И пIэ икIа мащэ кIыфI

Астрономхэм, илъэситхум нэблагъэкIэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъахэм къарикIуэу, вагъуэ зэрыбын абрагъуэхэм (галактикэхэм) ящыщ зым и кум хуэзэрэ зыщызымыгъэхъейуэ алъандэрэ ита мащэ кIыфIыр зэрыщыщIэпхъуам гу лъатащ.

Американ астрофизикхэм уахэ жыжьэм къыщахута а Iуэхугъуэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIри гъэщIэгъуэнщ. Сыту жытIэмэ, куэдым зэрызэхэтхамкIэ, галактикэ инхэм ящыщ дэтхэнэми я курыкупсэм зыщызыгъэпщкIу нэрымылъагъу мащэ кIыфIхэр (черная дыра) хьэлъагъэ ин дыдэ щызезыхьэхэщ икIи я нэхъыбэр и пIэ щимыкIщ, зыщIэзышэ я къарум (гравитацием) и фIыгъэкIэ, къедза вагъуэ псори я хъуреягъкIэ къазэрыщекIэрэхъуэкIым къыхэкIыу.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэу щIыщытри гурыIуэгъуэщ: мащэ кIыфIхэр егъэлеяуэ хьэлъагъэ ин дыдэ зезыхьэщ, и пIэ ибгъэкIынуи зебгъэгъэзэнуи яужь уихьэкIи уапэмылъэщын хуэдизщ, я нэхъ цIыкIу дыдэм ди Дыгъэм къишэчым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ и хьэлъагъщи…

АтIэми, языныкъуэ астрономхэм куэд щIат гурыщхъуэ зэращIрэ дызытепсэлъыхь къэщIыгъэхэм ящыщ гуэрхэм хьэршым зэрызыщагъэзэфынуми и пIэ имызэгъэжу зэрыщыщIэпхъуэфынуми теухуауэ. Апхуэдэ гуэрщ иджыблагъэ уахэ жыжьэм гу зыщылъата Iуэхугъуэр зыхуэкIуэжари: «J0437+2456» нагъыщэмкIэ хагъэунэхукIауэ щыта галактикэм и кум алъандэрэ зыщызымыгъэхъейуэ ита мащэ кIыфI абрагъуэр зы сыхьэтым къриубыдэу километр мини 177-рэ къыщызэринэкIыу зэрыщыщIэпхъуар.

Мащэ кIыфIхэм ящыщу, нэгъуэщI мыхъуми, зыр и пIэ икIрэ зыщIыпIэкIэ щIэпхъуамэ, апхуэдэр «зыгъэгужьеям» и щхьэусыгъуэми лъыгъуэзапхъэщ, зэрызыщигъэхъеяр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ.

АтIэми, «J0437+2456» нагъыщэр зрата вагъуэ зэрыбын абрагъуэр нэхум зэрызидз псынщIагъэкIэ къэдбжмэ илъэс мелуан 230-кIэ тпэжыжьэщ, и кум ит мащэ кIыфIри ди Дыгъэм къишэчым нэхърэ мелуанищкIэ нэхъ хьэлъэщ.

Астрономхэм мызэкIэ нэгъэсауэ къахуэщIэркъым а щIыпIэм ит хуэдэу къащыхъуу зылъыгъуэза нэрымылъагъу къэщIыгъэ абрагъуэр и пIэ изыгъэкIыу щIэзыгъэпхъуам и щхьэусыгъуэ нэсыр. АтIэми, а щIэныгъэлIхэм а Iуэхум теухуауэ гупсысэ гуэрхэри яIэщ. Ар сыту пIэрэ жытIэмэ, уахэ жыжьэм а и Iэхэлъахэм мащэ кIыфIхэм ящыщу тIур гъунэгъу дыдэ щызэхуэхъуу щызэжьэхэуагъэнкIэ зэрыхъунурщ. А Iуэхугъуэращ, къызэралъытэмкIи, къызыхэкIар зыкIэлъыплъа къэщIыгъэр зыкъыкIэрызыщIа адрей нэхъ хьэлъэм къыздрилъэфажьэу лъэныкъуэкIэ ирихьэжьэныр.     

Езы мащэ кIыфIхэм датепсэлъыхьмэ, астрофизикхэр зэрегупсысымкIэ, ахэр уахэм зыщызыгъэпщкIу, яIэрыхьэр къэзымыутIыпщыж, я зэпцIыкIэкIи зэманым и щызэблэхъукIэмкIи дызэсэжа акъылкIэ къытхуэмыубыдын къэщIыгъэ шынагъуэщ. ЗыIэщIилъхьэм щыщ гуэри къызэрыIэщIэмыкIыжыфым и мызакъуэу, нэхур къезыхьэкI фотон нэгъунэ зэрызыщIилъафэм къыхэкIыу, зи гугъу тщIы пцIэ хьэлъэжьхэр (кIыфIым хэтщи) здэщыIэр къэпщытэгъуейщ.  

НэгъуэщIу жытIэмэ, «хутыкъуауэ» бгъэдыхьэ дэтхэнэри думпу зыщIэзылъафэ, дунейр къутэжыхукIи къиутIыпщыжыну «зи щхьэ къимыхьэну» къэщIыгъэр цIыхухэр зэгуэр уахэ иныщэу кIэи пэи зимыIэм зыщрихьэлIэнкIэ хъуну гъуэбжэгъуэщ къызэрымыкIуэщ.

Хьэршым хуигъазэ и тхыгъэхэр телъыджащэу зэхэзылъхьэ астрофизик икIи тхакIуэ Деграсс Тайсон Нил зэригъэувымкIэ, дызыщыщ Шыхулъагъуэ вагъуэ зэрыбыным и кум зыщызыудыгъуар дэркIэ жыжьащэ пэтми, «щхьэрыуауэ» уахэм щызеуэ адрей мащэ кIыфIхэр дызытес ЩIы Хъурейм дежкIэ ажалзехьэ дыдэу къытхущIэкIынри хэтщ.

«ТIэкIу нэхъапэIуэхэм а къэщIыгъэ шынагъуэхэм уахэм зыщамыгъазэут дызэрегупсысар. АрщхьэкIэ, къедза вагъуэ лэкъумхэри (планетэхэр) дэщIыгъуу, ди Дыгъэр зыхыхьэ Шыхулъагъуэми зи гугъу тщIы мащэ кIыфIхэм хуэдэхэм зэрызыщагъазэр къыщытщIэм, а Iуэхугъуэм Iэджэм дригъэгупсысащ», - жеIэ тхакIуэм.  

А щIэныгъэлIым зэригъэуву, дызыпыщIа Дыгъэм и къэухьым зи гугъу тщIы гъуэбжэгъуэщ шынагъуэхэм ящыщ зым, гъунэгъу зыкъызэрыхуищIу, ди планетэм и кIуэдыжыгъуэр къэблэгъауэ аращ. «А Iуэхум пэщIэтыфын хуэдизу цIыхухэм сыт хуэдэ хэкIыпIэ къэдмылъыхъуами, дыщыпсэу ЩIы Хъурейр абыкIи къытхуегъэлынукъым», - дыщIегъуж и псалъэхэм зи гугъу тщIы щIэныгъэлI-тхакIуэм.

Астрофизикхэр зэрегупсысымкIэ, мащэ кIыфIым нэхъри ди планетэм гъунэгъу зыкъыщыхуищIкIэ, и зыщIэзышэ къару къызэрымыкIуэм и зы лъэныкъуэр дришеинурэ адрей и Iыхьэр икъузынущ. А Iуэхум щIэныгъэлIхэм къыхуагъуэтар «сингулярность» жыхуиIэ псалъэрщ. А къэхъугъэращ ЩIым и зэхэтыкIэм къытхуэмыцIыхужын хуэдизу зезыгъэхъуэжынур, къинэмыщIауи, абы псыхэр къызэрымыкIуэу къигъэукъубеинущ, унэшхуэхэр хишынущ, я теплъэр нэджэIуджэ дыдэ ищIауэ. «МыхъумыщIагъэ» къызэрымыкIуэр абдежми къыщыувыIэнукъым: къэщIыгъэ абрагъуэм и гравитацие иныщэм ди планетэр, къызэрыфIэIуэхуж щымыIэу, тхылъымпIэ кIапэу ириIуэнтIэкIынурэ зэхичэтхъэжынущ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: