Лъэпкъым и щIэблэр гъэсауэ щытыныр зи хъуэпсапIэАдыгэ сабий литературэр зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и художественнэ тхыгъэхэм. Ахэращ блэкIа лIэщIыгъуэм и 20 - 30 гъэхэм лъэпкъ сабий литературэр зэрыкIуэну гъуэгур бгъуфIэ зыщIар. А жанрым тхакIуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыщыгъэлъэгъуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Мадинэрэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Абазэ Албэчрэ я лэжьыгъэм - «ПсыжапIэр бгъуфIэ зыщIа тхакIуэр» я тхыгъэм.
«ЩоджэнцIыкIу Алий и сабий тхыгъэхэр езыр зыпэрыта егъэджэныгъэ IэнатIэм, и IэщIагъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Абы и хъуэпсапIэр лъэпкъым и щIэблэр гъэсауэ, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджынырщ. Апхуэдэ сабий нэгъэсам и образым дыщрохьэлIэ «Хьэсанш еджакIуэ» усэм. Япэу дунейм къыщытехьам абы зэреджэу щытар «ЕджакIуэ Хьэсанш цIыкIущ». И тхыгъэм усакIуэм къыщигъэлъагъуэр Хьэсанш и зы пщэдджыжьырщ, ар жьыуэ къэтэджу, зитхьэщIу, зихуапэу, шхэуэ еджапIэм зэрыкIуэрщ. ЕджакIуэ еIуящIэхэм хуэдэу, «ар хьэгъэбанэу, хьэмэрэ уэрам бжыхьхэр ибжу», Iуэхуншэу щыткъым. Ар и ныбжьэгъухэми егъэджакIуэхэми фIыуэ къалъагъу, еджэнкIи зыри зытригъакIуэркъым.
Лъэпкъым дэтхэнэ и сабийми щэныфI яхэлъыныр зи хъуэпсапIэ усакIуэм апхуэдэ ныбжьыщIэм и щапхъэ щыдегъэлъагъу «Хьэсанш цIыкIу и гущIэгъу» усэми. Абы и лIыхъужьым егъэлеяуэ ищIэшхуэ щыIэкъым, мафIэсым зыри къригъэлыркъым, лIыгъи зэрихьэркъым, уаем хэхуа шырыр ажалым къригъэлу аращ. КъэкIыгъэм, хьэпщхупщхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм апхуэдэ гущIэгъу яхуэзыщIым езым хуэдэхэм лей, мыхъумыщIагъэ, къемызэгъ ирипэсынкIэ Iэмал иIэкъым. Аращ усакIуэми Хьэсанш щIалэр щIигъэлъапIэр, апхуэдэ гущIэгъу яхэлъу дэтхэнэ зы еджакIуэри щытын хуейуэ къыщIыхуриджэр.
1931 гъэм къыдэкIа «Артель» сборникым къытехуащ усакIуэм и усэ зыбжанэ. КъыдэкIыжа и тхылъхэм трамыдза щхьэкIэ, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым ахэр зэхэщIыкI лъагэ иджыри зимыIэ къуажэ сабийхэм, еджапIэм япэ лъэбакъуэхэр щызычхэм папщIэ итхауэ зэрыщытар. Сабий гъащIэм теухуауэ щытми, абыхэм гъэщIэгъуэну усакIуэм къыщигъэлъэгъуащ зэман кIэщIым къриубыдэу еджакIуэ цIыкIухэм я зэхэщIыкIым зэхъуэкIыныгъэ хьэлэмэтхэр зэригъуэтар, щIэныгъэм фIыгъуэу къыпэкIуэр къагурыIуэу зэрыхуежьар. А тхыгъэхэм хэт лIыхъужь цIыкIухэр щIэныгъэм апхуэдизкIэ итхьэкъуащи, зэран къахуэхъуну яужь къихьэхэм лъэщу япэщIоувэ.
Къэбэрдей-шэрджэс сабий литературэр зэфIэгъэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ зэрыщыту ЩоджэнцIыкIум и творчествэм. УсакIуэр псэемыблэжу хуэлэжьащ щIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм гъащIэр зэрызэхэлъ Iуэхугъуэхэр я фIэщ щIыным, ахэр художественнэу я пащхьэ илъхьэным. ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм гупсысэ куухэр къыщыIэтащ, абыхэм ныбжьыщIэхэм я дуней еплъыкIэр ирагъэфIакIуэ. Апхуэдэ тхыгъэхэм ящыщщ «Кхъужьей щIагъым» рассказыр.
Рассказым лъабжьэ хуэхъуар социальнэ зэпэщIэувэныгъэрщ. Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр Болэт дадэщ, еджакIуэхэм къатIысыхьауэ и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэм яхутопсэлъыхь. Ар зытеухуар ЩхьэхуэфI Ахьмэд беижьымрэ къуажэ молэмрэ зэрахьа лейрщ. Болэт ягъэкIуэдын щхьэкIэ (ар и щIалэгъуэм Дзэлыкъуэ бунтым хэтат), мэжджытым щIэлъ алэрыбгъуитIыр къыщIахри, мэкъуэщым ит пыпхъуэ щIагъым щагъэпщкIуащ. Апхуэдэ «къуаншагъэ зылэжьа» насыпыншэр Сыбыр къыщохутэ. Абы ар урыс революционер Сырков щыIуощIэри, залымыгъэ зекIуэм зэрыпэщIэтын хуей щIыкIэр къыгурегъаIуэ. Рассказым гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхрышар къызэрыгуэкI бгырыс мэкъумэшыщIэм и зэхэщIыкIым зэрызихъуэжырщ, абы и лъабжьэр еджэн, щIэныгъэ зэгъэгъуэтын зэрыхуейрщ.
ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм ЩоджэнцIыкIум и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм я нэхъ купщIафIэ дыдэу щIэныгъэлIхэм къалъытэ «Хьэжыгъэ пут закъуэ» рассказыр. Абы щекIуэкI социальнэ зэхуэмыдэныгъэр къызэрыгъэлъэгъуар ар сабийм зэрызыхищIэмкIэщ. ЩIалэ цIыкIум и адэм я гъунэгъу Тембот хьэжым хьэжыгъэ пут щIыхуэу къыIихащ, мэкъу дестынэ хупиупщIыжыну, иджы ар гугъуехьищэхэр пылъу епшыныж. Рассказым и лIыхъужь Хьэсет цIыкIу игу щIохьэ Тембот хьэжым и къуэ Муратрэ езымрэ я псэукIэм и зэхуэмыдэныгъэр: «Сэ сыщытщ жаIар си жагъуэ хъуарэ дыгъэм сигъэмэхауэ, си натIэм сыкъыщIэплърэ тешанкIэм сыкIэлъыплъу. Сэ лъэныкъуэкIэ сеплъэкIырт, гупсысэ мыфэмыцхэм си гур якъузу: пэжщ, сэ сыкъулейсызщ, ар йоджэ, щIэныгъэ зрегъэгъуэт. Дэ абы и адэм дрилIыщIэу аращ… Абдежым сэ сехъуэпсащ уэгум ит къуалэбзухэм, псэущхьэхэм, гъудэбадзэхэм – ахэр щхьэхуитщ, зэрыхуейм хуэдэу мэпсэу, унафэщI яIэкъым. Сэ хьэжыгъэ пут закъуэм гъэр, лIыщIэ сищIащ».
Ауэ гъэмахуэ жэщым и дахагъ къызэрымыкIуэм гу лъызыта щIалэ цIыкIум и гупсысэр цIыху гъащIэм щхьэщокIри, щэху, Iэзагъ куэд зыгъэпщкIу хьэршым нос. «Вагъуэхэр уафэм игуэшахэт, хэт нэхъ инт, хэт нэхъ цIыкIут, хэт нэхъ цIут, псэр игъэгуфIэрэ игъафIэу. Сэ уафэм сеплъырт, вагъуэхэр зэрызэхущыт елъытакIэ гуп-гупу зэхэздзу. Си джабэр адэм къигъэхуабэрт, и Iубахъэ хуабэр къыщысщIихукIэ насыпыфIэ сищIырт, си плIэр зэрыузари, абы телъ уIэгъэхэр зэрыбжьыбжьри сщигъэгъупщэжу. А жэщым уафэмрэ щIылъэмрэ щIэращIагъэкIэ зэпеуэ хуэдэт. Сэ слъэгъуащ вагъуэхэр пшэ гуэрэным зыщагъэпщкIуурэ къызэрыкъуэплъыжыр. Сэ зэхэсхащ мэзхэм, удзхэм, щIым жэщ даущыншэм щагъэIу макъамэ зэмыщхьхэр. Шыхулъагъуэм идз нэхур си Iэм къытепсэрт, ди пщыIэм къыхуэкIуэ лъэс лъагъуэ цIыкIум щыджэгурти, сышынэрт щIымрэ уафэмрэ зэрызэдэджэгу а дахагъэ псори си бауэ макъым къызэпиудынкIэ».
СурэтыщI зэчиифIэм ещхьу, тхакIуэм ныбжьыщIэр зыхэпсэукI дуней хьэлъэм хешри, хъуэпсапIэ куэдкIэ гъэнщIа щIыуэпсым и телъыджагъэхэр и нэгу къыщIегъэувэ. ЩIалэ цIыкIум и нэ жанхэм ялъагъу а «уафэмрэ щIылъэмрэ гуапэу щызэдэджэгу» дакъикъэращ нэхъыщхьэр зыхэлъыр – насыпым Iэмал зэриIэр, хьэршымрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэлъым цIыхур зэрыхуитыр. Ауэ ар зыIэрыгъэхьэгъуафIэкъым – цIыху цIыкIум и дунеймрэ хьэрш абрагъуэмрэ я зэхуакур хьэзабрэ гухэщIкIэ зэрысеяри щIиуфэркъым. Сабиипсэм зыхрегъащIэ гъащIэм и лъэныкъуэ зэмыфэгъухэр.
Кавказ Ищхъэрэм граждан зауэр зэрыщекIуэкIам теухуащ ЩоджэнцIыкIум и «НыбжьыщIэ хахуэ» поэмэр. Ар эпическэ жанр нэхъ ину япэу усакIуэм итхахэм ящыщщ. Поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Мэжид щIалэ цIыкIум «плъыжьхэм» яхыхьэну мурад ищIащ, хужьыдзэхэм яукIа и адэм илъ ищIэжыну. Ауэ командирым идэркъым илъэс 14 фIэкIа мыхъу щIалэ цIыкIур къищтэн. АрщхьэкIэ, Мэжид Iэмал гуэрхэр къегъэсэбэпри, зауэ IэнатIэм яфIокIуэ. Мэжид уIэгъэ хъуа зауэлIхэм ядоIэпыкъу, епцIыжакIуэхэр къыщIегъэщ. УсакIуэм къегъэлъагъуэ балигъ мыхъуа щIалэ цIыкIум щхьэхуитыныгъэм и бэнакIуэ хахуэ къызэрищIыкIыр. ЗэуапIэ IэнатIэхэм абы къыщегъэлъагъуэ и хахуагъри, жыджэрагъри, тегушхуэныгъэри, акъыл жан зэриIэри. Мэжид и лIыгъэр щIалэ цIыкIухэм я дежкIэ щапхъэщ, абы и хъуэпсапIэр къыдэзауэхэм дзыхь къыхуащI хъунырщ, и къуажэгъухэм пщIэ къыхуащIынырщ. Абы тIэунейрэ кърегъэл отрядым и командир Мурат.
Мурат языныкъуэ цIыхухэм ядилъагъуркъым къызэрыхуэмыпэжри, и щхьэм и мызакъуэу, и гуп псор хэкIуэдэнкIэ зэрыхъунури. Ауэ Мэжид и набдзэгубдзаплъагъым къыхэкIкIэ къелащ Мурат и гупыр. Мурат и ныбжьэгъу, чэнджэщэгъу нэхъыщхьэр Павленкэщ, аращ гупыр щытыкIэ шынагъуэ щихуэм, Мэжид хэмыкIуэдэн щхьэкIэ штабым зыгъакIуэри. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыхухэр щытыкIэ гугъу къыщихутэм зэрызэкъуэтымрэ зэрызэхуэпэжымрэ и щапхъэ белджылыщ мы поэмэр».
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




