Къулъкъужын Ипщэм и амбулаторэщIэ«ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм пкъ иткIэ Бахъсэн районым и Къулъкъужын Ипщэм амбулаторэщIэ щаухуэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм унэ лъабжьэр яIэтауэ блынхэр дращIеиным иужь ихьэнущ.
Къуажэм сымаджэщыщIэ зэрыщыухуэн хуейрэ куэд щIат. Иджырейр щаухуар 1936 гъэрт, жьы хъуат икIи цIыхухэм абы щыхуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр иджырей мардэхэм къитIэсэжыртэкъым. А псом нэмыщI, иужьрей илъэс 50-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым сымаджэщым.
Къулъкъужын Ипщэ жылэм и кум иджы щаухуэну амбулаторэщIэм метр зэбгъузэнатIэу 350-рэ ирагъэубыдынущ, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыху мини 3,5-м щIигъум хуащIэнущ. Абы хэтынущ, терапевтхэм, сабий дохутырхэм, нэгъуэщI IэщIагъэлIхэми я пэш зэпэщхэр. Узыншагъэр къызэрапщытэ иджырей оборудованэхэмрэ техникэхэмрэ щIэтынущ. Лэжьыгъэхэр 2027 гъэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
Школыр къагъэщIэрэщIэж
Налшык къалэм Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ, еджакIуэ I260-м хуэщIа и курыт еджапIэ №3I-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.
НобэкIэ школым пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, унащхьэр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, ток кIапсэхэр зэрахъуэкIащ. ЕджакIуэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ я пэшхэр зыхуей хуагъэзащ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм унэ IуплъапIэр зэIузэпэщ ящI, теплъэ дахэ ират. Абы къыдэкIуэу, унэлъащIэ, иджырей оборудованэхэмрэ техникэхэмрэ пэшхэм щIагъэувэ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
ПаркыщIэхэр
Налшык къалэм 2-нэ Таман дивизием и цIэр зезыхьэ уэрамым ирикIуэу щаухуэ ТекIуэныгъэм и паркым и етIуанэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, къитащ щIыпIэ администрацэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, метр зэбгъузэнатIэу мин I2-м щIигъу хъууэ паркым и япэ Iыхьэм ирагъэубыда щIым тротуар плиткэхэр иралъхьащ, абы щыпхаша аллее Нэхъыщхьэр, Курытыр, ЕтIуанэр, ЛIыхъужьхэм я Аллеер зэIузэпэщ ящIащ.
ЕтIуанэ лэжьыгъэ Iыхьэм хиубыдэу лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъэзэн щIадзащ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр иралъхьащ, ток кIапсэхэр щIы щIагъым щагъэпщкIуащ, иджырей уэзыдгъэхэр зыпадзэну пкъохэр ягъэуващ.
Апхуэдэуи ТекIуэныгъэм и паркым жыгыщIэ цIыкIухэр куэду щыхасащ. ЖыпIэнурамэ, жыг зэхуэмыдэу 2I6-рэ - абыхэм ящыщу 72-р шыкIуртIыму, 72-р бзиихуу, 72-р пхъэхуейуэ.
ИщхьэIуэкIэ зи гугъу щытщIа къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, а уэрам дыдэм иджыри экстрим-парк щаухуэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэр йогугъу сабийхэм я джэгупIэм хэт скалодромымрэ скейт-паркымрэ. Абыхэм къадэкIуэу, иджырей уэздыгъэхэм хуэщIа торшерхэр зыпадзэну пкъохэри ягъэув.
Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ къыщакIухьыну, я нэгу зыщрагъэужьыну лъэс лъагъуэхэмрэ псы жапIэхэмрэ и кIэм нагъэсащ нобэкIэ.
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, экстрим-паркым хэтынущ сабийхэм я джэгупIэ зэпэщ, щIалэгъуалэм я спорт утыкухэр, зыгъэпсэхупIэхэмрэ цIыхухэм къыщакIухьын лъагъуэхэмрэ, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр щIыбым щебгъэкIуэкIыным хуэщIа амфитеатр, администрацэм и хэщIапIэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI, экстрим-паркымрэ Налшык и псы Iуфэмрэ зэпхауэ щытынущ.
Районищым щаухуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий садыщIэхэр къыщызэIухыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2025 гъэм щрагъэжьауэ республикэм и щIыналъищым иджырей сабий садхэм хуэдэ щаухуэ. Ахэр щыIэщ Iуащхьэмахуэ, Аруан районхэмрэ Бахъсэн къалэмрэ.
НобэкIэ ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIищми лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэр щызэфIагъэкIащ: къатитIу зэтет унэхэр яIэтащ, унащхьэхэр тралъхьащ, щхьэгъубжэхэр хагъэуващ. Иджыпсту лэжьакIуэхэр зыпэрытыр унэ щIыбхэмрэ пэшхэмрэ ехьэлIа Iуэхухэрщ.
Iуащхьэмахуэ районым и Гундэлэн къуажэм щаухуэ садым и IуплъапIэр зыхуей нобэ хуагъазэ, теплъэ дахэ абы ират. Ар сабийуэ 100-м хуэщIауэ щытынущ.
Аруан районым и Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыIэм инженер коммуникацэхэр щыщIашэ, унащхьэри и кIэм нагъэс. Сабий садым метр зэбгъузэнатIэу 1500-рэ иубыдынущ.
Бахъсэн къалэм и ухуэныгъэщIэми лэжьыгъэ нэхъ инхэр щызэфIагъэкIащ, иджыпсту пэшхэр къращIыкI, инженер коммуникацэхэр щIашэ. Абы сабийуэ 140-рэ зэуэ щаIыгъынущ.
Сабий садыщIэхэм, псом япэрауэ, цIыкIухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ нэсу къыщызэгъэпэщауэ щытынущ. Абыхэм хэтынущ ахэр щыджэгуну, щыжеину пэшхэр, макъамэмрэ физкультурэмрэ я залхэр, дохутырхэм я кабинетхэр, нэгъуэщIхэри.
Ухуэныгъищри 2027 гъэм ятынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




