ЩэкIуэгъуэм и 18, бэрэжьей
♦1917 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик цIэрыIуэ, 1956 - 1985 гъэхэм КъБР-м и УнафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ.
♦1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыгъуэн Рашад.
♦1937 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъ Нурбий.
♦1941 гъэм къалъхуащ композитор, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Натхъуэ Жанхъуэт.
♦1943 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артист, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Нэхей Аслъэн.
♦1958 гъэм къалъхуащ УФ-м и ХъумапIэ банкым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Урысбий Хьэмидбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 11, жэщым градус 1 - 6 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Яхуэмыущий ущиекIэ Iэзэщ.