ХъуэпсапIэм хэкум къишэжащ

Шэуджэн Алан Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэщ, унагъуэ иIэщ, Налшык щопсэу. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым менеджментымкIэ и къудамэр къиухащ. И щIэныгъэм къыдэкIуэу IэщIагъи иIэщ цIыхухъум и щхьэц, жьакIэ-пащIэр зэкIуу зыщI лэжьакIуэщ. И щхьэгъусэ Даянэрэ езымрэ лъэпкъ макъамэхэр зэдагъэзащIэ «ШоКъу» дуэтыр къызэрагъэпэщауэ. Алан Хэкум, макъамэм, адыгэ дунейм теухуауэ и гупсысэхэр арэзы узыщIщ. ЩIалэм адэжь щIыналъэм къигъэзэжащ 2012 гъэм. И адэшхуэм и хъуэпсапIэу щытат Хэкум Iуплъэну, аращ Алани хэкур плъапIэ щIыхуэхъуар. 
Макъамэр, уэрэдыр игуми и псэми хэлъщ Алан. 
- Си анэшхуэр адыгэ пшынэ еуэу щытащ. Сэ ар слъэгъуакъым игъащIэм. Ауэ си гугъэщ пшынэм хуэсщIа лъагъуныгъэр сымылъагъухха си анэшхуэм и деж къыщежьауэ, - жеIэ абы. 
 2008 гъэм япэу къищтащ пшынэр, и адэр къелъэIуат къафэ гуэр къригъэкIыфу зригъасэу хуеуэну. Пшынэ Iэпэм хуэIэкIуэлъакIуэу гу зыщылъитэжым, мурад ищIащ пшынауэ хъуну икIи ар къехъулIащ. Шэуджэным фIыуэ елъагъу адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр, абыхэм я тхыдэр зрегъащIэ. 
- Ди адэжьхэм яхэлъа хабзэмрэ щэнхабзэмрэ схъумэным, ар макъамэм къыхэзнэным согугъу, пасэрей уэрэдыжьхэр зэхахыну, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм я IукIэр зыхащIэну сыхуейщи. Си гугъэмкIэ, лъэпкъым и макъамэ Iэмэпсымэхэр щэнхабзэм и купщIэр зыхъумэ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ, - жеIэ Алан.
ХамэщIым укъыщыхъуауэ анэдэлъхубзэр пхъумэну тыншкъым. Ауэ Алан и унагъуэм дежкIэ ар лъапIэныгъэти, хуэсакъахэщ – унагъуэм анэдэлъхубзэкIэ щыпсэлъащ зэрысабийрэ. Анэдэлъхубзэм щIыгъущ лъэпкъ хабзэри, щэнхабзэри, нэмысри. 
- СызэрыцIыкIурэ сыщIапIыкIащ адыгэ хабзэм. Хамэ щIыпIэм сыкъыщыхъуа пэтми, ди щэнхабзэр си Iэпкълъэпкъым игуэшащ, лъэпкъ гурыгъузхэр зыхызощIэ. 
. 
- НэхъапэкIэ дызыхэта «Джэрпэджэж» гупыр зэбгрылъэлъыжащ, ди жагъуэ зэрыхъущи. ФIыуэ къыдэхъулIэ Iуэхур адэкIэ зэрыдгъэкIуэтэнум, адыгэ макъамэр зэрыдгъэIунум дегупсысырт Даянэрэ сэрэ. Арати, макъамэм дызэделэжьыну мурад тщIащ. ЗыфIэтщынIа хуейти, «шокъу» псалъэм къикIыр дигу ирихьри (зэуэ, зыпэмыплъа), абы дыкъытеувыIащ. Ар ди унэцIэхэм я къыщIэдзапIэхэм техуэрти, «ШоКъу» зыфIэтщащ, - жеIэ Алан. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: