Бгыщхьэ щIыпIэм щыпсэуныр тыншу къэзымылъытэр цIыхухэм я закъуэкъым, апхуэдэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэми къахокI а Iуэхум тIасхъэ ирихъухэр.
Къэдгъэлъагъуэмэ, къуршылъэхэм къыщызэщIэтаджэ мэл щIэжьейхэм, нэгъуэщIу жытIэмэ щынэхэм, мымащIэу яхэтщ жьэн уз зэфыкIхэр. АтIэми, зэрытщIэщи, цIыхухэми псэущхьэхэми я Iэпкълъэпкъыр тIэкIу-тIэкIуурэ йосэж бгыщхьэхэм щытепщэ дуней щытыкIэм. Аращ, тафэтесхэм етлъытмэ, къущхьэдэсхэм я лъым лъышэ (кислород) нэхъыбэ щIызэщIишэр, я лъынтхуэхэр нэхъ пIащэ щIэхъур, я бгъэхэмрэ ягухэмрэ щIэнэхъиныр.
А щхьэусыгъуэхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, щхьэпэкъым псыхъуащхьэхэм цIыху нэхъыбэ дэтIысхьэнымкIи. Ауэ а псом нэхърэ нэхъ иныжу зэран хъу Iуэхугъуи щыIэщ. Абы гу лъатат Америкэ Ипщэм и бгыщхьэ «тэхъуанэхэм» испанхэр итIысхьэн щрагъэжьа зэманым. КилометриплIым щIигъу зи лъагагъ къуршылъэр, исахэр кърахуу, псэупIэ зыщIа зэрыпхъуакIуэхэм я унэгуащэхэм лъхуэн-пIэныр щагъэтат. Аращ Перум и къалащхьэ Лимэ куэдкIэ нэхъ лъахъшэу кърахьэхыжын хуей щIэхъуари.
КIэлъыплъахэм къызэрапщытауэ, километри 4-м щIигъу зи лъагагъ къуршхэм дэкI цIыхум и зэфIэкIым процент 20 хуэдизкIэ кIэроху, километри 5,5-кIэ зызыIэтым и къарум процент 50-кIэ хощI. Ар къызыхэкIым и гугъу тщIынщ.
Япэрауэ, цIыхум, щыбауэкIэ зы дакъикъэм техуэу хьэуа литри 140-м щIигъу зыжьэдешэ. АтIэми, жьым лъышэу хэт процент 21-м щыщу Iэпкълъэпкъым хуэгъэщхьэпэр проценти 4 къудейщ, адрей процент 17-р къызыжьэдехуж. Абы кърикIуэу, бгыщхьэхэм ихьэ цIыхум и тхьэмбылыр хэкъузауэ имыгъэлэжьэныр Iэмал зимыIэщ, зыхишэ хьэуам лъышэу хэтыр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыщыхъум къыхэкIыу. ЕтIуанэрауэ, а Iуэхум дэщIыгъупхъэщ бгыщхьэхэм Iэпкълъэпкъыр зымыгъэтынш щIыIэр, жьапщэр, дыгъэ бзийр зэрыщыятэр, хьэршым къикIыу жьым къыхэлъатэ электро-малъхъэдис пкъыгъуэжьейхэм я къарур зэрыщынэхъыбэр.
Пэжщ, цIыхум дежкIэ бгым ихьэныр сэбэп мэхъу: и гукъыдэжым нэхъ зыкъыщеIэт, и Iэпкълъэпкъыр щызэрокI, здэкIуэм и лъагагъыр мыиныщэмэ. Ауэ, къуршхэм нэхъри зыщыпIэтыхукIэ, уи зы дэтхэнэ пкъынэлъынэри гугъу зэрехьым хэхъуэ зэпытщ, сыту жытIэмэ шэщIауэ лэжьэн щыщIадзэри.
Хэгъэзыхьауэ кърахуэкI Iэпкълъэпкъыр зыIууэ лъэпощхьэпохэм щыпэмылъэщыжым деж, ар «бгы узым» щIэдзапIэ хуохъу. Уи пкъынэлъынэхэм лъышэкIэ зэрызамыгъэнщIырщ абы щхьэусыгъуэ нэхъ хуэхъури. А Iуэхум и «дэIэпыкъуэгъущ» бгым и хьэуа щIыIэри. Ар егъэлеяуэ щыткIыбжьым деж, лъынтхуэхэр зэхуешэ. ЩIыIэр нэхъ ткIииху, лъышэу тхьэмбылым Iэрыхьэри нэхъ мащIэ мэхъу.
АтIэми, гу зэрылъатамкIэ, километри 6-м щIигъу зи лъагагъ къуршыщхьэхэм дэкIыныр гъащIэм дежкIэ шынагъуэ къэзышэщ, лъышэр зэрыщымащIэ дыдэм къыхэкIыу. «Ажалым и бжэщхьэIу» зыфIащам и нэзщ километрихыр. Ауэ а Iуэхугъуэри Iэпкълъэпкъым и лъэщагъыр зыхуэдизым елъытащ. Альпинист нэхъ къарууфIэ дыдэхэм я дежкIэ а «нэзыр» километри 8-м щыщIигъу щыIэщи, апхуэдэхэр ди планетэм и нэхъ бгы лъагэ дыдэ Эверест (Джомолунгма) докIыф, кислород зэрыт Iэмэпсымэ гуэри зыдамыщтэу. «Барокамерэ» жыхуаIэ гъуэмбырэщхэм щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэнэIуамкIэ, альпинистхэм къахокI кислород «бжэщхьэIур» метр 9750-м нэзыхусыфхэри.
«Бгы узым» и къэкIуэкIэхэм нэхъ зыкъыщызэкъуах лъагагъхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щызэхуэдэкъым: Камчаткэ хытIыгу ныкъуэм ярыт Iуащхьэхэм зезыпщытхэм а узыр къащыпкърыхьэр километр 1,5-м дежщ, Швейцарием и Альпхэм километри 2,5 - 3-м, Кавказым - 3 - 3,5-м, Андхэмрэ Африкэ къуршхэмрэ - 4-м, Памирым - 4,5-м, Гималайхэм – километри 5-м фIэкIа иужькIэщ (я нэхъыбэм). Мы къедбжэкIахэм къагъэлъагъуэ дэтхэнэ щIыпIэми езым и кислород «гъунапкъэ» зэриIэр. АтIэми, къурш нэхъ лъагэхэм зезыпщыт дэтхэнэ цIыхуми «бгы узым» зыкърегъащIэ.
Еджагъэшхуэхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, километри 4 - 5 зи лъагагъ Iуащхьэхэм зэман кIэщIкIэ фIэкIа зыщомыгъэгувэмэ нэхъыфIщ. ПIалъэ кIыхькIэ апхуэдэ лъагапIэхэр хэщIапIэ зыщIхэм я узыншагъэм дерт щегъуэт, ешыр щIэх къащытогуплIэ, гуащIэмащIэ-къарууншэ щохъу, я къарур зэрыщызэфIэувэжыр кIыхьлIыхьущ. Бгыщхьэхэм цIыхум и Iэпкълъэпкъыр есэжын папщIэ зэман гуэр дэкIыпхъэщ. Кавказым а пIалъэр махуи 4-м щыноблагъэ, Тьян-Шанымрэ Памирымрэ махуи 5 - 7-м.
Ныбжь елъытакIэрэ, псом нэхърэ нэхъ псынщIэу икIи нэхъыфIу лъагапIэхэм есэр ныбжьыщIэхэрщ. Нэхъыбэ къэзыгъэщIахэр бгылъэхэм зэресэр гугъусыгъуущ. КъалъхуагъащIэхэм я гугъу тщIымэ, къазэрыфIэIуэху щыIэкъым лъагапIэхэм лъышэр зэрыщымащIэр.
Лъышэм и куэдагъ-мащIагъым псэущхьэхэр зэрыхущытри зэщхькъым. Гималай къурш зэрыбыным ярыт якхэр, псалъэм папщIэ, километри 6,5-рэ зи лъагагъ джабэщIхэм докI, къызэрырадзэ щымыIэу, я гъащIэ псом къриубыдэуи километри 2 нэхъ лъахъшэ къемыхыу. «Бгы уз» жыхуаIэр къизымыдзэщ къыдырыр. Пэжщ, нэхъ хуиту бэуэн папщIэ, абыхэм я пэщхъыныр щрабзи нэхъ быхъу щащIи щыIэщ. Шыхэмрэ махъшэхэмрэ лъагапIэ ин дыдэхэр яхуэхьыркъым. АрщхьэкIэ, телъыджэр аращи, лъышэр щымащIэ хэгъэгухэм уащрохьэлIэ тхы къупщхьэншэ е зы клеткэ фIэкIа мыхъу пкъыгъуэжьейхэми…