ГеографиемкIэ XII дунейпсо диктантыр щэкIуэгъуэм и 22-м щатхынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым. А Iуэхугъуэм и жэрдэмщIакIуэщ Урысей географие зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым диктантыр щIыпIи 100-м щатхынущ, псори зэхэту цIыху мини 4-м нызэрыхьэс цIыху хэтынущ. Географие диктантыр щекIуэкIынущ КъБР-м и щIыналъэхэми къалэхэми. Диктантыр ятхынущ КъБКъУ-м географиемкIэ и къудамэм и егъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, студентхэм, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм. Апхуэдэу Iуэхум къыхыхьэну хуитщ географиемкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр здынэсыр къэзыпщытэжыну хуейуэ а унэтIыныгъэр зыфIэфI дэтхэнэри.
БлэкIа илъэсхэм ебгъапщэмэ, мы гъэм гъэщIэгъуэну Iуэхугъуэм къыхыхьэнухэм ящыщщ диктантыр Бахъсэныщхьэ тет Нейтринэ обсерваторием зэрыщатхынур, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм епха, сабий сымаджэхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж «Вагъуэ цIыкIу» санаторэм зэрыщрагъэкIуэкIынур. Илъэс къэси хуэдэу, цIыху нэхъыбэ здекIуэлIэнур Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетырщ. ЖэрдэмщIакIуэхэм къызэралъытамкIэ, абдеж цIыху 250-м нэблагъэ екIуэлIэнущ. ЦIыхуи 100-м щIигъум географие диктантыр щатхынущ Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и гъэсэнхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ. ЦIыху хъарзынэ екIуэлIэну щогугъ Налшык къалэм дэт Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я уардэунэмрэ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетымрэ.
Диктантыр зэрекIуэкIынум Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ и гугъу ищIащ.
– Географие диктантыр япэ дыдэу къыщыхалъхьар 2015 гъэрщ. Абы щыгъуэм ар щекIуэкIар Урысейм хиубыдэ щIыналъэхэращ. Ауэ, илъэситI нэхъ дэмыкIыу, диктантым зиубгъуащ, абы хамэ къэралхэри къыхыхьэу хуежьащ. Географие диктантыр къызэрыхалъхьэрэ нобэр къыздэсым ябгъэдэлъ щIэныгъэр къапщытэжыну къыхыхьащ къэрали I22-м щыпсэухэр, абыхэм я бжыгъэри мелуанитIым фIыуэ щхьэдэхащ. ГъэщIэгъуэнщ Географие диктантыр щIыпIэ жыжьэ кIуэ мафIэгухэми, зауэ хуэIухуэщIэхэм тегъэпсыхьа кхъухьхэми, псым есу тет, электрокъару къэзылэжьхэми, музейхэми, жыг хадэхэми, уеблэмэ хьэршми зэрыщатхар къыхэбгъэщыну», – жиIащ КIэрашэ Аксанэ.
Апхуэдэу жылагъуэ лэжьакIуэр тепсэлъыхьащ цIыхубэм къабгъэдэкI упщIэхэр Географие диктантым хегъэубыдэныр хабзэ дахэу зэрыувами.
– Мы гъэм къызэгъэпэщакIуэхэм географием ехьэлIа упщIэ гъэщIэгъуэну 700 хуэдиз къаIэрыхьащ. КъыхэкIа упщIэхэм географиер сурэт щIыным, макъамэм, литературэм, усыгъэм, кином, лъэпкъ IэщIагъэхэм ирапхырт. Арыххэуи, а зы щхьэусыгъуэ закъуэми къигъэлъэгъуащ географиер щIэупщIэ зиIэ щIэныгъэхэм ящыщу зэрыщытыр. Илъэс 12 хъуауэ екIуэкI Географие диктантым хиубыдэ Iуэхугъуэхэм макъкIэ кърагъаджэ гъуазджэ, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм гуащIафIэу хуэлажьэхэр, – жеIэ КIэрашэм.
Географие диктантым и тхыным дакъикъэ 45-рэ хухахынущ. Ар IыхьитIу зэхэтщ, я гугъуагъ-псынщIагъкIи зэщхьэщыкIыу. Япэу къакIуэ упщIипщIыр нэхъ тыншщ, ахэр нэхъыбэм зэдащIэ географие Iуэхугъуэхэм ятещIыхьащ. Абы иужькIэ къызэкIэлъыкIуэ упщIэ тIощIыр нэхъ гугъущ. Гу лъытапхъэщ нэхъапэкIэ упщIэ 40 хуэдиз къыхалъхьэу щытамэ, а бжыгъэр 30 зэрыхъуам. Жэуап пэжыр умыщIэмэ, абы утепсэлъыхькIэрэ, зэпкърыпхкIэрэ уекIуэлIэфыну аращ.
Абы къищынэмыщIауэ, Географие диктантыр нэгъуэщI зы Iуэхугъуи къыхалъхьащ. «Геодиктант. Гъэкуууа Iыхьэ» жыхуиIэм упщIэ 20 къызэщIеубыдэ, зэ закъуэ ущыуэ хъунущ. УпщIэ 18 мынэхъ мащIэм жэуап езытыфам тыгъэ лъапIэрэ фIыщIэгуапэ тхылърэ иратынущ.
Абдеж къыщыувыIэркъым. Географие диктантым нэхъри нэхъ гъэкуууауж «Дунейпсо Iыхьэ» иIэщ (бзэ 12-кIэ зэрадзэкIауэ абы упщIэ тIощI къызэщIеубыдэ), «Экстра-Iыхьэ» жыхуиIэ диктант лIэужьыгъуэ къыхалъхьащ (упщIэ 30 хохьэ, сыт хуэдизрэ ущыуэми хъунущ, жэуап пэжыр асыхьэтым къет). КъинэмыщIауэ, зи нэм фIыуэ имылъагъухэм папщIэ Географие диктантым упщIэ 30 хуэдиз щхьэхуэу хузэхалъхьащ.
Гъэ къэси хуэдэу, Географие диктантыр щекIуэкI щIыпIэм и жэрдэмкIэ а щIыналъэм и щIыуэпсымрэ къэзыухъуреихь дунеймрэ ехьэлIа упщIэхэр хэбгъэувэ хъунущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и географием ехьэлIа упщIэхэм я жэуап пэжыр къэзытам къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкIыу тыгъэ лъапIэхэр иратынущ.
Географие диктантым хэтыну гукъыдэж зиIэхэм зрагъэтхыу щытамэ, апхуэдэ Iуэхухэр хэтыжкъым, щхьэж пэблагъэ щIыпIэм кIуэуэ, абдеж пэхуэщIэм и къару щигъэлъагъуэ хъунущ. Диктантыр щэкIуэгъуэм и 22-м сыхьэт 12-м щIидзэнущ. Щхьэж итхамкIэ къихьа балл бжыгъэр къищIэн щхьэкIэ, диктантым хэта дэтхэнэми уней номерхэр яIэн хуейщ. Апхуэдэу географие диктантыр щатх махуэм емыхъулIахэм папщIэ абы и интернет напэкIуэцIым (dictant.rgo.ru) махуипщIкIэ илъынущ, упщIэхэм жэуап иратурэ къызэгъэпэщакIуэхэм я деж ягъэхьыфынущ, кърикIуахэри занщIэу къащIэну Iэмал яIэнущ.