КъэфакIуэ нэхъыфIхэм хабжэШэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и «Щэрдан» ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Гугъуэтыж Аскэрщ) ящыщщ республикэм зэфIэкI зиIэ и къэфакIуэ гупхэм.
2018 гъэм къызэрагъэпэща ансамблыр мызэ-мытIэу щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм щекIуэкIа зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Москва 2023 гъэм щызэхэта «Здравствуй, мир!» урысейпсо зэпеуэм и «ЦIыхубэ къафэ» унэтIыныгъэм гупыр щытекIуащ. Дон Iус Ростов къалэм 2024 гъэм щекIуэкIа «Имена России» лъэпкъыбэ фестивалым къыхэжаныкIащ ансамблым и къэфакIуэ 12 икIи «Къафэмрэ цирк гъуазджэмрэ» унэтIыныгъэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ.
2025 гъэм ансамблым Гран-при саугъэтыр къыщихьащ Пифийскэ джэгухэм я урысейпсо Iыхьэм. Мы зэпеуэм я зэфIэкI щеплъыжат къэралым и гуп 60-м щIигъу. «Щэрдан» гупым зэхьэзэхуэм щагъэлъэгъуащ къафиплI: лъапэрисэ, убых, «Гуащэ», «Никто не забыт, ничто не забыто» дзэ-псэкупсэ теплъэгъуэр. Иужьрейр траухуащ 115-нэ шууей дивизэм. Ансамблым и дэтхэнэ къафэми щхьэхуэу ЩIыхь тхылъым и япэ нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. КъэпщытакIуэхэм къалъытащ къэфакIуэхэм я утыку итыкIэр, лъэпкъ макъамэр, хабзэр, фэилъхьэгъуэр зэрахъумэр.
КъинэмыщIауэ, нэгъабэ Железноводск къалэм щекIуэкIа «Мираж искусства» лъэпкъыбэ зэпеуэм Гран-при саугъэтыр къыщыхуагъэфэщащ, «Анэ» теплъэгъуэмрэ «Гандаган» куржы къафэмрэ гум дыхьэу зэрагъэувам папщIэ. Мы гъэм гупым Гран-при саугъэтыр къыщихьащ Темыркъан Юрэ и цIэкIэ къэфакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Творческие вершины» щIыналъэ зэхьэзэхуэм.
Ансамблым и къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм хуэсакъыу яхъумэ лъэпкъым и къафэ, макъамэ хабзэхэм я щапхъэ нэхъыфIхэр. Илъэсищ хъуауэ гупым хэт Къып Чэрим къафэ гъуазджэм и щэхухэм дэкIуэу, лъэпкъ хабзэми зыщегъэгъуазэ. ЗэфIэкI зиIэ гъэсэнхэм ящыщщ илъэситху хъуауэ ансамблым хэт, къафэм зи гъащIэр тезыухуэну зи мурад Щэмырзей Темыркъан.
Ансамблым хыхьэу къызэрагъэпэща студием сабий тхущIым щIигъу йокIуалIэ. Къафэ гъуазджэм япэ лъэбакъуэхэр хэзычэ цIыкIухэми я хъуэпсапIэщ ансамблым и гуп нэхъыщхьэм къыщыфэну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




