Адыгэ хьэлыуэмкIэ рекорд зыгъэувахэр

«Вкусы России» зэхыхьэшхуэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэм я зэфIэкIыр куэдым ягъэщIэгъуащ. Тэрч щIыналъэм хыхьэ Хьэмидей жылэм щагъэлъэпIащ а шхыныгъуэ гурыхьыр зыгъэхьэзыра бзылъхугъэхэр.
Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр зэрагъэлъапIэ Iуэхухэм хыхьэу иджыблагъэ екIуэкIа зэIущIэм мы бзылъхугъэхэм Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI дамыгъэ лъапIэхэр, ахъшэ саугъэтхэр, фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр щратащ, щэнхабзэ щIэинхэр, лъэпкъым къыдекIуэкI шхыныгъуэ IэфIыр зэрахъумэм, я щIыналъэм и щIыхьыр гъэлъэпIэным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ. 
Хьэмидей къуажэм щыщ цIыхубзхэм абы щыгъуэ килограмм 254-рэ зи хьэлъагъ, метри 2 зи инагъ хьэлыуэ нэхъ ин дыдэр зэрагъэхьэзырар куэдым гукъинэж ящыхъуащ. Хьэмидей къуажэм и цIыхубзхэм я советым и унафэщI Борий Ритэ жиIащ «Вкусы России» зэхыхьэм рекордыр зэрыщагъэувыфар зэгурыIуэу зэрызэдэлэжьам къызэрыпэкIуар. Абы зэрыжиIэмкIэ, хьэлыуэм хугу килограмми 150-рэ, тхъу гъэвэжауэ литр 24-рэ, фошыгъу килограмм 75-рэ хъу фошыгъупс халъхьащ. Хьэлыуэр тIо гъэжьэгъуэкIэ сыхьэтищкIэ ягъэжьащ. Хьэлыуэ щIыныр я лэжьыгъэу къуажэм цIыхубз зыбжанэ дэсщ. Ахэри я гъусэу цIыхубз 12-м ящIащ мы шхыныгъуэр. Дзэ Iуэху хэхам зи бын щыIэ анэхэри, курыт еджапIэм щIэс хъыджэбз цIыкIухэри зыдагъэIэпыкъуащ.
- Адыгэм хьэлыуэ щIащIыр гуфIэгъуэщ. Сабий дунейм къыщытехьэкIэ, унагъуэу щIалэр щытIысыжкIэ хьэгъуэлIыгъуэр щыдахым ирихьэлIэу ящI хабзэщ. Хъыджэбзым хуащIкъым ди дежкIэ. Адэ-анэр къыщалъхуа махуэми яхудощI, нэхъыбэрэ къызэрытщтэр гуфIэгъуэщ. ХьэдэIусхэми дощI, ауэ гузэвэгъуэм ирихьэлIэу хьэлыуэ тщIа нэужь, Iэнэ хъурейм къытыдохыжри, кумбыгъэ цIыкIум плIимэу илъу фIэкIа тхьыкъым зэи унагъуэм. ГуфIэгъуэмэ подносым илъу е Iэнэ хъурейм телъу пхьын хуейщ. Абы адыгэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ, - жеIэ Борий Ритэ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ зэIэпах пасэрей лъэпкъ IэщIагъэ дахэр зэрамыгъэкIуэдыжыр, абы и гъэхьэзырыкIэр утыкушхуэхэм къызэрырахьэр уасэншэщ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: