КъехьэкI-нехьэкI хэлътэкъым

Лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ езэш имыIэу хуэлэжьащ КIурашын БетIал. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIым ухуэзыущийщ, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэр къэзыгъэлъагъуэщ икIи зыхъумэщ. ЖыпIэнурамэ, къызыхэкIа лъэпкъым псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьа цIыхущ. Адыгэм и зэфIэкIыр лъагэу зэриIэтынум хущIэкъурт, езыр гушхуэрэ псэ къабзэрэ зиIэт. КIурашын БетIал зыдэлэжьахэм ящыщщ телевиденэм и режиссеру лэжьахэу Дэбагъуэ Раерэ Шэрджэс Мухьэмэдрэ. А лIы щыпкъэм теухуауэ абыхэм ягу къагъэкIыж.
Дэбагъуэ Рае: Сэ 1959 гъэм телевиденэм лэжьэн щыщIэздзащ. ИлъэситI-щы дэкIри, БетIал редактор нэхъыщхьэу нагъэкIуат. Ар лэжьакIуэшхуэт, ерыщт. Ауэ и щхьэ Iуэхутэкъым щIиувыкIыр, атIэ лэжьыгъэт. Зыри иригъэIусэнутэкъым итхам. Абы щыгъуэм цензурэр щыIэти, нэтыну хъуар щIаплъыкIырт, псом хуэмыдэу лъэпкъ Iуэхухэм нэхъ тегъэщIауэ. Езы БетIал адыгэм теухуар къызэриIэтыным, и фIыр къызэрыдригъэуеиным пылът. Ар къыпхуадэнт? ЯпэщIэувэрти, езыр зэрыхуейуэ яфIищIырт. Ауэ сытми мыхъуу, документкIэ, щIэныгъэм и къэхутэныгъэкIэ щIигъэбыдыхьырт зытепсэлъыхь Iуэхур. 
 БетIал щIэтхьэусыхэу щыта зы Iуэху гуэрми натIэкIэ деуэлIэжащ. «Мы ди тхакIуэхэм, артистхэм фильм ятедвгъэх, архив дывгъэщI. Шортэн Аскэрбий, Акъсырэ Залымхъан, ТIыхъужь Алий… Дывмыгъэбэлэрыгъ, апхуэдэ цIыху гъуэзэджэхэр зэзэмызэххэщ дунейм къыщытехьэр, дахуэвгъэтIылъэ къэкIуэну щIэблэм…», - жиIэрт БетIал. 
Хуабжьу цIыху гъэщIэгъуэну, адыгэр фIыщэу илъагъуу, цIыху пэжу, жьэнахуэу икIи гугъусыгъуу щытащ БетIал. АпхуэдизкIэ ар цIыху щыпкъэт, цIыху пэжти, тIасхъэщIэх и гъусэу укIуэ хъунущ, жыхуаIэм хуэдэт. Уи дзыхь ебгъэзакIи, зэи уигъэщIэхъунутэкъым, сыт хуэдэ щэху и тхьэкIумэм имыцырхъами, ар игъэхъыбарыжынутэ¬къым…

Шэрджэс Мухьэмэд: И щхьэми нэгъуэщIхэми яхуидэнутэкъым техьэ-текI хьэлыр. «ХыумыщIыкIмэ - умыдауэ, упэжмэ - пэжым тет!» - жиIэрт БетIал. ИриубыдылIэурэ хэти жриIэфынут игу щIебгъар. Абы щхьэкIэ куэдым зыкъыхуагъэгусэрт. Ауэ нэхъыщIэхэр фIыуэ илъагъуу, игъасэу, игъэгушхуэу щытащ. Псалъэм папщIэ, сэ абы фIыщIэ хузощI адыгэбзэм, адыгэ тхыдэм гъунэгъу сызэрыхуищIам щхьэкIэ. 
 Зыми емыщхьу, езым и еплъыкIэ иIэжу БетIал бгъэдыхьэрт тхыдэми, IуэрыIуатэми, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэми. Абы итхыр гурэ псэкIэ къимыгъэщIауэ, и кIэм нэмыгъэсауэ къанэртэкъым. Итхам зыгуэр хэбдзуи зэпхъуэкIыуи идэртэкъым. МыувыIэу зытетхыхьынури адыгэ Iуэхурат. 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: