ЩхьэкIуэ

ГъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр лъабжьэ зыхуищIа тхыгъэхэр и мащIэкъым тхакIуэ ХьэIупщы МуIэед. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ тхыгъэхэр гум нэхъ дыхьэу, гъащIэм нэхъ куууэ ухагъаплъэу щытщ. ХьэIупщым и «ЩхьэкIуэ» новеллэри абыхэм ящыщ зыщ.

Iэбу и куэщIым башыр илъу тутей жыгыжьым и лъабжьэм щIэст, щхьэкIуэ къэзыкIухь шур щыдыхьам. И ныбжьым хуумыгъэфэщэну, ар псынщIэу къызэфIэуващ, шу мыцIыхум щтэIэщтаблэу еплъу. ЛIыжьым и гур жат сымаджэщым хьэлъэу щIэлъ ипхъу закъуэм деж.

- Жэназы щыIэщ. Нэгъуей Гуащэнэху щыIэжкъым, - жиIэу щхьэкIуэм къыжьэдэкIа псалъэхэр и тхьэкIумэм къыщиIуэм, Iэбу, и башыр IэщIэхури, джэлащ. ЗыкъищIэжу ерагъкIэ къыщызэфIэувэжам, абы гу лъитакъым щхьэкIуэр зэрыдэкIыжми, куэбжэм деж къыщыувыIа автобусым къикIыжа и щхьэгъусэ Лини, и нэгур зэлъыIухауэ ар къызэрыдыхьэжами. Зи дамэр къута къуршыбгъэу пщIантIэкум ит и щхьэгъусэр щилъагъум, Линэ:

- Щхьэ укъэщта, лIыжь, Iэсият и операцэр хъарзынэу зэфIэкIащ, - жиIащ. Ауэ лIыжьым зигъэхъеякъым. – Сыт, на-а-а, къыпщыщIар? Зэхэпхакъэ, уи пхъур нэхъыфIщ, - бгъэдэкIуэтащ абы Линэ. Iэбу и нэхэм къыщIэж нэпсыр нэкIу зэлъа фагъуэм телъадэрт, жьакIэ хужьым хэлъадэрти, кIуэдыжырт. Линэ зэи илъэгъуатэкъым Iэбу гъыуэ.

ТIэкIу дэкIри Iэбу зыкъищIэжащ, и Iэ пхъашэхэмкIэ и нэкIур зэпилъэщIыхьащ. УкIытауэ Линэ къеплъри щIэупщIащ: - Дауэ щытщ, жыпIа, хъыджэбзыр?

         - НэхъыфIщ, лIыжь, операцэри хъарзынэу зэфIэкIащ, - зэтриухуанкIэрт Линэ, Iэбу имыгъэгузэвэн щхьэкIэ.

- Алыхьым и шыкурщ, - щэтащ лIыжьыр, и пхъумкIэ и гур тIысыжами, нэгъуэщI гуауэ гуэр зэригъэвыр белджылыуэ.

- Джанэ-гъуэншэджым, къащти, тIэкIу телъэщIыхь, - жеIэри, Iэбу, хьэлъэу зрегъэзыхри башыр къещтэж.

«ИпхъумкIэ къыхуэсхьа гуфIэгъуэм лIыжьым и лъагъуныгъэжьыр къыдеблыжащ», - пыгуфIыкIащ ауаныщIу Линэ. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, япэм езым къыдихырти есэбауэрт, телъэщIыхьырти дилъхьэжырт. Сыту пIэрэ лIыжьым иджы ар абы къыщIыхуигъэфэщар? Ар зыхуихьынур Линэ ищIэртэкъым. А джанэ-гъуэншэджыр хуэзыдар япэм иIа фызырт. ЩыщитIагъэри зэзэмызэххэт. Ари лIыжьыр зауэм ипэкIэ зыдэса къуажэм дыуэщI е нэгъуэщI IуэхукIэ щыкIуэм дежт.

Зауэр къыщыхъеям, Агубэч Iэбу трактористу, уей-уей жригъэIэу, лажьэрт. И цIэр колхозми районми щызэлъащIысат, хъыджэбз Iэджи зыхущIигъэплъат, Iэджэми я пщIыхьым щэхуу хэтат. Ар зэрылэжьакIуэшхуэм хуэдэу, щIалэ дахэт, зэпIэзэрытт, пкъыфIэт. Ауэ Iэбу хъыджэбз зэкIуж псоми къахихар колхозыр зэрыгушхуэ жэмыш Гуащэнэхут. Ар къишэри, иджы сынасыпыфIэщ щыжиIэ дыдэм, къуажэм япэу дэкIа щIалэхэм ящIыгъуу зауэм Iухьащ. Зауэ Iэджэм хэтаи, Iэджэрэ уIэгъэ хъуаи, ауэ фIыуэ илъагъу уэрэдыр и гъусэт:

Мы си щхьэцыгъуэшхуэри

ТIууэ соухуэнрэ,

Ар зыхуэзухуэнри…

Iэбу лъэбакъуэ къэс ажалым пэплъэрт. МащIэрэ пэщIэувакъым ар ажалым, мащIэрэ хэтIэхэсэ зэдэджэгуакъым а тIур.

Мис иджыпстуи… и автоматыр мэлъалъэ, фашистхэр мэджалэ, мис иджыпстуи… езыри… А гупсысэм иутIыпщыркъым. Абы и Iэпкълъэпкъыр лIыгъэм иIулIауэ япэкIэ макIуэ, и автоматыр икъузу… Шэхэр блолъэт, сабэр къиIэту и гупэкIэ уэшхым хуэдэу къытолъалъэ, Iэбу мэджалэ.

УIэгъэщ. Блынджабэ хужь. Дыгъэпсыр щхьэгъубжэм къыдеутхыкI, уэрэдыр и Iэпэгъуу:

Мы си щхьэцыгъуэшхуэри

ТIу-уэ соухуэны-рэ-э…

Ар зыхуэзухуэны-ыри-и…

Халат хужь зыщыгъ медсестрахэр погуфIыкI. Гуащэнэху и письмо къэкIуащ: «Сыузыншэщ, сыппоплъэ…»

Мы си щхьэцыгъуэшхуэри

ТIу-уэ соухуэны-рэ-э…

Iэбу я къуажэм къыщыдыхьэжам, гурыфIыгъуэншэщ илъэгъуар. Мыбыи фашистхэм я лъэужь къыщагъэнат, жылэр зэтракъутат. Уэрамыр цIыхуншэт. Мес Iэбу и унэр. Ар псощ. Ауэ куэбжи бжыхьи Iутыжкъым. ПщIантIэр нэщIщ, Iэбу и гум зехуз. Зыри щымыIэжу пIэрэ? А гупсысэм и лъэр дыщIощIэ. Уэздыгъэ пагъэнам щхьэгъубжэр къигъэнэхуащ. Гуащэнэху зэрыпсэум и хъыбарегъащIэу. Псэущ! Iэбу лъэ псынщIэкIэ ежьащ.

- Гуащэнэху!

- Iэбу! - Гуащэнэху лIым зыпщIэхедзэ.

ГъуэлъыпIэм сабий щожей.

- Бын узэриIэр щхьэ сумыгъэщIарэ, Гуащэ!

А псалъэхэм Гуащэнэху къыдоскIэ. И нэкIущхьэр псыф мэхъу. Iэбу гъуэлъыпIэм бгъэдохьэ. Сабийр хъыданжэрумэм кIуэцIылът, и Iэ къыщIихам щIэфу. Iэбу и нэр щоункIыфIыкI. И гур и бгъэм зэгуэудыным хуэдэу къыщоуэ.

- Iэбу, - Iущэщащ Гуащэнэху, - уи хъыбар гуауэ къыщысIэрыхьэм…

Гуащэнэху къэгъащ, нэгъуэщI хужымыIэу сабийр къищтэри и бгъафэм щIикъузащ, нэпсыр къызыщIэж и нэхэр Iэбу къытриубыдащ. Абы щыIуплъэм, Iэбу губжьыр IэкIэ трахам хуэдэу щхьэщыуащ.

… ЩхьэкIуэм Гуащэнэху зэрыщымыIэжыр къызэрыжриIэу, Iэбу и нэгум а плъэкIэр къыщIэувэжащ…

… Гуащэнэху а пщыхьэщхьэм и анэм деж кIуэжащ. Iэбу илъагъурт цIыхубзым и фэм дэкIыр. ЕлъэIуат къигъэзэжыну. АрщхьэкIэ…

«Хьэуэ, Iэбу, - идатэкъым Гуащэнэху, - сэ уэ узгъэпэжыфакъым, уэ къысхуэбгъэгъуми, сэ ар сылIэху зыхуэзгъэгъужынукъым», - жиIэри кIуэжат.

Абы иужькIэ Iэбу къуажэм дэIэпхъукIащ. Илъэсищ енкIи фыз къишэжакъым. Иужьым зи лIыр зауэм хэкIуэда Линэ псэуэгъу ищIащ. Бынищ хуигъуэтыжащ. ЩIалитIрэ зы хъыджэбзрэ. ЩIалитIыр къалэм дэсщ. Ипхъуми пIэщхьагъ тынш игъуэтащ.

И унагъуэкIи, и щхьэгъусэкIи Iэбу зэпэщу псэурт. Ауэ Гуащэнэху зэи щыгъупщэртэкъым. Къыщишам хуида джанэ-гъуэншэджыр и фэр ириплъу зэрихьэрт. Ар игу къыщыкIкIэ, пхъуантэм къыдихыурэ есэбауэрт, телъэщIыхьырти, дилъхьэжырт. Жьы зэрыхъури нэхъыбэрэ Гуащэнэху тепсэлъыхь хъуат, зыщIыпIэ мыкIуэнуми, джанэмрэ гъуэншэджымрэ щитIагъэрти, къикIукI-никIукIыу утыкум итт, гъуджэм бгъэдэувэрти, зыкъомрэ иплъэрт, дзапэ уэрэд жиIэу, Линэ едэIуапэмэ, зэхихыр зы едзыгъуэ иримыкъут, ари къытригъэзэжу куэдрэ жиIэрт:

Мы си щхьэцыгъуэшхуэри

ТIу-уэ соухуэны-рэ-э…

Ар зыхуэзухуэны-ыри-и…

Линэ а псори ищIэрт. Ауэ Гуащэнэху хуида джанэ-гъуэншэджыр нобэ езы Линэ илъэщIын щIыхуейр къыгурыIуэртэкъым. Ар къищIэн щхьэкIэ, Линэ ауаныщIу, губжь тIэкIуи хэлъу жиIащ:

- Дужэгъуащ уи лъагъуныгъэжьыр, лIыжь, щыщумытIагъэкIи хуиту дэбгъэлъыркъэ фэеплъыр пхъуантэм.

- Абы и щхьэкIуэр дэкIыжа къудейщ. Псэужкъым ар, фызыжь, - нэщхъейуэ жэуап итащ Iэбу, гъуэлъыпIэм итIысхьэурэ.

Линэ и нэпсыр къыфIекIуащ. Дэнэ щищIэнт абы Гуащэнэху щIыгъуу Iэбуи зэригъеижыр, «Жэназы щыIэщ. Агубэч Iэбу щыIэжкъым», - жиIэу пщэдей Iэбу и щхьэкIуэр къуажэм зэрыдыхьэнур?!

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также: