщ» тхыгъэхэми. XX лIэщIыгъуэм и 20–30 гъэхэм еджэныр, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр зи псэм хыхьа ныбжьыщIэ ерыщхэрщ, хахуэхэрщ ДыщэкI Мухьэмэд и сабий творчествэм щынэхъыщхьэр. Сабийхэм я гупсысэкIэм зэрызихъуэжыр, абыхэм я хъуэпсапIэу щытахэр образ гукъинэжхэмкIэ къытхуэзыгъэна тхакIуэм и фIыщIэр инщ». Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




