ХъыбархэрЛэжьыгъэхэм пащэ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэкъуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Дзэлыкъуэ щIыналъэм и школхэм ар я нэхъ ин дыдэщ, ухуэныгъищу гуэшауэ къуажэм и щIыпIэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу дэтщ, псори зэхэту сабий 1200-м щIигъу щоджэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм еджапIэм и пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, ток кIапсэхэри щIашащ. Иджыпсту унащхьэр къагъэщIэрэщIэж. Абы къыдэкIуэу, пэшхэр къращIыкI, блынджабэхэр захуэ ящI, ахэр ялэ, унэ IуплъапIэм теплъэ дахэ ират, бжэхэр яхъуэж. Апхуэдэуи псы хуабэ зэрыкIуэ, пэшхэр къызэрагъэплъ бжьамийхэр ягъэув, плиткэхэр лъэгум иралъхьэ. Лэжьыгъэхэр зыхуагъэувыжа пIалъэм тету ирагъэкIуэкI икIи мы гъэм и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. Прохладнэ къалэм и Промышленнэ уэрамым псы къабзэ зэрыкIуэ, псори зэхэту километри 4-м щIигъу зи кIыхьагъ и бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэж. Ар и кIэм нагъэсу щытмэ, къалэдэсу мини 10-м щIигъум псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэн щIадзэнущ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм бжьамиищIэхэр яукъуэдий, жьы хъуахэр зэрахъуэкI. Прохладнэ къалэм и коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэным хыхьэ лэжьыгъэр 2027 гъэм зэфIагъэкIынущ, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм. Къуажэ цIыкIухэм уахуэзышэ гъуэгухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ цIыкIухэм ухуэзышэ автомобиль гъуэгухэр щыIэ мардэм къигъэтIэсэным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ди щIыналъэм щрагъэкIуэкI иужьрей илъэсхэм, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ЖыпIэнурамэ, 2026 гъэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ Дзэлыкъуэ районым и Чыщбалъкъ жылэм екIуалIэ гъуэгум щыщ Iыхьэ, километри 3,9-рэ и кIыхьагъыу. Республикэм и къуажэ пхыдзахэм ящыщ абы щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а Iуэхугъуэ щхьэпэ зэфIагъэкIам. Сыту жыпIэмэ, курыт еджапIэм, сымаджэщым, ЩэнхабзэкIэ унэм, щIыпIэ администрацэм я хэщIапIэхэм, нэгъуэщIхэми уахуешэ абы. Иужьрей илъэсхэм теплъаджэу щыта а гъуэгур зэIузэпэщ ящIащ иджы. Апхуэдэ щIыкIэкIи, Чыщбалъкъ къуажэм и транспорт инфраструктурэр зэрырагъэфIэкIуам къыдэкIуэу, гъуэгум щызекIуэхэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэща хъуащ. Мы гъэм къагъэщIэрэщIэжащ Налшык – Май автомобиль гъуэгури. Абы Чернэ Речкэ къуажэм ухуешэ икIи километри 6-м щIигъу и кIыхьагъщ. Мыбдежым махуэм къриубыдэу машинэ куэд зэуэ щызэблокI икIи къуажэхэм я транспорт зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ мыхьэнэ ин иIэщ. Абы нэмыщI, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм щаутIыпщащ Хьэмидей – Курп Ищхъэрэ автомобиль гъуэгур. Бориймрэ Къудеймрэ я цIэхэр зэриьэу Хьэмидей щыIэ уэрамхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Абыхэм зэхэту километри 4,8-рэ я кIыхьагъщ. Лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ къуажэдэсхэми, транспорт щхьэхуэхэми, коммунальнэ техникэхэми иджы Iэмал яIэ хъуащ тыншу гъуэгум щызекIуэну, къапэщылъ лэжьыгъэхэр дагъуэншэу зэфIагъэкIыну. Республикэм и къуажэ цIыкIухэм кIуэ автомобиль гъуэгухэм ящыщу мы гъэм зэIузэпэщ ящIахэм хохьэ Шэрэдж районым и Шэрэдж Ищхъэрэ – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суури, псори зэхэту километри 5,3-рэ зи кIыхьагъыр. А гъуэгум Псыгуэнсу къуажэм ухуешэ. Шэрэдж Ищхъэрэ – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу автомобиль гъуэгур 2019 гъэм щыIэ мардэм хуагъэкIуэн щIадзащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу IэнатIэр мы гъэм илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу ар и кIэм нагъэсащ, Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэм и дыхьэпIэм екIуэлIащ, адэкIэ ар кIуэцIрокI Зэрэгъыж, Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ, Ипщэ жылэхэм икIи Сукан-Суу аузым нэс макIуэ. Гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIа щIыпIэхэм ящыщу мыхьэнэ нэхъ ин зиIэхэм яхохьэ Чернэ Речкэ – Благовещенкэ автомобиль гъуэгури. Абы километр 12,6-рэ и кIыхьагъщ, республикэм и муниципалитетищ зэпещIэ: Аруан, Прохладнэ щIыналъэхэмрэ Бахъсэн къалэмрэ. Мы гъэм УФ-м и Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу гуфIэгъуэ зэхыхьэ иращIэкIыу ар къызэIуахыжащ. Иджыпсту чэзум щытыр Шэджэм ЕтIуанэ – Булунгу автомобиль гъуэгурщ. Мы гъэм лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI километр 25-рэ зи кIыхьагъ Iыхьэм. Республикэм и экономикэ, туризм IэнатIэхэм заужьынымкIэ мыхьэнэ ин иIэщ мы щIыпIэм. Гъуэгум ухуешэ Шэджэм Ищхъэрэ, Эль-Тюбю, Булунгу къуажэхэм: туристхэм кIуапIэ ящI, зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь щIыпIэ дахэ куэд здэщыIэхэм. Процент 32-кIэ хагъэхъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм Ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмкIэ и департаментым къызэритамкIэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум къриубыдэу республикэм нэкулъ лIэужьыгъуэу къыщыщIагъэкIам процент 32,2-кIэ хагъэхъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ - тонн мин 0,5-м щIигъу хъуащ ар. Апхуэдэуи хэхъуэфIхэр щыIэщ нэгъуэщI ерыскъыхэкIхэмкIи. ЖыпIэнурамэ, шхурэ шхухэкIыу къыщIагъэкIам проценти 13,4-кIэ, шэ зэфэм проценти 10,8-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ проценти 10-кIэ хагъэхъуащ. ЩIакъуэрэ щIакхъуэхэкIыу, макарону къыщIагъэкIам и куэдагъыр нэгъабэ и мазийм щыIа бжыгъэхэм хуэдизу къэнэжащ: мин 16,8-рэ, мин 1,8-рэ, ахэр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ. КъищынэмыщIауэ, 2026 гъэм и щIышылэм – шыщхьэуIум ерыскъырэ ерыскъыхэкIыу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъыр проценти 105,8-рэ хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




