Адыгагъэ, цӀыхугъэ, хабзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэщIиубыдэ хэгъэгу хасэхэр Урысейм адыгэ зэрыс и щIыналъэ псоми щолажьэ. Абыхэм ящыщщ Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр. Ар къызэрызэIуахрэ Ставропольем Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм щыщу Ставрополь щеджэу, щылажьэу дэсыр, щыпсэухэр къокIуалIэ. 2011 гъэ лъандэрэ, цетрым и тхьэмадэщ Шыбзыхъуэ Юрэ, 2018 гъэм щегъэжьауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтщ. КъищынэмыщIауэ, Ставрополь крайм и губернаторым и нэIэм щIэту къалэ администрацэм щылажьэ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ советми хагъэхьащ «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

Абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зэпхар щэнхабзэрщ. Апхуэдэ дыдэуи адыгэбзэмрэ адыгэ Iуэхумрэ гулъытэ хэха егъуэт.

 - «Лъэпкъыр псэунущ, и бзэр псэуху» - мы гупсысэрщ ди центрым и лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъур, къекIуалIэ псоми я деж нэтхьэсыну дызыхэтыр, - жеIэ Шыбзыхъуэм. - Лъэпкъыбзэр куэдрэ щызэхыумых щIыналъэ ущыпсэун хуей щыхъукIэ, бзэр пхъумэныр хуабжьу гугъу мэхъу. Сабийхэм, къапщтэмэ, ар щызэхахыр анэшхуэ-адэшхуэхэр къащепсалъэкIэщ. Зэхэзымыхыххи яхэтщ. 20I7 гъэм Зэныбжьэгъугъэм и унэм къыщызэIутхауэ щытащ балигъыпIэм иувахэми ныбжьыщIэхэми папщIэ адыгэбзэмкIэ курсхэр. А Iуэху щхьэпэр тедгъэхуат Адыгэ тхыбзэм и махуэм – гъатхэпэм и 14-м. Япэ илъэсым абы бзэм щыхуеджащ цIыху 15. Абыхэм ящыщу 5-р сабийт. Курсхэр 2020 гъэ хъуху едгъэкIуэкIри, пандемиер къыщежьэм, зэхуэтщIыжын хуей хъуащ. Нобэ центрым и къалэн нэхъыщхьэр, къапщтэмэ, нэхъыбэрэ дызытепсэлъыхь Iуэхугъуэр адыгэбзэр егъэджынымкIэ курсхэр къызэIутхыжынырщ. Лъэпкъыбзэр хъумэным хуэгъэзауэ иджыри зы IуэхуфIым дытолэжьыхь. 2019 гъэм гъатхэпэм и 14-м щегъэжьауэ илъэс къэс адыгэбзэмкIэ Iуэрытх дотх. А Iуэхугъуэр йокIуэкI ДАХ-м и нэIэ щIэту. Лъэпкъыбзэр хъумэным хуэгъэпсауэ адыгэ щIалэгъуалэм папщIэ зэхьэзэхуэхэр, къызыдогъэпэщ. КъищынэмыщIауэ, 2025 гъэм и бжьыхьэм япэ дыдэ адыгэбзэмкIэ дебатхэр едгъэкIуэкIауэ щытащ. Мис иджы дыдэ сызыхэта, жэпуэгъуэм и 15 - 16-хэм Карачаевск къалэм щекIуэкIа, «Единство в многообразии: от Карачаево-Черкесии ко всей России» хэгъэгупсо форумым сыкъыщытеувыIащ Ставропольем щыпсэу адыгэхэм бзэр яхъумэнымкIэ, щIалэгъуалэм яIурылъынымкIэ зэфIэтх лэжьыгъэхэм. Щхьэихауэ дытепсэлъыхьащ лъэпкъыбзэхэр цифровизацэ щIыным къытхузэIуих лъэкIыныгъэщIэхэм.

Лъэпкъыбзэм къыдэкIуэу, лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр хъумэнми центрым хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI. Дыщыгъуазэщ адыгэхэм ятеухуауэ траха документальнэ фильмхэм. И пэжыпIэкIи, а Iуэхугъуэр центрым и гушхуапIэ нэхъыщхьэщ. ИлъэсиплIым къриубыдэу зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ, фильмищ трахащ, абыхэм зэхэту цIыху минищэм щIигъу еплъащ… 2020 гъэм япэу трахам и фIэщыгъэр «Вековые традиции моздокских кабардинцев». А фильмым щытопсэлъыхь лIэщIыгъуитIрэ ныкъуэрэ хъуауэ Тэрч Iуфэ и адрыщI лъэныкъуэмкIэ Iус адыгэхэм. Ар тезыхар АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэщ, дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуащ Лъэпкъ Iуэхухэмрэ казачествэмкIэ край комитетыр. Документальнэ фильмыр къыщагъэлъэгъуащ «Кавказ 24», «1 КъБР», «Архъыз 24», «Своё ТВ» телеканалхэм. Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм папщIэ, тыркубзэкIэ псалъэхэр къытридзэу фильмыр дунейм къытрагъэхьащ. 2021 гъэм Мэздэгу щекIуэкIа хэгъэгупсо форумым а фильмым папщIэ ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ медалымрэ къыщыхуагъэфэщащ.

ЕтIуанэ фильмыр «Мир искусства адыгов» цIэр зиIэу 2021 гъэм дунейм къытехьарщ. Ар зытеухуар адыгэ лъэпкъ цIыхубэ IэщIагъитхурщ - дыщэидэ, арджэн, шыкIэпшынэ щIын, гъущIым елэжьын, фащэ дын. IэпщIэлъапщIагъ зыбгъэдэлъ IэпэIэсэхэу Сэралъп Мадинэ, Мэзло Руслан, Еутых Iэсият, ГъукIэ Замудин, Сет Сафиет сымэ тепсэлъыхьащ я IэщIагъэхэм. Фильмыр Мейкъуапэ къалэм утыку къыщрахьауэ щытащ 2021 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм. 2022 гъэм ар щагъэлъэгъуащ Москва къалэм, Адыгэ кином и тхьэмахуэм хиубыдэу. ИкIи абы щыгъуэм зэкъуэш республикэхэм къыщыдэкI адыгэ газетищым фильмым теухуа тхыгъэхэр къытрадзауэ щытащ.

Ещанэ фильмыр 2024 гъэм къыдэкIа, «Древняя культура адыгов» жыхуиIэращ. Ар Iыхьищу зэхэлъщ: «IуэрыIуатэ», «Макъамэ», «Къафэ». Жэрдэмыр Шыбзыхъуэ Юрэ къыхилъхьэри, сценарий итхащ, режиссер лэжьыгъэр игъэзэщIащ Чэнджэщауэ Артур. Фильмым къыщопсалъэ адыгэ лъэпкъым и хабзэхэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыху щыпкъэхэу ХьэIупэ ДжэбрэIил, ЛIыбзу Аслъэн, Ашэбокъуэ Азэмэт, Унэрокъуэ Раисэ, Ащхъуэт Беслъэн, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэри. 2024 гъэм и гъатхэм фильмыр щагъэлъэгъуащ «Архъыз 24», «1 КъБР», ОТР, «Своё ТВ» телеканалхэм.

«Илъэс къэс Ставрополь къалэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм - Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ, Медицинэ, Аграрнэ университетхэм къыщIотIысхьэ КъШР-м, КъБР-м, Адыгэ Республикэм къикIа щIалэгъуалэр. Абыхэм я дежкIэ япэ мазэхэр, псом хуэмыдэу, гугъущ. Ар къыхэтлъытэри, центрым къалэну зыхуэдгъэувыжащ - ныбжьыщIэр и закъуэ, Iэнкун дымыщIыну. Бжьыхьэ къэс япэ курсым къыщIэтIысхьа студентхэм я зэIущIэхэр зэхыдошэ, дэри закъыдогъэцIыху, нэхъыжь курсхэм щIэсхэр нэIуасэ яхудощI. Ди зэгухьэныгъэр дэIэпыкъуэгъу мэхъу студент лъэпкъ пщIантIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ, псом хуэмыдэу, Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм ехъулIэу. Адыгэ Республикэм и студентхэм я ассоциацэм дригъусэу фэеплъ пшыхьхэр, хэщхьэжхэр, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызыдогъэпэщ. ЩIалэгъуалэр сыт нэхъыбэу дэзыхьэхыр жыпIэмэ, джэгу щызэхашэхэращ. Къапщтэмэ, адыгэ джэгу 20I5 гъэм къыщыщIэдзауэ зэхыдошэ. Джэгур ар къыщызэдэфэ утыку къудейкъым. КъэфапIэ утыкум щIалэгъуалэм Iэмал имыIэу адыгэ хабзэр щызэрахьэ, зымыщIэхэм къыщащIэ», - жеIэ Юрэ.

ЩIалэгъуалэр къыдэзыхьэх Iуэху дахэу центрым езым и футбол джэгуакIуэ гуп иIэжщ, «Нарт» цIэр зэрихьэу. ИкIи 2025 - 2026 джэгугъуэ пIалъэм футбол цIыкIумкIэ Ставрополь и чемпионатым япэ увыпIэр къыщахьащ.

ХабзэфI яхуэхъуауэ, щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIэхэр ирагъэблагъэ, ягъэхьэщIэ, зэгухьэныгъэм зыщрагъэплъыхь. Псалъэм папщIэ, 2019 гъэм и накъыгъэ мазэм Ставрополь кIуауэ щытащ Адыгэ-Хьэблэ щыщ еджакIуэхэр; абы иужькIэ, мэкъуауэгъуэ мазэм яхуеблэгъахэщ Али-Бэрдыкъуэ икIа, «Сэтэней» сабий къэфакIуэ ансамблым хэтхэр. НыбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ музейр, ТекIуэныгъэм и паркыр, Зоопаркым яшащ.

Илъэс къэс щэкIуэгъуэм и 4-м Ставрополь дэс адыгэхэр къалэм и утыку нэхъыщхьэм йокIуалIэ, крайм и нэгъуэщI лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ пщIантIэхэр ягъэув, адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэгъуалэм уэрэдхэр жаIэ, къофэ. ТIэунейрэ центрым адыгэхэм я щэнхабзэр щигъэлъэгъуащ Ставрополь щекIуэкIа «Студент гъатхэм». цIыхубэ IэщIагъэмкIэ IэпщIэлъапщIэ Мэшэжь Сасэ ящIыгъуу 2023 гъэм ахэр хэтащ ВДНХ-м щекIуэкIа «Урысей» форум-гъэлъэгъуэныгъэм, Ставрополь крайм дыкъыбгъэдэкIыу. «Псапэ Iуэхур зэи IэщIыб тщIыркъым, - жеIэ Юрэ. -къызыхэкIа лъэпкъ емылъытауэ, тхузэфIэкIкIэ хэти зыщIыдогъакъуэ. 2023 гъэм ди лъэпкъэгъу куэд щыпсэу Тыркум щIыр щыщыхъеям, ахъшэ зэхуэтхьэсауэ щытащ - сом 670000-м нэс. Гуапэщ, пэжыр жыпIэнумэ, ди центрым и лэжьыгъэм гулъытэ къызэрыхуащIыр. АтIэ, мызэ-мытIэу край комитетхэми, Ставрополь администрацэми къытхуигъэфэщащ ФIыщIэ тхылъхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъыр. Пэжщ, Iуэху мащIи къыдэхъулIакъым. Ауэ, дяпэкIи дызэлэжьын ди куэдщ. Ди лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъур дэтхэнэ адыгэми къыгурыIуэ псалъищращ: адыгагъэ, цӀыхугъэ, хабзэ».

IЭРЫС Iэсият.
Поделиться:

Читать также: