ЩIэ зимыIэ

Дахагърэ хьэлэмэтагъ гуэррэ зыхэмылъ бзэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Щхьэж бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэмкIэ дунейм и зэхэлъыкIэр гъэщIэгъуэну, зыми хуэмыдэу къеIуатэ. Бзэ къэс зы щэху гуэр ехъумэ, ар къыщIэща хъумэ, арыххэми щхъуэкIэплъыкIэу зэхэт мы щыIэныгъэм пщIыпщIу зы дыщэ кIанэ къыхилъхьэу. Ар теухуащ макъхэми, псалъэхэми, псалъэ зэпыувэкIэми, псалъэуха зэхыхьэкIэми. Ди япэ ита щIэныгъэлэжьхэм я фIыгъэкIэ адыгэбзэм и щхьэхуэныгъэ куэд къэхута хъуащ. Апхуэдэу щыт пэтми, ухэплъэху къэс, умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал имыIэу, зы хьэлэмэт гуэр къыкъуокI, зыщумыгъэнщIу, ар къыздыкъуэкIа лъэныкъуэмкIэ нэгъуэщI къызэрикIынумкIэ шэч къытумыхьэжу ущигъэлъыхъуэу. ЩIыпIэбзэхэр апхуэдэщ адыгэбзэм дежкIэ. Мы тхыгъэ мащIэм къыщыхьа псалъэхэр мэздэгу адыгэхэми, беслъэнейхэми, къэбэрдей хьэжрэтхэми я бзэм хэтщ. Ахэр къэбэрдей адыгэбзэкIэ псалъэхэм псоми зэхуэдэу зэлъащIысмэ, ди бзэр куэдкIэ нэхъ лъэрызехьэ зэрыхъунум шэч къытетхьэркъым. Ди гуапэу иджыри зы псалъэщIэ гуп фи пащхьэ къыдолъхьэ.

Бгъэрыуэн – ебгъэрыкIуэн, пэщIэувэн.

Гуагуэ – бзылъхугъэ гузэвэх.

ГуанэпщIей – банэ защIэ.

Гус ищIащ – бын мыдаIуэм зи лъэр щIигъэху адэ-анэм яIэ щытыкIэр кърагъэлъагъуэу апхуэдэу жаIэ.

ДэцIэфтеин – псынщIэу зыщIыпIэ ипщэкIэ кIуэн.

Епэрыпэс – дыху. Мы псалъэм зэ закъуэ фIэкIа дрихьэлIакъым.

ЕцIэфтэхын – псынщIэу зыщIыпIэ ищхъэрэкIэ кIуэн.

Тхьэгъушауэ – тхьэгъуш еуэныр зи къалэнхэм хыхьэ чыристан лэжьакIуэ.

ТхьэгъушцIыцI – тхьэгъуш цIыкIу.

ТхьэгъушгъэцIыцI – тхьэгъуш цIыкIум щхьэхуэу еуэ тхьэгъушауэ.

Тхьэгъушыбэ – члисэхэм къыгуащIыхь, тхьэгъуш куэд къыщрагъауэ чыристан ухуэныгъэ щхьэхуэ.

Тхьэзджэн – тхьэусыхэн.

И дэхъури и дэщIри псышхуэщ – къехъулIэри мащIэкъым, хэщIри апхуэдиз дыдэ мэхъу, жыхуиIэщ.

И хъуэхъу зэпыщIыкIыркъым – гукIуэдыгъуэ ихуэркъым, гузавэркъым, зэпIэзэрытщ.

КIуркIур – гуэгуш, тхьэджэд.

КIуркIурыр егъашхэ – сабий куэдым хэтщ, жыхуиIэщ.

Къырыкъ I – къыр дзакIэ, къырым и папцIапIэ.

Къырыкъ II – пкъы зиIэ, Iув.

Къырыкъ III – къырыщхьэм щыпсэу бзу.

Лыхь унэ – лыхьым и лъэгур мащIэу ягъэкуумэ, апхуэдэу жаIэ.

Лыхь щхьэнтэ –дунейм ехыжам и щхьэр зытралъхьэ ятIэ зэтетхъуэ мащIэ.

Мэрем унэ – унэ зэлъыIуха, къабзэ.

МыIумыщI – щIыкIэ зимыIэ, щIыкIэншэ.

Псапэпсынэ – пщIэ зыхуащIу щыта цIыху гуэрым и цIэ зыфIаща, и фэеплъу къахухьа псынэ.

Псапэхьэжэ – кърахьэлIэжа гъавэм щыщу тхьэмыщкIэхэм, хуэмыщIауэ псэухэм, фызабэхэм папщIэ къыхах Iыхьэу яхьэжыр.

Пщыжь гъуэгу – цIыху щыземыкIуэ гъуэгу.

Тебырыкъуэн – кIуэурэ зыщIыпIэ теджэлыкIын е техун.

Тешауэ – нысащIэр пIалъэкIэ зэрыс унэм къыщызэхуэс щIалэгъуалэ.

Тешэсэн I – тегушхуэн, зыгуэрым екун.

Тешэсэн II – лей зехьэн, зыгуэрым хуэмыфащэ епэсын.

Тешэуэн I – нысащIэр пIалъэкIэ зэрыс унэм Iэуэлъауэ щегъэщIын, щызэрыгъэдаущын.

Тешэуэн II – зэрымыщIэкIэ унагъуэм ятеуэн, Iуэху къыщегъэIэтын. Псалъэм и хьэтыркIэ, нысэр зрахьэлIэм унагъуэм тешауэу жаIэ, тешэрэщ щащIкIэ.

Уэх-зэхыр къыхуэкIуэн – кIуэдын, бзэхын.

Фочыпэрыхьу мэпсалъэ – гуауэу, гур ирикъутыхьу мэпсалъэ, жыхуиIэщ.

ФэщI зыщIын – зэуэзэпсэу зыкъызэблэдзын, щытыкIэм зегъэхъуэжын.

ХыщIэ I – матэм фо къызэрыдагъэж сэ къуаншэ; бжьахъуэсэ.

ХыщIэ II – зи ныбжьыр илъэсих хъуа гъэлъэхъу е джэдэхъу.

ХыщIэ III – бдзэжьейм бдзэжьей хугур щипхъ далэ. Бдзэжьейр мэхыщIэ.

ХыщIэ IV – Iуэху хьэлъэ.

ХьэдэдэкIуатэ щIын – дунейм ехыжар щыдахкIэ, кIэлъыкIуатэу пщIантIэм къыдэкIын.

Хьэмтез I – цIыхур уэру зытет хьэм.

Хьэмтез II – махуэ бжыгъэкIэ мыувыIэу гуэдзыр щакIыщтэ далэ. Ди махуэхэр хьэмтезщи, щхьэкъэIэт димыIэу долажьэ.

Хьэшакъ – зи пэр къэгъэша баш.

Хъуэхъу башыр IэщIэлъщ – сыт щыгъуи хъуэхъуэныр къызылъыс цIыхум щхьэкIэ жаIэ.

Iэмдэжэ – зи Iэпэхэр мыувыIэу зыгъэджэгу.

ТАБЫЩ Мурат.
Поделиться:

Читать также: