Бахъсэн районым и къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр 2027 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм.
ЗэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр здыщекIуэкIыну жылэхэм хиубыдэнущ Кременчуг-Константиновскэр, Къулъкъужын Ипщэр, Бахъсэненокыр. ПэхуэщIэхэр хуэгъэпсащ къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, тыншыпIэхэр къахузэгъэпэщыным, гъащIэм жыджэру хэгъэтыным.
Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щелэжьынущ ЩэнхабзэмкIэ унэм къедза щIыпIэм. Мыбдежым иджырей лъэс лъагъуэхэр щащIынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ екIуэкIыу щагъэувынущ. Абы иужькIэ, щIыпIэм теплъэ дахэ иратынущ, къуажэдэсхэм зыщагъэпсэхун, ахэр щызэхуэзэн, Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкIыфын хуэдэу.
Къулъкъужын Ипщэм лэжьыгъэхэр щызэхаублэнущ курыт еджапIэ №2-м къедза щIыпIэм. Мыбдежми еджакIуэ цIыкIухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэрагъэпэщу лъэс лъагъуэхэр зыхуей щыхуагъэзэнущ, тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ.
Бахъсэненок къуажэм и парк цIыкIуми зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ирагъэгъуэтынущ. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, цIыхухэм къыщакIухьын лъэс лъагъуэщIэхэр абы щыпхашынущ, жыгыщIэ цIыкIухэр щыхасэнущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, тетIысхьэпIэхэри щагъэувынущ, къуажэдэсхэм кIуапIэ ар яхуэхъун, зыщагъэпсэхун хуэдэу.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэм къуажэхэм я теплъэр нэхъ дахэ зэращIым къыдэкIуэу, цIыхухэм я псэукIэри ирагъэфIакIуэ, я зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ, тыншыпIэ ирагъэгъуэт, щыжаIащ район администрацэм.
ЩIыналъэ гъуэгур къагъэщIэрэщIэж
2027 гъэм Тэрч районым и Тэрч – Арыкъ – Куян щIыналъэ автомобиль гъуэгур, километр 14-м щIигъу зи кIыхьагъыр. къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Лэжьыгъэхэм къызэщIрагъэубыдэнущ абы и Iыхьищ.
Япэр, Тэрч къалэм къыщегъэжьауэ Псыншокъуэ къуажэм щыбгъэшым нэсыхущ. Абы километри 5-м щIигъу и кIыхьагъщ. Мыбдежым асфальтыщIэ гъуэгум щытралъхьэнущ, дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
ЕтIуанэр Арыкъ къуажэм и гъунапкъэр къызэщIэзыубыдэмрэ абы хуэкIуэмрэщ. Километри 5,3-рэ зи кIыхьагъ а гъуэгум асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу щытралъхьэнущ, къедза лъэс лъагъуэхэр зыхуей щыхуагъэзэнущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, псы ежэхыр зэрылъадэ бжьамийуэ 4-р щыIэ мардэм хуагъэкIуэнущ.
Апхуэдэуи къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьынымкIэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ километри 4,1-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур къагъэщIэрэщIэжынущ. Абдежми, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тIуащIэу щытралъхьэнущ, гъуэгу дамыгъэхэмрэ къэухьхэмрэ щагъэувынущ.
Лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ етIанэгъэ гъатхэм.
Иджыблагъэ Плановскэ къуажэм иIэ хъуащ къуажэдэсхэм зыщагъэпсэхун, къыщакIухьын иджырей щIыпIэ зэпэщ. Ар яухуащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи метр зэбгъузэнатIэу мини 4-м щIигъу мэхъу ар.
Лэжьыгъэхэм хыхьэу лъэс лъагъуэщIэхэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ, аллеехэр ящIащ, тетIысхьэпIэхэр кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр, къэухьхэр щагъэуващ, уэздыгъэхэр щыпадзащ.
Къуажэдэсхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэу яхуа щIыпIэ дахэм жылэм и Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр щебгъэкIуэкI хъунущ, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм.
Шэрэдж уэрамхэр
Иужьрей илъэситхум къриубыдэу Шэрэдж щIыналъэм и автомобиль гъуэгуу километр 60-м щIигъу къагъэщIэрэщIэжащ. Лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, къуажэхэм я транспорт зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным.
Псалъэм къыдэкIуэу, Къэщкъэтау Уянаевымрэ Будаевымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр, Залихановым и уэрамми щыщ Iыхьэ гуэр къызэщIрагъэубыдэу, къагъэщIэрэщIэжащ. Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ Бабугент къуажэм Башиевым и цIэр зезыхьэ, Балъкъэр Ипщэм – Холамскэ, Кадыровымрэ Черкесовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр, Мухол хьэблэр.
Километри 2,8-рэ зи кIыхьагъ Бабугент – Мехлесхоз автомобиль гъуэгури зыхуей хуагъэзащ.
Абыхэм нэмыщI, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ километр 17 зи кIыхьагъ Шэрэдж Ищхъэрэ – Жэмтхьэлэ – Сукан-Су щIыналъэ автомобиль гъуэгури. Апхуэдэуи зыхуей хуагъэзащ Безенги къуажэм и уэрамхэри, Къэщкъэтау – Аушыджэр автомобиль гъуэгум щыщу поликлиникэм хуэкIуэри.