«Путин Владимир и гъусэу дыхоплъэж илъэсым кърикIуахэм»2026 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м сыхьэти 10-м щIидзэнущ «Путин Владимир и гъусэу дыхоплъэж илъэсым кърикIуахэм» нэтыным.
Къэралым и УнафэщIым эфир занщIэкIэ къагъэлъагъуэу зэхилъхьэжынущ иух илъэсым кърикIуахэр икIи журналистхэмрэ ди къэралым и цIыхухэмрэ я упщIэхэм жэуапхэр яритынущ.
Дэтхэнэ зыми и упщIэр игъэхьыфынущ moskva-putinu.ru (москва-путину.рф) программэм и сайтым, е СМС, ММС-хэр 0-40-40 номерымкIэ иутIыпщыфынущ, 8-800-200-40-40 телефон номерымкIи псалъэ хъунущ (пщIэ хагъэкIынукъым). НэгъуэщI къэралхэм къизыщIыкIынухэм папщIэ номер хэхахэр яубзыхуащ: +7-495-539-40-40, +7-499-550-40-40.
УпщIэхэр апхуэдэу ирагъэтх хъунущ мобильнэ гуэдзэн хэхахэмкIэ (ахэр зыхуэдэм щыгъуазэ зыщащIыфынущ программэм и сайтым).
ТхыгъэкIи теплъэгъуэхэр трахауи Президентым упщIэхэр хуагъэхь хъунущ «ВКонтакте», «Одноклассники» социальнэ сетхэмкIи. МАХ мессенджерым и чат-ботри къагъэсэбэпыфынущ.
УпщIэхэр Iахынущ щэкIуэгъуэм и 27-р къыщихьэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 10-м екIуэкIыну нэтыныр иухыху.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




