Адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэМосква щагъэлъагъуэ «Урысейм и лъэпкъхэр. Адыгэхэр» выставкэр. Адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэр ягъэхьэзыращ Москва и Къэрал тхыдэ музеймрэ Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музеймрэ. Ар траухуащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым икIи ягъэзащIэ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Адыгейм и сенаторхэр я дэIэпыкъуэгъуу.
Адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къызэщIэзыубыдэ хьэпшып куэд (360-м щIигъу) зэуэ Адыгэ Республикэм иджы япэу утыку къыщрахьэу аращ. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ археологие, IуэрыIуатэ хьэпшыпхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и лэжьыгъэхэм ящыщу музеитIым я фондхэм щахъумэхэм щыщхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр IыхьиплIу гуэшащ: «Археологиемрэ этнографиемрэ», «Адыгэ махуэшхуэхэр», «ЦIыхухъу дуней», «ЦIыхубз дуней».
- Къэрал тхыдэ музеймрэ Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музеймрэ щахъумэ адыгэхэм я щIэиныфI, лIэщIыгъуэ курытым и археологие фэеплъхэм щыщIэдзауэ иджырей IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэ телъыджэхэм щыщIэкIыжу. «Урысейм и лъэпкъхэр. Адыгэхэр» гъэлъэгъуэныгъэр и щапхъэщ музейхэм щахъумэ хьэпшыпхэм лъэпкъ тхыдэр къызыхуэтыншэу уи нэгу къызэрыщIагъэхьэфым. ДэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэгъусэу дгъэхьэзыр гъэлъэгъуэныгъэхэм тхыдэ фэеплъыр щыхъума хъуным, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, Урысейм и лъэпкъхэм я щIэинхэм цIыхухэр щыгъэгъуэзэным, - жиIащ Тхыдэ музейм и унафэщI Левыкин Алексей.
Гъэлъэгъуэныгъэм плIанэпэ щхьэхуэ щыхухахащ пасэрей IэщIагъэм: гъущIым, мывэ лъапIэхэм зэрелэжьым, Iэщэ зэрагъэхьэзырым, дыщэидэ зэращIым. Выставкэм зыщаплъыхьыну екIуалIэхэм Iэмал яIэщ махуэ къэс зэрахьэу щыта фэилъхьэгъуэхэр зыхуэдам я щапхъэхэм зыщагъэгъуэзэну.
Москва и Къэрал тхыдэ музейм лэжьыгъэхэр зэрыщагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэралым и щIыналъэ псом щыщхэми зыщагъэгъуэзэфынущ, - жиIащ Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ, гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуа ХъумпIыл Мурат.
Адыгэхэм я псэкупсэ щIэинхэми, къадекIуэкI хабзэхэми, яку дэлъ пщIэ-нэмысми гулъытэ щыхуащIащ гъэлъэгъуэныгъэм. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм я гъащIэр Адыгэ хабзэм тету яубзыху. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа документальнэ фильмым щыщ теплъэгъуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




