Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Транспортым и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ и ветеранхэмрэ!

 Фи IэщIагъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу! 
Транспортыр къэралым и экономикэм лъабжьэ быдэ хуэхъу IэнатIэ нэхъыщхьэщ. Хэгъэгухэр, къалэхэр, къуажэхэр зэпищIэурэ, абы цIыхухэр зэкъуегъэувэ, щIыналъэ зэхуаку,  дунейпсо зэпыщIэныгъэхэми зрегъэубгъу.
Республикэм и транспорт IэнатIэм жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ, зыпэрыт Iуэхум хуэпэж IэщIагъэлIхэр щолажьэ. Фи лэжьыгъэмкIэ  экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI. ФIыщIэ фхузощI фи гуащIэ фемыблэжу лэжьыгъэм фызэрыпэрытым, IэщIагъэлI нэсу фызэрыщытым папщIэ.
Нобэ дэ дызэгъусэу зэхъуэкIыныгъэщIэхэм дыхуокIуэ. Налшык аэропортыр къыдогъэщIэрэщIэж, транспорт ухуэныгъэхэр идогъэфIакIуэ. IэнатIэм жыджэру къыщагъэсэбэпын щIадзащ бжыгъэ технологиехэр, жыпхъэщIэхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ транспорт IэнатIэм и лэжьыгъэм и фIагъым хохъуэ. Шэч къытесхьэркъым, адэкIи IэнатIэм къыпэщыт къалэнышхуэхэр ехъулIэныгъэкIэ зэрызэфIэфхынум.
Узыншагъэ быдэ, фIыгъуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми ди Хэкуми къахуэщхьэпэн ехъулIэныгъэщIэхэр фиIэну сынывохъуэхъу.

Поделиться:

Читать также: