Фи пащхьэ идолъхьэ тхакIуэ, журналист Къаныкъуэ Анфисэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «МелыIычхэмрэ бзаджэнаджэхэмрэ» романым щыщ пычыгъуэ.
Мышэрэ Зерэрэ хъыджэбзитхурэ зы къуэрэ зэдагъуэтауэ, къуажэ дэлъэдапIэ дыдэм деж унагъуэ дахэшхуэу, берычэтыр къадекIуэкIыу щыпсэурт. Къуажэм узэрыдыхьэу япэ автобус къэувыIэпIэр зыхуэзэр абыхэ я куэбжэпэрат. Автобусым укъызэрибэкъукIыу, кхъужьей жыгышхуэ, баринэ хъужауэ щытт. Бжьыхьэку хъухукIэ абы мыкIуэщIу пыт, псыр къызыщIэж кхъужь цIыкIунитIэхэм зэрыкъуажэу щыгуфIыкIырт, мащIэу къэмэжэлIахэм гъуэгу гъуэмылэ яхуэхъурт. Абыхэ я куэбжэпэр сытым дежи апхуэдизкIэ къабзэт, IуплъэгъуафIэт, гуапагъэ къызыIуихти, блэкIри къыблэкIыжри къыщызэтеувыIэрэ, Мышэ и IэкIэ ищIа тетIысхьэпIэ лъахъшэ цIыкIум щетIысэхыу, зыщагъэпсэхуу, уэрамыщхьэм щагъэува крантIым къыдэкIуей псы щIыIэмылымкIэ я псыхуэлIэр ирагъэкIыурэ ежьэжырт. Дауи, а унагъуэ дахэр зымыцIыху къуажэм дэстэкъым, Мышэ и IэпщIэлъапщIагъэр, Зерэ и шхыным и IэфIагъыр, я бынхэм я дахагъымрэ зэрыщIыкIафIэхэмрэ къуажэдэсхэм я закъуэ мыхъуу, хамэ щIыпIэ къикIа хьэщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэну яIуэтэжырт.
Лъагъуныгъэр зи унэ имыкI, зэгурыIуэр зи унагъуэ илъым и нэгумрэ и Iэгумрэ зэIухащ, абы цIыхур нэхъри егъэдахэ. ЗэлIзэфызым я бынхэр къыхащыпыкIам хуэдэу, гукIи, псэкIи, дуней тетыкIэкIи, теплъэкIи зэкIужт. Я пщащэхэр икIи мылъагащэу, икIи мылъахъшэ дыдэу, шхужь хъурейрэ я бгым уэрдыхъу ижыным хуэдэу псыгъуэу, я Iупэплъхэр щхьэнтэ цIыкIум хуэдэу тегъэтIысхьэжауэ тхьэIухудт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ пщащэхэр куэдрэ дагъэсынт, зэбграшарэ, унагъуэ хъужауэ, бын тIурытI-щырыщи ягъуэтыжауэ анэ насыпыфIэу забжыжырт.
Адэ-анэр лъэпкъ зырызмэ, бынхэр арауэ жаIэ дахэ щIэхъур: Зерэ и адэр тыркут, и анэр балъкъэрт. Арами, псоми балъкъэру фIэкIа ящIэртэкъым. Адыгэм балъкъэрым щхьэкIэ «къущхьэ» жиIэу есакъэ, Мышэ и щхьэгъусэм зэреджэр Къущхьэт.
Езы Мышэ гушыIэшхуэ зыхэлъ лIы цIыкIу хэщIыхьат. ЦIыкIуми, щыщIалэм абы теплъэ дахэу зэрихьамрэ цIыхубзкIэ и нэгу щIэкIамрэ и нэщэнэу и нэ удзыфафэр къиджэгукI-къиджэгукIыу, зы щэху гуэр зэрихьэрэ, абы къигъэнэщхьыфIэм хуэдэу, и Iупэпщыр зытежрейт. Езым куэд жиIэртэкъым, ауэ къэпсэлъамэ, уи ныбэр пIыгъыу укъигъанэрт, апхуэдизкIэ псэлъэкIэ дахэ иIэти. Сабиигъуэ гуащIэри, анэнэпIэс бзаджэри, гъащIэ гущIэгъуншэри зэран къыхуэмыхъуу, ажалыр къыкIэрыщIауэ, псоми я нэхейкIэ гъащIэм насып дахэ къыIэщIэзытхъахэм ящыщт апхуэдизу зи гум дыгъэ щепс лIыжьыр, мы дунейми теттэкъым абы зыгуэр и фэ икIауэ къызэрыпщIэн. А псори зи фIыгъэр Зерэт, дауи.
И щхьэгъусэм елъытауэ, Зерэ цIыхубз дэгъуэшхуэт. Адыгэбзэр балъкъэрыбзэм хуэдэ дыдэу зыщIэ цIыхубзым мы дунейм теттэкъым нэгъуэщI лъэпкъыу зэрыхуэбгъэфэщэн, хьэщIэ къыхуэкIуа и шыпхъу нэхъыщIэхэм балъкъэрыбзэкIэ ядэуэшэру уримыхьэлIэмэ. ЦIыхубз Iэчлъэчышхуэм и нэгур зэIухат, гуапагъэ кърихырти, дэтхэнэми и дзыхь къригъэзырт, чэнджэщ лъыхъуэхэри зэпымычу къекIуалIэрт.
ЖаIэрт Зерэ пелуану. Ар и щIалэгъуэм зыцIыхуахэм яIуэтэжырт Зерэ шэ флягитIыр Iэ зырызымкIэ иIыгъыу, зыуи къримыдзэу, джабэм къыдихыфу щытауэ! Зыгуэрым жиIэжат: Зерэ къыдэгушыIэну мурад зыщIа щIалэм сэлам къыщрихам, апхуэдизкIэ и Iэр икъузати, узым зэхуиша щIалэр лъэгуажьэмыщхьэу и пащхьэ щетIысэхауэ. Зи Iэм дыщэ къыпыщэщ, ерыскъы IэфIкIэ хьэщIэр зыгъэтхъэж, зи нэкIущхьэм анэл тес фыз нэхутхьэху теплъэгъуафIэ дыдэм ущыIуплъэкIэ, фIэщщIыгъуейт абы апхуэдиз къару къыкъуэкIыну. Ауэ пэжыр пэжщ, Зерэ Iэпщэ защIэкIэ игъэхъей Iуэху хъушэм ущыхэплъэкIэ, шэчыр лъэныкъуэкIэ екIуэкIыжырт.
Мышэ бзаджэтэкъэ?! КъарукIэ зэрыпэмылъэщынур къищIати, гъэпцIагъэкIэ къригъэшауэ щытащ и щхьэгъусэр: джэгу докIуэ жаIэщ, шыгум ирагъэтIысхьэщ пщащэ зытIущи, къашэри Мышэхэ къыдагъэуват. Зерэ псори къыгурыIуат, ауэ хьэлыншэу зимыщIу унэм зыщIригъэшащ. «Еуэ-тIэ, насыпыфIэ дыдэ тхьэм фызэдищI!», - жиIэу, шыгум дэса щIалэр щыщIэкIыжым, Зерэ пхъуэри, и IэпхъуамбиплIыр щIалэм и бгырыпхым диукIащ: «Уэ мыбы сыщIумышыжу щIэкIи, лIыгъэ уиIэщ!» жиIэри. Мышэ и ныбжьэгъу щIалэри нэхъ бзаджэжу къыщIэкIащ - и бгырыпхыр итIатэщ, зыщIигъэхури, щIэпхъуэжащ. Зери бгырыпхыр и IэмыщIэм илъу утыкум къинащ.
ЛIыжь-фызыжьым япхъу тхьэIухудхэр зэбграшами, пщIантIэм я закъуэу дэзэшыхьыртэкъым, Iуэхур гъунэжу яIэт. Мышэ пионерхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм хъумакIуэу щылажьэрт. Ар унагъуэм япэжыжьэтэкъым, гъуэгум узэприкIмэ, джабащхьэм щаухуауэ арати, ауэ Iэдакъэжьауэу уплъэмэ, лагерым тетыIами, плъагъунут. Хужь-удзыфэу къилыкIа куэбжэшхуэм и сэхым къыкIэрыувэрт, щIакъуэ баш цIыкIум зытригъащIэрти, лагерымкIэ и нэр етауэ зыкъомрэ щытт. ИтIанэ тIэкIу ешамэ, ауэ къыщыт тетIысхьэпIэм етIысэхырти, адэкIэ кIэлъыплъырт. Зыгуэрхэр щызэхэзекIуэу гу лъитамэ, зыкъиIэтырти, хуепIэщIэкIыу лагерымкIэ иунэтIырт, и хъуреягъыр тIэу-щэ къызэхикIухьырт, къыщыхъур зригъащIэрти къигъэзэжырт. Пшапэр зэхэуа нэужь лагерым кIуэрти, нэху щыху щыIэт. Узыхуеину хъуар ихьауэ, гъуэлъыпIэ нэгъунэ щIигъэувэжауэ, зи къэшэгъуэ щIалэм и лэгъунэм хуэдэу зэлъыIухауэ апхуэдэт Мышэ нэху къыщекI пэшыр.
Щхьэгъусэ жаIэкIэ, Зерэ хуэдэу лIым хуэпэж фыз цIыхум илъэгъуауэ къыщIэкIынтэкъым. И лIым гъуэмылэ хузэрилъхьэрти, гъуэлъыжыгъуэ къэс хузэприхырт, бгъэдэст, зэдэуэршэрырти, хуэмурэ къызэпрыкIыжырт.
Махуэ псом Зери ищIэн и куэдт. Хьэрэшхуищ, танэ епха, шыд зэрахуэрт унагъуэм. Фызым гъэшу зэрихьэмрэ джэдкъазу зэрихуэмрэ ущIэмыупщIэ, жыхуиIэрат. Абы жыг зэмылIэужьыгъуэ гъунэншэхэр баринэ хъужарэ, Iэрысэм къришэхауэ хадэ кIыхьышхуэм итыр къыхыхьэжамэ, щхьэкъэIэт иIэтэкъым. Ауэ цIыхум ягъэщIагъуэрати, сыт хуэдэ зэманым Зерэрэ Мышэрэ я унагъуэм хьэщIэ къимыхьами, асыхьэтым къущхьэ хъыршыным тхъур къежэхыу къыщIригъэдзырт, езым игъэпцIа шху, ерэн щIыIэхэр гъусэ хуищIыжырти игъатхъэрт. Абы и гъэшхэкI жыпIамэ, цIыхур зэрыукIырт. ЦIыхур зэпымычу щэхуакIуэ къыхуэкIуэрт фызым, шэщIэмыху кхъуей, шху пцIатэ, шху, шатэ, тхъу, джэдыкIэ жаIэурэ.
Мис, ноби унэгуащэр тхъу еуэу, я унэбгъум къыгуащIыхьа пщэфIапIэ цIыкIум щIэст. Мышэ лэжьапIэм щыIэт, Iэниуар (я къуэ фызкъэмышэр) мафIэсгъэункIыфIхэм яхэтти, и Iуэху пэрытыжт. ПщIантIэ хуит нэхутхьэхушхуэм гъащIэр къыщибыргъукIырт: хадэмкIэ джэдкъазым я макъыр къиIукIырт, пщIантIэм дэт дэшхуеишхуищым я тхьэмпэхэр жьы мащIэм зэрихьэрэ, «щхъ-щхъ-щхъ» макъ щабэр къагъэIуу, хьэндырабгъуэ хужь-гъуэщыфэ цIыкIухэм къыщалъэтыхьу, абы Зерэ тхъу зэрытриху Iэмэпсымэм и «быргу-быргу» макъыр къыхыхьэжауэ апхуэдэт. Фызыр Iуэхум дихьэхыпауэ фэ тетт, ауэ абы и гумрэ и гупсысэхэмрэ щIыпIэ зыбжанэм щыхэтт: и хъыджэбзхэмрэ и пхъурылъхухэмрэ зэпымычу егупсысырт ар, Iэниуар нысэ къыхуишэу махуэ псом и закъуэ щIэсыныр щыщигъэтыныр къыхуэгъэсыртэкъым. Зерэ гупсысэхэм къыхишащ куэбжэ Iух макъым. ЗэщIэдэIукIри, пщэфIапIэмкIэ хуэму зыгуэр къакIуэрт. Мо фыз хьэлъэшхуэм зыкъыщиIэтым ирихьэлIэу я хъыджэбз еплIанэ Аишэ ипхъу хъурыфэ цIыкIум и Iэпэр иIыгъыу и пащхьэ къихутащ.
- АIей, фыкъеблагъэ! – жиIэри, Зерэ хьэщIэхэм гуапэ дыдэу япежьащ.
- Дауэ фыщыт? – анэ гу щабэм зришэкIащ Аиши.
- Мамэхуэ, сыт пщIэр?! – жиIэу, илъэсищ фIэкIа мыхъу хъыджэбз цIыкIур тхъумкIэ Iэбащ.
Фызыр етIысэхыжри, Динэ цIыкIу и IэплIэм иригъэтIысхьащ, ба хуищIурэ.
- КъэтIыс, моуэ, къыдыхьи, сэ иджыпсту хъыршын издзэнщи фызгъэтхъэжынщ! – жи Зерэ.