Уэрамыр къагъэщIэрэщIэж

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и инженер коммуникацэр къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ Налшык щызэхаублащ.
Мы гъэм ахэр щрагъэкIуэкIынущ Чернышевскэм и цIэр зезыхьэ уэрамым: Байсултановым и цIэр зезыхьэм деж къыщыщIэдзауэ Ахъуэхъум и цIэр зезыхьэм деж нэсыху я зэхуэку дэлъ Iыхьэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Лэжьыгъэхэм хыхьэу а щIыпIэм щызэрахъуэкIынущ псы къабзэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр. 
Иджыпсту уэрамым щIыр щыдатIыкI, бжьамийхэр абы зэрыдалъхьэнум хуагъэхьэзыр. Псори зэхэту бжьпмийуэ зэрахъуэкIынум километри 6,5-м нэблагъэ я кIыхьагъщ икIи лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсу щытмэ, цIыху 500-м щIигъум псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэн щIадзэнущ, къагъэсэбэпари дагъуэншэу Iуашынущ.
 
                                                             И кIэм ноблагъэ
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм ЕтIуанэ – Булунгу автомобиль гъуэгум илъэс еплIанэ хъуауэ щекIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. 
А пIалъэм къриубыдэу лэжьакIуэхэм гъуэгу щхьэфэр трахри, лъабжьэр ягъэбыдащ, зэ ирикIуэгъуэу асфальт тралъхьэжащ, лъэмыжибгъу къагъэщIэрэщIэжащ. 
Иджыпсту ахэр йогугъу гъуэгубгъухэр гъэбыдэным, шынагъуэншэ зэрыхъуным икIи щыIэ мардэм хуэкIуэ къэухьхэр, дамыгъэхэр ирикIуэу щагъэув, гъуэгум и кум бетонхэр трагъэувэ. 
Апхуэдэуи Булунгу, Эль-Тюбю къуажэхэм пхыкI гъуэгум ибгъухэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI.
ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я фIагъыр зыхуэдэр КъБР-м и Управдорым и IэщIагъэлIхэм махуэ къэс къапщытэ. Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж автомобиль гъуэгур мы гъэм и кIэхэм къызэIуахыжнущ.
 
                                                             ЩIалэгъуалэм папщIэ
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Лэскэн районым и Анзорей къуажэм и курыт еджапIэ №1-м щаухуащ ГТО-м и мардэхэм щыхуагъэхьэзыр икIи ахэр щат иджырей спорт утыку зэпэщ. 
  Спорт утыкущIэм щагъэуващ ГТО-р зэратынум зыхуагъэхьэзырын щхьэкIэ зыхуэныкъуэну спорт оборудованэхэмрэ тренажерхэмрэ икIи, зэман кIэщIым къриубыдэу, ар кIуапIэ яхуэхъуакIэщ къуажэдэс щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ: жыджэру зыщагъасэ егъэджакIуэ-тренерхэм я нэIэ щIэту, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм. 
Къыхэдгъэщынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым ГТО-м и программэр щагъэзэщIэн инфраструктурэ зэпэщ ирикъуу щыщыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, Налшык къалэм 1, муниципалитетхэм 18 иджыпсту щолажьэ.
КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться:

Читать также: